Хьэтагъ и мэз

Лэскэн псыхъуэм удэкIауэ Алагир ущыкIуэкIэ, Суадаг къуажэм пэмыжыжьэу мэз хъурей цIыкIу ухуозэ. Осетинхэр абы Хьэтагъ и мэзкIэ йоджэ. Нэхъапэм Хьэтагъ и мэзым апхуэдиз пщIэ хуащIырти, жыг дэнэ къэна, зы къудамэ щыпаупщIыртэкъым. Абы къыщынэртэкъым: Хьэтагъ и мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэхэми ещакIуэртэкъым. Сыт абы Хьэтагъ и мэзкIэ щIеджэри апхуэдиз пщIэ щыхуащIри?
Осетинхэм мыпхуэдэ хъыбар къадогъуэгурыкIуэ. Адыгэпщ Инал къуищ иIэт. НэхъыщIэм ХьэтагъкIэ еджэрт. Ар Iущт икIи хахуэт, жьакIуэт, цIэрыIуэт. Зэрыхабзэти, Инал и къуищыр балигъ хъуху атэлыкъхэм (быф адэхэм) япIащ. ЗэрыжаIэмкIэ, Хьэтагъ Кърымым щапIащ, зи пIурыр (къанар) алыджщ (грек). Балигъ хъури, къигъэзэжауэ, Хьэтагъ и къуэшхэм къащIащ ар чыристан диным зэрихьар. Iыхьлыхэм ар ягу техуакъым, зэхэзехуэн ящIащ. Зэхэзехуэн щащIым, Хьэтагъ хэкур ибгынэн хуей хъуащ. И къуэшхэр къыкIэлъыпхъэращ абы. Мэз лъапэм нэсауэ, Хьэтагъ и шыр пщыри зэгуэудащ. КъыкIэлъыпхъэрахэр къыщIыхьэри, Хьэтагъ гузэвэгъуэ хэхуащ.
- Мэзым къыщIэлъадэ, Хьэтагъ, мэзым! – зэхихащ абдежым макъ, мэзым къыщIэIукIауэ.
- Хьэтагъ мэзым нэсыжынкъым, езы мэзыр кърырес Хьэтагъ деж! - жиIащ гъуэгум къытена пщым. 
Хьэтагъ щыджэм, мэзым жыг гуэрэнышхуэ къыхэкIащ, абы щIиуфэри, къыкIэлъыпхъэрахэм Хьэтагъ кърагъэлащ. 
Мэзым къыхэкIа гуэрэныращ осетинхэр Хьэтагъ и мэзкIэ зэджэр. КъызэраIуэтэжымкIэ, Хьэтагъ Нар къуажэр псэупIэ хуэхъуащ, абы лъэпкъ дэхъухьащ. Нар дэтIысхьа нэужь, Хьэтагъ къытепщIыкIа лъэпкъым Хьэтагъти унэцIэр зэрахьэ хъуащ. А лъэпкъым къыхэкIащ осетин усакIуэ цIэрыIуэ Хетагуров Коста. УсакIуэр Инал и къуэ Хьэтагъ къытепщIыкIахэм я епщIанэ лIакъуэщ. 
«Особэ» («Осетин тхыдэ») очеркым Хетагуров Коста щетх:
«ЗэрыжаIэмкIэ, Хьэтагъ Инжыджышхуэ дэса Инал пщышхуэм и къуэ нэхъыщIэщ. Чыристан диным ихьа нэужь, и къуэшхэр къыщыхьэри, Осетием кIуэсэн хуей хъуащ. Хьэтагъ и къуэш нэхъыжь Беслъэнрауэ жаIэр къэбэрдеипщхэр къызытехъукIыжар. Я къуэш курытым, Аслъэнбэч, бын иIакъым. Хьэтагъ япэрейуэ хэщIапIэ хуэхъуауэ щытар Осетием иджыри къэс щагъэлъапIэ». Зи гугъу ищIыр Хьэтагъ и мэзкIэ зэджэрщ.
Хетагуров Коста Хьэтагъ и хъыбар куэд зэхуихьэсыжащ, ар иригушхуэрт и лъэпкъыр апхуэдэ лIы цIэрыIуэм къызэрытехъукIам. Хьэтагъ щхьэкIэ поэмэшхуэ итхын мурад иIащ Хетагуровым, ауэ и ныкъуэм фIэкIа нимыгъэсауэ, усакIуэр дунейм ехыжащ. Хетагуровым и поэмэ ныкъуэтхым лъабжьэ хуэхъуар ищхьэкIэ зи гугъу тщIа хъыбарырщ. 
«… Адыгэ хэкум бий бзаджэ къихьащ, - еублэ Хетагуровым и поэмэр. – ЦIыкIуи ини бийм пэуващ. Жэщибл-мауиблкIэ епсыхакъым хэкум и хъумакIуэхэр. Псом нэхърэ нэхъ лIыгъэ игъэлъэгъуащ Инал и къуэ нэхъыщIэм - Хьэтагъ. Бийр зэтракъутэри хэкум ирахужащ. Зауэм хэтахэр Инал иригъэблэгъащ, я гуфIэгъуэ махуэти. Жылэр мэхъуахъуэ, шурылъэс мэджэгу, я джэгушхуэщ, Хьэтагъ и закъуэщ нэщхъейр...» 
Аращ поэмэр ныздэтхысар. Хетагуровым и гугъащ Хьэтагъ Осетием къызэрыщыхутамкIэ поэмэр иухыну, ауэ хунэсакъым. 
Хьэтагъ и адэ Инал щхьэкIэ Нэгумэ Шорэ етх:
«Инал Тхьэр къыхуэупсат: лIышхуэм хэлъын хуей хьэл-щэн псори абы хэлът. Унафэр абы и IэмыщIэ илъыху, адыгэ лъэпкъхэр зэгурыIэу псэуащ. ЦIыхубэм я дзыхь зрагъэза лIы Iущым хузэфIэкIащ лъэпкъыр зэкъуигъэувэн. Псом япэ абы игъэсабыращ хьэргъэшыргъэм хэмыкI пщы жыIэмыдаIуэхэр».    
Нэгумэм зэрыжиIэмкIэ, Инал 1427 гъэм Абхъазым щылIащ, Бзыб деж, а псыхъуэми щыщIалъхьэжащ. Абы и кхъащхьэм абхъазхэр иджыри къэс «Инал къубэкIэ» («Инал и кхъащхьэ») йоджэ. Нэгумэ Шори щыхьэт тохъуэ, Инал лIа нэужь абы и къуэхэр зэрызэщыхьэжам. «Инал лIа нэужь, - етх Нэгумэм. - цIыхухэм ядакъым абы и къуэхэм едэIуэн. Хэкум и унафэр зэрызэрахьэн акъылрэ зэфIэкIрэ ябгъэдэлъакъым абыхэм. Аркъудейм къыщынакъым: я пагагъымрэ я хьэл мыхъумыщIэмрэ цIыхухэм яхуэмышэчыж хъуащ, езыр-езырурэ зэныкъуэкъужу щIадзащ. Инал зэтриубла IуэхуфIхэр якъутэжри, нэхъыщIэр нэхъыжьым емыдэIуэж хъуащ».
IуэрыIуатэри аращ щыхьэт зытехъуэр: адыгэхэми осетинхэми я IуэрыIуатэм ноби ущрохьэлIэ Инал и къуэхэр зэрызэщыхьэжам теухуа хъыбархэм. Зы къэрал иухуэн мурад иIащ Инал пщышхуэм, ар и къуэхэм якъутэжащ. Абы къыдэкIуащ адыгэхэм иужькIэ къатепсыха насыпыншагъэ куэд. 
Апхуэдэщ осетин усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа  Хетагуров Коста и лIакъуэм и къекIуэкIыкIар. Езы Хетагуроври щыхьэт техъуэжу щытащ абы икIи и тхыгъэ зыбжанэ адыгэхэм ятриухуащ. Апхуэдэщ «ФатIимэ» поэмэри, усакIуэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу ялъытэр.

 

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также: