Абазэхэхэм я анэ Іуэтэж

Лъэпкъ философиемрэ дуней лъагъукІэмрэ я щІэщыгъуапІэм теІунщІэу тхыгъэ купщІафІэхэр адыгэ литературэм къыхуэзыгъэна тхакІуэхэм ящыщщ бжьэ­дыгъу щІалэ Къуиикъуэ Налбий. Абы и Іэдакъэ къыщІэкІащ усэ, повесть, роман  куэд, и зэфІэкІыр щигъэлъэгъуащ драматургием, курыт еджапІэхэм Адыгэ хабзэр зэрыщаджын тхылъи зэхилъхьащ. Налбий ­зэдзэкІакІуэ хъарзынэуи щытащ. Абы адыгэбзэкІэ къигъэп­сэлъащ Шекспир Уильям, Гольдони Карло, Мольер, Гоголь Николай, Чехов Антон сымэ, н.къ. И ­гъащІэм и иужьрей илъэсхэм Къуиикъуэм адыгэ тхыдэм щІэх-щІэхыурэ зыхуригъэзэкІ, нэхъ зыгъэпІейтей, лъэпкъым и щхьэ кърикІуа Іуэхугъуэхэр къызы­хэкІам и щхьэусыгъуэхэм я лъыхъуакІуэ хъуат.
Налбий и цІэр ­нэхъ жыжьэ зыгъэІуар тхыдэр тегъэщІапІэ зы­хуищІа тхыгъэ­хэращ. Абыхэм ящыщщ «Псым ихь Іуащхьэ», «Къущхьэ ябгэ», «Бэчкъан и шыр», «Закъуэныгъэм и мэз» повестхэр, «Щы­мы­Іэж­хэм я санэбжьэ» романыр, «Лъэпщ», «ХьэщІэ», «Хьэна­хъуэ», «Аба­зэхэхэм я анэ» Іуэ­тэжхэр.
Лъэпкъым и гущІэм нэплъысу абы и щэхухэм я тІасхъэр ­къы­­­зэрилъэгъуам и мызакъуэу, а псор псалъэ къыхэщыпыкІа ­за­щІэкІэ зэрызэІуищам гущІа­гъ­щІэлъыбзэкІэ ягъафІэу къа­хуэ­мы­Іуатэ куэд сэтей къригъэщІыфащ, пэжымкІэ гъуазэ, гъащІэмкІэ дерс хъууэ. Тхыдэм и дурэшым къыкъуихыж теплъэгъуэхэр Къуиикъуэм къызэригъэпсэу бзэр къызэрымыкІуэу шэрыуэщ, псэм зыхещІэ.
Абы и щапхъэщ «Абазэхэхэм я анэ» Іуэтэжыр, лъэпкъ литературэм и фІыпІэм халъытэ тхыгъэр.

КЪУИИКЪУЭ  Налбий
Іуэтэж

Куэд щIащ абы лъандэрэ.
Iэщэ зыIыгъыфын хъулъхугъэу къуажэм дэсым зэуэ зызэ­щIа­Iэтэри, нэхущым дэкIат. ЕтIуанэ ма­хуэм абыхэм ящыщу зым къигъэзэжащ, ауэ, адрейхэм сыт я хъыбар жиIэу, зыри щIэупщIакъым. Зауэр иухатэкъыми, жылэм хьэдагъэ макъми зыщиIэтакъым.
Зы лIыжьрэ и пащIэ-жьакIэ зэщIыхьа къудейуэ зы щIалэщIэрэ гъусэ ищIри, зэуапIэм къи­кIы­жар къуажэм дыхьащ. Унэ­ры­кIуэу жылэр къызэхакIухьурэ, жьыуи щIэуи дэсыр къызэщIагъэуIуащ. Арыххэу, Iэщэ зиIэм и Iэщэр къы­зэфIилъхьащ, шы зиIэм шу зы­къищIащ, шыи Iэщи зимыIэм гуа­хъуэ е бжэгъу къищтэри, лъэсу ­къадежьащ.
Амдэхъан и щхьэгъусэри и щIалихри япэу дэкIахэм яхэтат. Илъэс пщыкIухым ихьа и къуэ кIасэрат унэм къыдинар:
- Уи чэзу къэсащ, си щIалэ, - жриIащ абы Амдэхъан, гупыр я куэбжэпэ къыщыIухьэм. И щхьэфэ Iэ дилъэну хуежьа щхьэкIэ, зэуэ игъэпщкIужри: - Уэ лIы ­ухъуащ, зэуапIэм къыщыщо­жьэкIэ... Шэщри нэщIщ, блынми къыпысхыу уэстын фIэлъыжкъым...
И анэм зыри пидзыжакъым быным я нэхъыщIэм. Бжыхьыр ­игъэсысщ, бжэгъум я нэхъ иныр къыхилъэфри, зэуапIэм кIуэну ежьахэм яхэуващ.
Иджыри зы жэщ-зы махуэкIэ зэщIэдэIукIыу жылэр и зауэлIхэм пэплъащ. Ещанэ махуэрщ, пшапэ зэхэуэгъуэущ, псэууэ къэнахэм къыщагъэзэжар. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм зэрыжылэу япе­жэ­жьащ. Кхъаблэм щIэт хъулъхугъэ­хэми я занщIэ я гъуэгуу кхъэмкIэ яунэтIащ.
Амдэхъан унэм щIэст, гурыщ­хъуэ щIыIэм и гур иригъуу: ­«ЛIы­жь­ми зыри къиIуэхуакъым, нэхъы­щIэри гуфIэу си деж къы­дэ­лъэдэжакъым. Си унагъуэбжэр хуэс­щIыжагъэнщ, зыхуэзгъэ­хьэ­зы­рынщ нэхъкIэ…». Апхуэдэу и щхьэ хужиІэжащ.
Куэд мыщIэу Амдэхъан и бжэ­Iупэм нэрыбгищ къыIухьащ.
- Амдэхъан, - жиIэу къыIухьам ­я нэхъыжьым и напIэр щыфIехуэ­хыжым, анэм и дуней псор абы зэуэ щIэкIуэдащ. - Зи пщIантIэ хъулъ­хугъэ дэмыкIа унагъуэ мы жылэм дэскъым, Амдэхъан, ауэ къэзыгъэзэжар мащIэщ… МащIэ дыдэщ… - зэпоу абы и псалъэр.
Амдэхъан и закъуэ нэрыбгий ­дигъэкIат - и щхьэгъусэмрэ и щIалиблымрэ. Ауэ зыри жиIакъым. «Хэт дэмыкIами, и жылэ щхьэкIэщ щIыдэкIар. И хэкум щхьэкIэщ. Къэ­­зылъхуахэм щхьэкIэщ. Къилъ­хуахэм щхьэкIэщ». Апхуэдэу егупсысат Амдэхъан.
- Хъыбар гуауэщ къыпхуэтхьар, Амдэхъан, - и псалъэ зэпыуам ­къехьэлъэкIыпэурэ пещэж нэхъы­жьым. - Зауэм хэкIуэдар ятIэщIыж хабзэкъым… Е зэуапIэм IэмалыншагъэкIэ щыщIалъхьэ, е и къуажэкхъэм занщIэу ирахьэ­лIэ­ж…
- СыщхьэлъащIэми, я хьэдащ­хьэм сыIувгъэплъэж. А зыр къыс­хуэ­фщIэ! - елъэIуащ щыхьэкIуэхэм Амдэхъан.
Хъулъхугъищым я ужь иувэри, Амдэхъан  кхъэм кIуащ.   Зи Iэ­лъэщI кIапэм щхьэц фIыцIэ Iувыр къы­щIэщ, зи ныбжьыр илъэс тIощIищым ит бзылъхугъэ псыгъуэ ишауэ пщIантIэм дэкIам и щхьэ­цыр уэсым хуэдэу хужьу къетхъу­хауэ кхъэм нэсащ.
Я щIакIуэхэр ятеубгъуэжауэ ­зауэлI хьэдэхэр сатыр кIыхьу кхъэ куэбжэпэм деж къыщылът. Я нэкIухэр къыщIэщыртэкъым, ауэ Амдэхъан а зэрыкIуэм хуэдэу и щхьэгъусэмрэ къилъхуахэмрэ я хьэдэхэм занщIабзэу екIуэлIащ. Я пащхьэ иувэри, зыри жимыIэу ­зы тэлайкIэ щытащ.
Хъулъхугъэ защIэт кхъэм итыр, яхэплъэри:
- ЕмыкIу къысхуэвмыщI, абазэ­хэхэм, ди мыхабзэу нобэ сызэрызекIуэр, - жиIащ Амдэхъан. - Iизын къызэфти, я нэгу зэ сивгъэплъэж.
Зыми зыри жиIакъым.
Амдэхъан лIыжьым бгъэдыхьэщ, щIакIуэр и нэгум къытри­IэтыкIри, щыпсэум щыгъуэ зэрепсалъэу щытам хуэдэу  фIэкIа умы­щIэну, еуп­щIащ:
- Иджы хэт къызжиIэн, лIыжь, уи кIуэдыкIэ хъуар?
И щхьэ хужиIэж щIыкIэу, щэху дыдэу еупщIа щхьэкIэ, псоми зэ­хахащ.
Жэуапи къратащ:
- Биидзэм и курыкупсэм иту ­зэуащ, Амдэхъан. И нэ зытеплъа IэщIэкIакъым. Дэри абы и ужь ­диту дызэуащ. Хьэдэгъуэшэр ­къы­щы­техуэми, зэуапIэм зыкърыригъэхакъым. Иужьрей бийм и  псэр  ягъэгъуауэ къыщилъа­гъум, итIанэщ и напIэ щызэтрилъ­хьар.
- Уи къуиблри къызэраукIар плъэгъуаи, лIыжь, абы щыгъуэм…
ЛIыжьым щIакIуэр триуб­гъуэж­ри, абы и сэмэгукIэ къыщылъ и ­къуэ нэхъыжьым и нэкIур къыщIигъэщащ.
- Уэ щхьэгъусэрэ сабиищрэ къэбгъэнащ, си щIалэ, - жиIащ Ам­дэхъан, - сыт яжесIэжмэ, арэзы ухъун?
И къуэ нэхъыжьым и ныбжьэгъу гуэрым и макъ зауэлIхэм я ­са­тырым къахэIукIащ:
- И адэ и сэмэгурабгъур иIыгъыу зэуащ, ди анэ, хэт ейм нэхъри и джатэ нэхъ лъэгащ, хэт ейм ­нэ­хъри и Iэ нэхъ кIыхьащ. И адэм хьэдэгъуэшэр къыщытехуэм, абы и пIэ иувэри, и лъи ищIэжащ. И къуэ­шихым япэ иту зауэурэ епсыхыжащ.
- ЩIепсыхыжар жылэм щхьэ­кIэщ, хэкум щхьэкIэщ. - И макъыр а зытетым тету къыпищащ Ам­дэхъан, и къуэ нэхъыжьым и нэгу диижам иужьрейуэ Iэ дилъэжурэ.
Къуэ нэхъыжьым кIэлъыкIуэм и нэгу къыщытрихым, и пщэ къы­щIэщар зэрызэпыупщIар къи­лъэгъуащ. ИкIи къэскIакъым, и ма­къи къэкIэзызакъым анэм.
- Уи етIуанэ быным дыпэплъэти… Къуэ къыпхуэхъуну Тхьэм сып­хуелъэIунщ, си щIалэ…
- Хэт къыхуэмыхъуми, и адэ и цIэ IейкIэ къыжраIэу игъащIэкIэ зэ­хихынкъым, - къыщыIуащ Ам­дэхъан и щIыбкIэ. - И шынэхъы­жьыр щыукIурийм, хьэдэр и адэ и сэмэгурабгъумкIэ игъэтIылъри, и къуэшхэм япэ иту зэуащ ар.
Амдэхъан ещанэми, еплIанэми, етхуанэми ящхьэщыхьэурэ яIуплъэжащ. Ажалым и нэгу имып­лъам хуэдэт щыри: хьэзаб ямы­шэчауэ, гузэвэгъуэр, гугъапIэншагъэ-Iэмалыншагъэр ягу къимып­лъауэ, емышауэ, пщIыхьэпIэ Iейми имыгъэдзыхэу гухуит-щхьэ­хуиту жейуэ къыпщыхъухэрт.
- ШыкIэ убзаджэт, - зыхуигъэзащ зым.
- Абы хуэдэт, ди анэ, уанэгу пцIащ­хъуэщ зыхужаIар, - ныбжьыщIэ макъ къызэхихащ Амдэхъан. -­ Бгъащ­хъуэм хуэдэу яте­хуар­зэрэ, бгъэжьым хуэдэу яте­кIиеу зэуащ.
- Уэрэд жыпIэныр зыхэплъхьэ щы­Iэтэкъыми… - жреIэ адрейм.
- Уанэгум исыху, абы и макъ ­жьгъырур абазэхэ лIыхъужьхэм я щхьэщыгу икIакъым, ди анэ…
- Уэ пхъащIэ Iэзэ ухъуну уи адэр къыпщыгугъырт… - зыхуегъазэ Ам­дэхъан абы къыбгъурылъым.
- Зи джатэр Iэзэу зыгъабзэхэм абы ейр къахэлындыкIырт, ди анэ. Нэхъыжьыр укIуриймэ, къы­кIэ­лъыкIуэр абы и пIэ иувэурэ абазэхэ зауэлI нэхъ хъыжьэхэм яхэту ­зэуащ.
ЩIалэ еханэм щыхуэкIуэм, ­зауэлIхэм я нэхъыжьыр къыбгъэ­дыхьэри, и Iэ и дамэ къытрилъ­хьащ:
- Амдэхъан….
Амдэхъан щIакIуэр къытриIэ­тыкIри, и къуэм и нэгум ипхъуа хъыдан плъыжьыбзэу лъым къри­Iам Iуплъащ.
- Амдэхъан, - жиIащ зауэлIым, - зауэм кIуэну щебгъажьэм щыгъуэ уи нэгу къызэрыщIэнам хуэдэу уигуми къренэж. Биибэ иригъэпсыхащ уи щIалэм, езыхэри хуабжьу къыхузэпещащ. ЩапэщIэхуэми, къыщысхьыжакъым, я губжь траунэщIащ.
- УщыгуфIэм деж, си щIалэ, дыгъэм хуэдэти уи нэгур. Ущынэщ­хъейми, мазэгъуэм нэхърэ нэхъ Iейтэкъым. - И макъ аркъудей къэкIэзызакъым, и зы нэпс къудами къекIуауэ зыри тригъэплъакъым Амдэхъан.
А зэрызиIыгъым хуэдэу и ­къуэ нэхъыщIэм  и  деж  нэсащ.  Щы­гъуэ нэгу защIэу, я щхьэ къахуэмыIэту абазэхэ зауэлIхэр Ам­дэхъан и щIыб къыдэтт…
- Си лъэпагъ уикIри жылэм и ­лIыхъужьхэм уадыдэкIати, си ­щIалэ  цIыкIу.  ЛIыпIэ уиувэну ­игъуэ уихуакъым, арщхьэкIэ уи лIыгъи къып­пикIухьакъым. Iэщэншэу удэз­гъэкIри, узэщIэузэдауэ укъэ­кIуэжаи… - Зыми зэхимыхыу итIанэ къыпигъэувэжащ: - Зы тIэкIурэ иджыри уи щхьэ си куэщI изгъэ­лъыжыну сыхуитатэмэ, си нэху-нэ…
И щIыб къыдэтхэм къыжраIа къыщыхъуа, хьэмэрэ, гухуэплъэ-гурышэ жыжьэкIэ анэм къилъэ­гъуа?! И нэгу къыщIоувэ илъэс пщыкIухым ит и щIалэр темыпы­Iэжу, «си анэм щхьэкIэ, си адэм щхьэкIэ, си къуэшхэм щхьэкIэ» жиIэурэ, бийм я курыкупсэм иту джатэр ириупщIэу пхъашэу зауэу. Шэми ихьыркъым, сэшхуэри и дамэ щызэпоуд, джатэр и та­жыщхьэм къеудзэгу. Гыз макъым зыгуэр къыхэгуоукIащ: «Къэву­хъуреихь! Ди лIыхъужьхэм я нэхъ хахуэхэр зэкIуэдылIэм и псэр хэдывгъэх!» Зэрыбиидзэу мо щIалэщIэм къеувэкIам хуэдэт. Куэд дыди дэмыкIыу лIыхъужьыр бжым фIэлъу бийм я щхьэщыгу къы­щалъэгъуащ. КъыхэгурымыкIакъым, уз шэчыгъуейм и гур зы­IэщIиубыдами, и нэгукIэ къызыхигъэщакъым.
- Сыкъэплъагъурэ, ди адэ? - псоми зэхахыу и макъ жьгъырур ­къэIуащ. - Сыту дахэ ди щIыгур! Мыпхуэдэу лъагэу абы зэи сыIуплъатэкъыми...
КъэгуфIащ бийхэр, я макъ къызэ­рыгъуэтыжахэмкIэ къызэ­щIэ­гуоуахэщ, бжьэ къэпщIауэ зэ­щIэвууащ, арщхьэкIэ, дзэ сатыру иувыкIыжыну хунэсахэкъым. ЩIалэщIэм зэхигъэлъэдэжати, зэхэ­кIы­жыгъуэ имыхуэу абазэхэ ­зауэлIхэм къаувыхьащ. Зы цIыху закъуи яIэщIэкIыжакъым.
Абдеж зы зауэлI къэпсалъэри, анэм къыжриIащ:
- Уи гуIэр жылэм зыхащIэ, емы­кIум зыдумыгъэшу уи гур утIыпщи, уи нэпсыр хуит къэщI.
- Къэмыхъу гуэр къысщыщIакъым, къызыщыщIахэм ящыщ зы сыхъуауэ аркъудейщ, - жиIащ Амдэхъан зауэлIхэм къахэп­лъэри…
Амдэхъан хьэдэхэм къащыбгъэ­дэкIыжам, къуршытх кIыхьхэм я щIыбкIэ дыгъэр щетIысэхыжырт… Езыри, абазэхэ зауэлIхэм щыму нэкIэ ягъэкIуатэу, дыгъэр ­зде­тIысэхыж лъэныкъуэмкIэ ежьэжащ…
Жэщыр хэкIуэтауэ къуажэм и зы хьэщIэщ гуэрым уэрэд макъ къы­щIэIукIащ:

Абазэхэхэм я анэри дыгъэм ныдокIуатэкъэ,
ИгъэкIуэтэжахэр напIэ зэтемыхыурэ кIэлъоплъ,
Къытхэмыплъэж лIыхъужьхэм мы уэрэдыр яхуэвгъэIуркъэ,
Хэт и цIэ къивмыIуэми, абазэхэ анэм ар къилъхуащ…

Амдэхъан а уэрэдыр зэхихыжакъым…


Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.

Къэбэрдей адыгэбзэм къизыгъэзэгъар Табыщ Муратщ.
Поделиться: