Адыгэбзэм и пщIэр къэзыIэт

Дызэрыт зэман гугъум гу щIыIэ дищIа е еджэхэм нэхърэ зытххэр нэхъыбэ хъуауэ дызэхэзэрыхьыжу ара, сытми куэдрэ къохъу усакIуэ нэсым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым хуэфащэ гулъытэ щимыгъуэт. Апхуэдэ гупсысэхэр си гум къагъэкIащ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим «Iэгу-махуэ IэщI-жэщ» зыфIища и тхылъым аргуэру зэ набдзэгубдзаплъэу сыкъеджэжа нэужь.

Къэбэрдей литературэм псэ хьэлэлу хуэлажьэ усакIуэщ Сонэ Абдулчэрим. Абы зыкъигъэлъэгъуащ гъащIэм нэ жанкIэ пхрыплъыф, щIэр зи унэтIыныгъэ, «зи лъагъуэр езым ещхьыж» тхакIуэу. Сонэм къыдигъэкIащ и усыгъэхэр зэрыхуахэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ, и IэдакъэщIэкI куэд газетхэмрэ журналхэмрэ традзащ, цIэрыIуэ хъуа уэрэдхэм ящIэлъ псалъэхэр зэхилъхьащ. Абдулчэрим ящыщщ анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъыным псэемыблэжу, еш жыхуаIэр имыщIэу телажьэ цIыхухэм. Тхылъ тедзапIэм щыщылэжьа илъэсхэм, абы Iэзэу зэхилъхьэри, дунейм къытригъэхьащ ещанэ классым адыгэбзэр зэрыщаджын тхылъ. 
«Iэгу-махуэ, IэщI-жэщ» тхылъым щызэхуэхьэсащ усакIуэм и къалэмым къыщIэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэр, «Къуалэбзу джэгуакIуэхэр» зыфIища поэмэри хэту. Абыхэм наIуэ ящI Сонэм япэу къыдигъэкIа тхылъхэм («Дзапэ уэрэд», 1975 гъэ, «ПыIэзэфIэхь зэман», 1988 гъэ) яхилъхьа гурыщIэхэм, поэзием щиIэ гупсысэкIэм хуэпэжу къызэрынэжар икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, псом нэхърэ ар нэхъыщхьэу къыдолъытэ - и Iэзагъым нэхъ зэрызиузэщIар. 
Сонэм и усэхэм я нэхъыбэм философие куу ящIэлъщ. Абы сатырхэм «жыжьэу Iэбэ къэухь» ярет. УсакIуэм къелъыхъуэ къэралымрэ цIыхухэмрэ я зэхущытыкIэм хэлъын хуей пэжагъыр, хэмылъмэ - щIыхэмылъым и щхьэусыгъуэр, цIыхугъэмрэ напэмрэ дунейр къызэриухуэрэ зэрызэхьэлIар, а тIур щызэфIэкIуэдым деж жылагъуэ псэукIэри зэрыбгъунлъэр, къулыкъурэ мылъкукIэ нэхъуеиншэхэм утыкур зэраубыдыр.

Жэщым и Iэгу-махуэ,
Махуэм и IэщI-жэщ.
Хэт зэманыр щIехуэ,
Хэт зэманым еху.
Iэгу-IэщI зэблэхъуным
ГъащIэр еудын.
Iэгум къимыхъуэнур
IэщIым тезэгъэн?

«Совет лъэхъэнэурэ мыгурыIуэгъуэ, ди нобэурэ гурыIуэгъуей», - жеIэ усакIуэм. А лъэныкъуитIым я зэхуакум, «уимыкI-уимыхьэ» жыхуаIэу, къыдэна гъащIэм зэIумыбз куэд зэрыхэлъыр, нэхъыфIым щыгугъ бэм и нэхъыбэм дежкIэ а фIыр «зэрымафIэцIу» жыжьэр - Сонэ Абдулчэрим и усыгъэхэм нахуэу, щхьэтечауэ къыхощ.
ЦIыхубэм пщIэнтIэпсрэ хьэзабкIэ яухуа къэрал лъэщыр лъэлъэжащ. Абы къишащ зыпэмыплъа зэраныгъэ Iэджэ. Иджы «зэхуагъэдалъэу я джатэ, лъэпкъхэм яджыжыр я тхыдэр» («Тхьэгурымагъуэм и дерсхэр»). УсакIуэр ди дыгъуасэм хуоплъэкI, гурыIуэгъуейуэ щIыщытари къыджеIэ, ауэ абы щIэнакIэркъым. 

 Ди блэкIа махуэ!
 Пхъашэу ущытами,
Гугъэ нэху гуэрхэм
 дэ дыкърихьэкIт.

Сонэми иIэщ лъэхъэнэхэр щызэхьэлIа усэ Iэрамэхэр, абыхэм ятелъщ, дэри гу зэрылъыттащи, пасэу «Iэпэгъу къищIа» философием и нэпкъыжьэ. Ар Абдулчэрим и усыгъэхэм ягъуэта, нэгъуэщIым емыщхь лъагъуэкIэ адыгэ литературэм къызэрыхыхьа хъэтIщ.
Сонэ Абдулчэрим щIагъыбзэ зыщIэлъ усыгъэми зэрыхуэшэрыуэр къигъэлъэгъуащ абы и поэмэ «Къуалэбзу джэгуакIуэхэр» жыхуиIэм. А фIэщыгъэращ иIэри усакIуэм и ещанэ тхылъу 1998 гъэм къыдэкIам. Поэмэр сатирэу тхащ. Аллегорие мардэм йоувэ. Къуалэбзу джэгуакIуэхэм я уэрэд жыIэкIэр къэзыхутэр хьэкIэкхъуэкIэхэращ. ГурыIуэгъуэ мэхъу поэмэм и мыхьэнэри и сюжетри цIыхухэм я гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, псом хуэмыдэу къулыкъукIэ лъэкIыныгъэ зиIэхэм, зэрехьэлIар: щэнхабзэм, литературэм я лъагапIэхэр абыхэм я Iуэху еплъыкIэм елъытауэ къыщIокI куэдрэ. Таурыхъыу тха поэмэмкIэ усакIуэм ди фIэщ ещI жылагъуэ гъащIэм хабзэр, гъэсэныгъэр, дахагъэр щызэмыгъусэмэ, щэнхабзэри литературэри бгъунлъэнкIэ зэрыхъунур. 
Гу зылъытта унэтIыныгъэхэм ящIыгъущ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим и адыгэбзэр зэрыкуур, зэрыжаныр, и сатырхэм гур зэрахьэхур, зэдзэкIакIуэфIу зыкъызэригъэлъэгъуар, лирикэ теплъэгъуэхэр, сурэт трихам хуэдэу, къызэрехъулIэр. 
Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдокIуэкI лъэпкъым и гум щигъафIэм хуэфащэ псалъэ екIу жызыIэм щIыхь хуащIу. 1975 гъэм «Дзапэ уэрэд» жиIэу япэу къыдигъэкIа тхылъым ит, уэрэд цIэрыIуэ дыдэу лъэпкъым ноби Iурылъ, адыгэшым и образыр къыщыгъэлъэгъуа «Шагъдий» усэм фIэкIа имытхами, Сонэм а щIыхьыр и лъэпкъэгъухэм я пащхьэ къыщихьащ. Абы и шагъдийм зиукъуэдиящ, адыгэбзэм и пщIэр къэзыIэт усыгъэ купщIафIэхэр и фIалъэхэм къыщIэлъэту.

 

 

 

БжэныкIэ Мухьэб.
Поделиться: