|
Тхыдэ
7 апреля, 2021 - 05:35
1950 щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьыгъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дипломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр нобэми пхэнжу къэзыгъэлъагъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.
7 апреля, 2021 - 05:15
Газетеджэхэр щыгъуазэ тщIыну ди гуапэщ Истамбыл къыщыдэкI «Кавказыджхэм я лэжьыгъэхэр» журналым и зи чэзу номерыр дунейм къызэрытехьам. БзищкIэ (тыркубзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ) зэхэгъэува тхылъхэм адыгэ тхыдэм тетхыхь щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэщIэхэр ихуащ.
31 марта, 2021 - 05:15
Урыс тхакIуэхэм къазэрыщыхъуар жаригъэIэну Къаз-Джэрий ита дэфтэр цIыкIур зыхуэдэр дэ тщIэркъым. Хуэдгъэфащэ къудейщ абы и «Къэжэр таурыхъыр» е дэ дызыщымыгъуазэ рассказыщIэ гуэр адыгэ щIалэм итауэ.
26 марта, 2021 - 05:15
Япэ адыгэ тхакIуэ
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 17, 19-хэм итщ).
24 марта, 2021 - 05:05
XIX лIэщIыгъуэм и кIэм - XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Урысей империем ис лъэпкъхэм я тхыдэр гъуэгущIэкIэ зыунэтIа щхьэусыгъуэ зыбжанэ къыкъуэкIат. Абыхэм язщ къэралыгъуэм и щэнхабзэм хэпщIа хъуа кавказ лъэпкъхэм я утыку «бгырыс интеллигент» зыфIаща нэрыбгэщIэ къызэрихьар.
19 марта, 2021 - 05:35
Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал Кузнецов Георгий и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щыгъуазэ хъуа дэтхэнэми игъэщIэгъуапэу жиIэнщ: «Мы цIыхум имыгъэунэхуауэ сыт щыIэ?
17 марта, 2021 - 05:11
ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ.1787 - 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хузэфIэкI хилъхьащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым. Ар ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (иджы Зеикъуэ) 1760 гъэм къыщалъхуащ.
17 марта, 2021 - 05:08
Саин-Булат (чристэн диныр къыщищтэм Симеон зыфIащар) Идар Темрыкъуэ и пхъурылъхущ, урыс пащтыхь гуащэ Черкасскэ Марие и шыпхъу нэхъыжьым и къуэщ, Астрэхъан пащтыхьыгъуэр зылъысын хуея, иужькIэ Къасым хъаныгъуэм и тет хъуа Бекбулат и къуэщ.
12 марта, 2021 - 05:15
Урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ ину зыщаужьа, лъэпкъ щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм лъэщу зыкъыщиIэт лъэхъэнэм ирохьэлIэ Кавказыр къэгъазэ имыIэжу Урысейм щыгухьар.
10 марта, 2021 - 09:40
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэм и дурэшплIэрэшхэми дэплъэным, дунейм и екIуэкIыкIэмрэ цIыхухэм я зэхэтыкIэмрэ и нэкIэ зригъэлъагъуным. Арат 1862 гъэм Кърым-Джэрий зекIуэ щIежьар.
Страницы
|