|
Тхыдэ
23 октября, 2020 - 05:15
Мейкъуапэ щыIэ «Полиграф-Юг» ООО-м тхылъ гъэщIэгъуэн къыщыдэкIащ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и лэжьыгъэу. «Мария: черкешенка, царица русская» тхылъыр тхыдэ повестщ. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым - художественнэ тхыгъэ куэд щыIэщ мы зи гугъу тщIы лъэхъэнэм-рэ абы зи цIэр къыхэнахэмрэ ятеухуауэ.
2 октября, 2020 - 05:18
Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхьым къриубыдэу еныкъуэкъуа, уеблэмэ, XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху, Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гупышхуэ.
9 сентября, 2020 - 05:15
Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джатауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 - 1923 гъгъ.).
28 августа, 2020 - 05:10
Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джатауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 - 1923 гъгъ.).
14 августа, 2020 - 05:10
Арутюнов Сергей Урысейм пщIэ хэIэтыкIа зыщыхуащI тхыдэджу, этнографу зэрыщытым къыдэкIуэу, Налшык щIэх-щIэхыу къеблагъэ академикхэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэ щIэныгъэлI зекIуэхэм я зым и фIыгъэкIэ дэ Iэмал диIащ а зэманым телевиденэм щылэжьа, нобэ Къармэхьэблэ дэт курыт еджапIэм и унафэщI Щоджэн Мурат абы дригъэкIуэкIа интервьюм дедэIуэну. ЩIэупщIэр зэрыкуэдым и хьэтыркIэ, а нэтыныр адыгэбзэм къидгъэзэгъауэ ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ къыдолъхьэ.
31 июля, 2020 - 05:10
Лъэпкъ философиемрэ дуней лъагъукІэмрэ я щІэщыгъуапІэм теІунщІэу тхыгъэ купщІафІэхэр адыгэ литературэм къыхуэзыгъэна тхакІуэхэм ящыщщ бжьэдыгъу щІалэ Къуиикъуэ Налбий.
17 июля, 2020 - 05:08
* * *
Си лъэпкъым и гуауэр Iэпкъынэм къыхохьэ,
Гъуэгу щIыIэм зеубгъури, си пащхьэм щодий.
Сэ гъыбзэкIэ лъапцIэу уэгу гущIэм сынохьэ,
Уэгу щIыфэр ячатхъэу, псэ минхэр мэкIий.
Толъкъун IэлъэщI фIыцIэу тенджызым щыхъейхэм
Кхъухьыжь хьэдэ лъэгу гущэхэм зыкIэлъаубгъу.
Тенджызым хэплъэхукIэ уэгу щIыIэм игъейхэр
ИгъащIэкIэ лъэпкъым гуузу дэщIыгъущ.
Тенджызыр мэбампIэ, мэгыз, мэуфIыцIыр,
Мэгубжьри зэм йолъыр, толъкъун зэпещIыкI.
Лъэпкъ гуауэр щIэмыхуэу си нитI суфIыцIми,
3 июля, 2020 - 05:10
Кавказым и бын куэд дунейм цIэрыIуэ щыхъуащ я лIыгъэрэ я акъылкIэ. Батэр зыгъэшахэм яхэтащ лIакъуэлIэши, къызэрыгуэкI бгырыси, офицери, генерали, маршали, визири, сулътIани, пэщэ хъуахэри.
Нобэ зи гугъу сщIынур генералиссимусхэрщ. Ахэр щы мэхъу - адыгэ, авар, шэшэн.
Алыджыкъуэр генералиссимус зэрыхъурэ илъэс 325-рэ ирокъу
24 июня, 2020 - 05:05
«Мы хъыбарыжьыр 1889 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м Къармэхьэблэ щыщ Къэшэж Псэбыдэ къысхуиIуэтэжурэ стхащ, езым ар и щIалэгъуэм Къармэ Шу къыжриIэжауэ щытащ», - етхыж фи пащхьэ къитхьэ тхыгъэм теухуауэ Кавказым куэдрэ щылэжьа урыс IуэрыIуатэдж Лопатинский Лев. Ди жагъуэ зэрыхъущи, таурыхъым и адыгэбзэ оригиналым и лъэужь зэкIэ дытехьакъым. Псысэр гъэщIэгъуэн тщызыщIар ар «къэбэрдей хъыбарыжьу» («кабардинское сказание») зэрыщытым и закъуэкъым.
Страницы
|