Дунейр чэзущ

Зэгуэр «ди къуэшу» щыта Польшэр ящыщщ Украинэм егъэщIылIауэ Урысейм и бийуэ нэхъ ткIийуэ къэувахэм. ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэтрихьа, ауэ языныкъуэхэм деж щIауфэн хуей хъуа гужьгъэжьхэр къызэщIэрыуэжащ, щхьэусыгъуэ зэрагъуэту. Дауи, СССР-м, абы и унафэщI Сталин Иосиф зыми имыIысыжу къэна я къэралыр зэфIагъэувэжын папщIэ хуащIа псори ящыгъуэпщэжащ, иджы зэфIэува щытыкIэм Iэмал зэриIэкIэ фейдэ нэхъыбэ къызэрыхахынум хущIокъу. Къапщтэмэ, КъухьэпIэ Украинэр, Гамлициеу щытар, зыIэригъэхьэну и напщIэ телъщ. Аращ Урысейр нэхъ къарууншэ щIыным хуэгъэза сыт хуэдэ Iуэхухэри (езыхэм къызэралъытэмкIэ) щIыдаIыгъыр. Дэ зи гугъу тщIыр, дауи, а къэралым и унафэщIхэрщ.

АтIэ сыт? Ехуэхыным и пIэкIэ Урысейм и экономикэм зеужь, зеузэщI, ди къэралым къыхуагъэува санкцэ бжыгъэншэхэр зи щхьэхэм техуар езыхэрщ, щхьэтечу жыпIэмэ, Польшэм и цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. Щапхъэхэм папщIэ жыжьэ кIуэн хуейкъым.

 Егъэлеяуэ яхуэщхьэпэу щыта къэралым пэIэщIэ хъуа иужь, Польшэм и IуэхущIапIэ куэдым я лэжьыгъэр ужьыхащ, языныкъуэхэр увыIэпащ. Иджы пуду яIэрыхьэжыркъым гъэсыныпхъэхэр. Я Iэужьхэми зыпагъэплъакъым - къэралым занщIэу уасэхэр щыдэкIуеящ. Калининград областым щыпсэухэр зэгуэр Польшэм щыщ я гъунэгъу щIыпIэхэм уэру щыщахуэу щытащ: зыхуей псори щагъуэтырт уасэ езэгъырабгъукIэ. Иджы щащIэн щыIэжкъым. Iуэхур зэлъытари шегрен визэр якъутэжа иужь къэралитIым я цIыхуэр зэкIэлъыкIуэныр гугъу зэрыхъуам и закъуэкъым: абы псори куэдкIэ щынэхъ лъапIэщ. Къулейм и дежкIэ ар шынагъуэкъым, арщхьэкIэ зи гуащIэм ирипсэу цIыхум къодзакъэ. КъыщыщIэддзэнщ псом нэхърэ нэхъыщхьэж щIакхъуэм и деж. Мы гъэм ар Польшэм злотэ 30 щиуасэщ. Дэ ди ахъшэм тепщIыхьмэ, сом 670-рэ! Абы къыхэкIыу иджы езы полякхэм гъунэгъу щIыналъэм къокIуэ, мыбы псори хэпщIыкIыу щынэхъ пудщи. Хэплъыхь ящIыркъым: сытри зэрапхъуэ - курпIэ, макаронхэр, хущхъуэхэр, лыхэкIхэр, шыгъу, фошыгъу. Хэбгъэзыхьмэ, мафIэдзри.

 Абы щыгъуэми, гъунапкъэм укъызэпрыкIыну хуит узыщI тхылъ къеIыпхын папщIэ сыхьэти 5 - 6-кIэ чэзум ухэтын хуейщ. Куэдым гу лъатащ: хьэщIэхэм псом япэу я автомашинэхэр бензин игъэхъуапIэхэм Iуахуэ. Из ящIри, канистрэ зытIущ ирагъэувэ. Гъуэгум текIуэдари, гугъуехьри хагъэкIыжми, ахъшэшхуэ къахудохуэ. Калининград къыщащэхуахэр тхьэмахуитI-щыкIэ ярикъунущ, итIанэ Тхьэм жыхуиIам хуэдэу хъунщ…

КъэкIуахэр тепсэлъыхьыркъым зыхэхуа щытыкIэр зи зэраным. «Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ»: зыхуэмейхэм зэхахыжмэ, афIэкIа къамыгъэкIуэжынкIэ зэхуэIуа щыIэкъым. Языныкъуэхэр къахуоблагъэ щIыналъэхэм яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр зэрызэфIагъэувэжыфыну Iэмалхэр къалъыхъуэн мурадкIэ.

Польшэм и гъунапкъэм Iут Браневэ къалэр зэгуэр зэпрыкIыпIэу щытащ. Мыбы щаунэщIырт Калининград ираша фIамыщIыр. Заводхэр шэщIауэ щылажьэрт. Тыкуэнхэр, шхапIэхэр, нэгузегъэужьыпIэхэр зэIухат, цIыхухэр ираджэу. Калининград, нэгъуэщI урысей къалэхэм икIахэм абыхэм ахъшэ куэд къыщагъанэрт. Мыбы сыт щыгъуи гуапэу къащыхущытт урысхэм (ди къэралым икIа псори абыхэм я дежкIэ урыст). Иджыри гуапэу къащыхущытащ, арщхьэкIэ урысхэр щыщахуэжыркъым ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу.

Урысейм къызэпрашыжыркъым нэхъапэм ди деж щызэрапхъуэу щыта хьэпшып дахэхэр, ерыскъыхэкI хэплъыхьахэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, пхъэщхьэмыщхьэхэр. МыIэрысэхэр куэдт. Иджы гъуэгур зэхуащIащ, ауэ мыIэрысэхэм зыри къащыхуейкъым. КъухьэпIэм.

СлIожь, ди къэралыр хилъафэркъым. Дэ дыпсэуфынущ Польшэм и мыIэрысэхэр дымылъагъууи. Абы щыгъуэми, иджырей щIэныгъэр и лъабжьэу илъэс къэс жыг хадэхэр куэду щагъэтIыс. Дэ абы дыщыгъуазэщ, ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэ апхуэдэ лэжьыгъэу щрагъэкIуэкIым и инагъыр долъагъури. IэнатIэ псори аращ. Ауэ полякхэм я Iуэхухэр кIуэ пэтми зэIохьэ. ИкIи ар къызыхэкIамкIэ зэгуэр а Польшэм и гуащIэрыпсэухэр а къэралым мы зэманым тетыгъуэр щызыIыгъхэм ткIийуэ зэреупщIынум шэч хэлъкъым.

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться: