Уфа медаль пщыкIуз кърахБашкирием и щыхьэр Уфа зэраухуэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу иджыблагъэ а къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 31-м я спортсмен 1500-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэпеуэм хэтащ цIыху 21-рэ. Къэзанш Артуррэ Бежан Идаррэ етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр яубыдащ Глашев Мухьэмэд, Сидакъ Имран, Глашев Муслим, Сыжажэ Дамир сымэ. Командэм и тренерхэр Гуэбэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт сымэщ. НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 14:14 →
Дубай кIуэнухэр
17.06.2025 - 18:49 →
Бжэр япэу къызэIуех
17.06.2025 - 16:35 →
ПлIыми медаль зырыз къахь
16.06.2025 - 17:00 →
МедалиплI къэралым къыхуахь
16.06.2025 - 16:00 →
Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ
|