Тхыдэ

Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ

ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт - бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэ- кIэт.

Инджылызхэм зэрахуэр сыт?

Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэсащ, зауэ гуащIэм хэт бгырысхэм я хъыбар дуней псом щигъэIуащ - абы и гукъэкIыжхэр тхылъ щхьэхуэм щызэхуэхьэсауэ инджылызыбзэкIи урысыбзэкIи зыбжанэрэ къыдэкIащ. Щыгъуазэ фыдощI Лонгворт и гукъэкIыжхэм щыщ пычыгъуэхэм.

1779 гъэм Къэбэрдейм щекIуэкIа мазибл зауэр

IуэрыIуатэм «Мазибл зауэ» цIэмкIэ къыхэна лъэпкъ нэщхъея­гъуэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м (махуэгъэпсыжьымкIэ - фокIадэм и 29-м) илъэс 240-рэ ирикъуащ.

Дэгу Чэрим

Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуа, щып­сэу Дэгу Чэрим ТIымышэ и ­къуэм Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университе­тым физикэмрэ математикэмкIэ и къу­дамэр къиухащ. Илъэс 20-м нэблагъэкIэ егъэджа­кIуэу лэжьащ, иужькIи  илъэс  16-кIэ Зеикъуэ щыIэ интернат-школым и унафэщIу щытащ. Мы зэманым ХьэтIо­хъущыкъуей дэт кIэдет школым и офицер-гъэсакIуэщ. Зы­хуеджар физикэ пэтми, Чэрим усыгъэр и хамэкъым. Куэд ­щIауэ абы  дехьэх, ауэ и IэдакъэщэкIхэр зэи утыку кърихьакъым. Нобэ  тыдодзэ   Дэгу Чэрим и усэ зыбжанэ.

 

ХузэфIэкI псори къытхуэзыщIэу хуэфащэ пщIэ зымыгъуэтыжа адыгэ узэщIакIуэ

Зэхуэдэ IыхьитIу Налшык зэгуигъэзу зы уэрам щыIэщ. Абы и зы кIапэр Къэбэрдей уэрамым йоуалIэ, адрейр университетым и деж щеух, ут цIыкIу къигъэщIу. Ар езыри кIыхькъым и лъэныкъуитIымкIи нэхъыбэу узыIуплъэр зауэ нэужь лъэхъэнэхэм яухуа, къатитI-щыуэ зэтет унэхэрщ. Апхуэдэу щытми, ар къалэм и уэрам нэхъ дахэхэм ящыщ зыуэ ябж, цIэ зэрихьэми хуэфащэу псоми къалъытэ.

КIэрэф Залымджэрий

Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр 1907 гъэм «Вокруг света» журналым «Клод» унэцIэ нэпцIыр щIэту къытехуауэ щытащ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур Iуэтэжым зи гугъу ищI урыс-япон зауэм Кавказым щыщхэр зэрыхэта щIыкIэм цIыхухэр иджыри хуиту зэрытемыпсэлъыхьырт. Хъыбарым зи цIэ къыхэщ КIэрэф ­Залымджэрий къозыгъэцIыху тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ «Адыгэ псалъэм».

Къанокъуэ Мэхъэшокъуэрэ Сулеймэн Телъыджэмрэ

1950 щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм ­кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьы­гъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дип­ломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр но­бэми пхэнжу къэзыгъэлъа­гъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.

«Кавказыджхэм я лэжьыгъэхэр»

Газетеджэхэр щыгъуа­зэ тщIыну ди гуапэщ ­Истамбыл къыщыдэкI «Кавказыджхэм я лэ­жьы­гъэхэр» журналым и зи чэзу номерыр дунейм къы­зэ­рытехьам. БзищкIэ (тыркубзэ, уры­сыбзэ, инджылызыбзэ) зэхэгъэува тхылъхэм адыгэ тхы­дэм тетхыхь щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэщIэхэр ихуащ.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд Япэ адыгэ тхакIуэ Къаз-Джэрий СулътIан

Урыс тхакIуэхэм къазэрыщыхъуар жаригъэIэну Къаз-Джэрий ита дэфтэр цIыкIур зыхуэдэр дэ тщIэркъым. Хуэдгъэфащэ къудейщ абы и «Къэжэр таурыхъыр» е дэ дызыщымыгъуазэ рассказыщIэ гуэр адыгэ щIалэм итауэ.

Къаз-Джэрий СулътIан

Япэ адыгэ тхакIуэ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 17, 19-хэм итщ).

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ