Я зэфIэкIыр Рузэ щагъэлъэгъуэнущ

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я щIалэгъуалэу 150-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Iусен Къамболэт (кг 45-рэ), Бицу Къантемыр (кг 63-рэ), Гъубжокъуэ Астемыр (кг 73-рэ) сымэ. 
Иуан Дианэ (кг 42-рэ), ВакъащIэ Лие (кг 52-рэ), Атэлыкъ Амелие (кг 59-рэ), Асановэ Даринэ (кг 68-рэ), Iусен Дамир (кг 59-рэ) сымэ етIуанэщ. 
Ещанэ хъуахэщ Фоменкэ Викторие (кг 46-рэ), Шарифовэ Камиллэ (кг 52-рэ), Трамэ Дарье (кг 68-рэ), Хаджиевэ Салмэ (кг 68-рэ), Къэзанш Къасболэт (кг 63-рэ) сымэ. 
Зэпеуэм дыщэ медалхэр къыщызыхьахэр хэтынущ Урысейм тхэквондомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуауэ гъатхэпэм и 14 - 20-хэм Мэзкуу областым и Рузэ къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: