Тхыдэ

Гуащэнэ - урыс пащтыхь гуащэ

Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къы­щы­дэ­кIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица рус­ская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэ­гъуэнкъым -  художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэмрэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.

Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

Адыгэпщхэр мэхасэ. Сурэтыр Гагарин Григорий ищIащ. 1840 гъэ

Адыгэ гупсысэкIэм «хасэ» псалъэр нэхъыбэу зрипхыр нарт лъэхъэнэрщ. А зэман жыжьэм щегъэжьауэ, лъэп­къым нэхъ лIы Iущу исхэр щызэ­хуашэсу, цIыхубэм яхуэщхьэпэну уна­фэ лъагэхэр къыщащтэ зэхуэс­хэм я гугъу щащIым деж, а псалъэр къагъэсэбэп.

Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

Адыгэ гупсысэкIэм «хасэ» псалъэр нэхъыбэу зрипхыр нарт лъэхъэнэрщ. А зэман жыжьэм щегъэжьауэ, лъэп­къым нэхъ лIы Iущу исхэр щызэ­хуашэсу, цIыхубэм яхуэщхьэпэну уна­фэ лъагэхэр къыщащтэ зэхуэс­хэм я гугъу щащIым деж, а псалъэр къагъэсэбэп.

Сышынэркъым жаIэми…

Зы лІыжь цІыкІу фызи быни имыІэжу, хуэмыщІауэ псэурт. ЩІыІи къыте­хъуауэ унэм щІэпІыщІыхь щыхъум, пхъэ къурагъ зытІущ къэслъэфынщ жиІэри мэзым ­кІуащ. ЛІыжьым, мы зы пхъэр хэслъхьэжми, схуэлъэфынщ жиІэурэ пхъэлъэфынхэр зы­рищІар зэкІэрищІэри, зы дэгъэзыкІыгъуэ тІэкІу деж къыщысым, мо дыгъафІэм уэсри  тІэкІу  текІыжауэ къыщІэкІынти, лІы­жьыр къеІэ пэтми, къыдэмыкІыф хъуащ. Лъэбакъуэ ­къичыхукІэ:
- Сыт мыгъуэ зыщІэзгъэлІэжыр, сыфызкъым, сыбынкъым, абы нэхърэ сылІащэрэт, - жиІэрти, пхъэм тетІысхьэурэ и щхьэ хуэшхыдэжырт.
Аргуэру къежьэрти, пхъэ тІэкІур къы­щы­хуэмылъэфкІэ:

Хэт нэхъ бзаджэ?

Нартхэ зы шыхъуэ, зы жэмыхъуэ, зы мэлыхъуэ яІэт. Мэлыхъуэм гъэлъэхъу пшэр иукІри, дзажэр бгыкъум фІидзэжащ, «Згъэгъунщ» жиІэри. Шыхъуэмрэ жэмы­хъуэмрэ ящибзыщІащ гъэлъэхъу зэриукІар.
Мэлыхъуэм ебзэджэкІын гугъэ ящІащ шыхъуэмрэ жэмыхъуэмрэ:
- Дзажэр фІэтшхынщ, - жаІащ.
- Дауэ зэрыфІэтшхынур?
- И унэ дихьэнщи, тхуигъэжьэнщ. Тхуимыгъажьэмэ, хуэзэр етщІэнщ.
ЗэрыжаІам хуэдэу, мэлыхъуэм и унэ ихьащ шыхъуэм-рэ жэмыхъуэмрэ. Бысымыр и унэ истэкъыми, бысым ­гуащэм иригъэблэгъащ. Іэнэ къахуищтащ, ауэ дзажэр яхуигъэжьакъым.

ЖыгыуIур къызыхэкIар

Зы къуажэ гуэрым зэлІ­зэфызу зы лІыжь цІыкІурэ зы фызыжь цІыкІурэ ­щып­­сэурт. ЯІэ мы дуней щІыІум темыт жыхуаІэм хуэдэу, тхьэ­мыщкІэ дыдэу псэухэрт.
Зы махуэ уэрым «Пхъэ тІэкІу  къэсшэнщ,  фызыжь» жеІэри, лІыжь цІыкІур мэз макІуэ. Мэзым пхъэ пиупщІу щІэтурэ, зы нэхъ жыг ­дахэ гуэрым бгъэдыхьэри, еуэну зыщытришащІэм:
- Тхьэм и нэфІыр зыщы­хуэн лІыжь цІыкІу, сэ сыпу­мы­упщІми, пыбупщІын бгъуэ­тынщ, сыкъэгъанэ: хэт ­ищІэ­рэ, зыгуэркІэ щхьэпэ сып­хуэхъужынкІи хъунщ! - же­Іэри жыгыр къолъэІу.

Лъапсэрых

Кавказ зауэр илъэсищэкIэ зэрекIуэкIам псори дыщыгъуазэщ - Къэбэрдейм щызэхаублэри, убых щIыналъэм 1864 гъэм щаухащ ар. Зауэм Кавказ щIыналъэм и нэхъыбапIэм зыщиубгъуауэ щытащ, ауэ ар лъапсэрых зыхуэхъуар адыгэхэрщ: зауэм хэкIуэдам нэмыщI, я хэкур ирагъэбгынащ адыгэхэм я процент бгъущIым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар зэрыгеноцидым - апхуэдэ лей ирахащ адыгэхэм: я хэкур нэщI хъуху, лъапсэрых зауэр ящхьэщыкIакъым. Аращ геноцидкIэ зэджэр - лъэпкъыр зэтебукIэрэ и хэкум ипхумэ.

Адыгэхэр (XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм)

Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ абыхэм я бжыгъэр XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм зэрыхъуу щытар. Адыгэхэм я бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэращ. 

«Сэ хьэдэкIэ сату сщIыркъым»

Контр-адмирал Артюхов и кхъухьхэр 1838 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м Сочэ псым есылIащ, абдеж убыххэр къащыпэплъэрти, зауэр яублащ. Дзэр къащытегуплIэм, убыххэр икIуэтащ, сэлэтхэм лъагапIэ зыбжанэ яубыдащ; убыххэм шэр къытракIутащ, къебгъэрыкIуащ, арщхьэкIэ хы Iуфэм Iут къуажэр, Сочэ, сэлэтхэм фIаубыдащ.
Къуажэм пэмыжыжьэ лъагапIэхэм етIуанэ махуэм убыххэр къытеувауэ ялъэгъуащ - хэт шууэ, хэт лъэсу. КъызэрыщIэкIамкIэ, убых зауэлIхэм я ныкъуэрат абдеж дзэм къащыпэувар, я ныкъуэр Мамай деж щыпэплъэрт урыс кхъухьхэм - абдежи дзэр къащытеуэн я гугъати.

Пащтыхь гуащэм и тыгъэ

ГОЛОВИН пщыхэм яIихащ лъэIу тхылъхэр, къепсэлъылIащ, къажриIащ урысхэми бгырысхэми щыуагъэ куэд зэраIэщIэкIар, ахэр гъэзэкIуэжын зэрыхуейр. Тифлис махуищкIэ дэсри, лIыкIуэхэр къежьэжащ, генералыр къазэрыхуэупса тыгъэхэри къыздахьащ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ