Тхылъым и пщIэр хагъэхъуэжу

Ди зэманыр махуэшхуэхэмрэ юбилейхэмрэ я лъэхъэнэ зэрыхъуар псоми ди нэгум щIокI. Абыхэм я нэхъыбэр цIыхур щэн-щэхуэным ехулIэным зэрытещIыхьам щхьэхуимыту гу лъыботэ. Ауэ «Тхылъ щагуэш махуэм» ар хужытIэфынукъым. ЦIыхур еджэным зэрытригъэгушхуэм нэмыщI, мы махуэм IупщIу зэхегъэкIуэт тхылъыр тыгъэу къэзылъытэхэмрэ абы хуэмыныкъуэхэмрэ. 

Тхылъ щагуэш дунейпсо махуэр 2012 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. ЖэрдэмщIакIуэ а Iуэхум хуэхъуар США-м «Сабий тхылъхэм я интернет хэщIапIэ» япэ дыдэ къыщызэIузыха Бродмур Эммэщ.

Анэ губзыгъэхэм быным къыдалъхуа зэфIэкI псоми зрагъэузэщIын папщIэ, сабийр щхьэпагъ зыхэлъ Iуэхум ирагъэхъуэпсэф. Уеблэмэ, зэрыдунейуэ а лъэныкъуэмкIэ «ягъэкIэрэхъуэн» Iэзагъ къызэкъуах. Бродмур Эммэ зэрихьа лIыгъэри абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIукъым. ЩIалищ зыпI анэм и къуэхэм я зыр къеупщIащ: «Сыт цIыхухэм ауэ сытми зым адрейм тхылъ щрит махуэ щIыщымыIэр?» Арати, анэ гумащIэм щIалэм и гукъыдэжыр интернетымкIэ зэбгритыкIри, армырами куэдым ягу нэмыс мазаем и 14-м ягъэмахуэшхуэ лъагъуныгъэм и махуэ нэпцIыр тхылъ зэIэпыхыгъуэ хъуащ икIи абы лъандэрэ екIуэкIа илъэсхэм а къыхэхыкIэр зэрызахуэр наIуэ къытщащIащ.  

Дауэ мы махуэм и мыхьэнэр къызэрыбгурыIуэн хуейр? Япэрауэ, дэтхэнэ псапэхуэщIэ лэжьыгъэми хуэдэу, тхылъ къищэхуну Iэмал зимыIэ сабии балигъи щыIэщ. Тхылъыр мылъкуу къыщIэплъытэн щхьэусыгъуэр, дауи, зэлъытар абы и кIуэцIым итращ. ФIым, гуапагъэм, дахагъэм, тэмакъкIыхьагъым, псори зэхэплъхьжмэ - цIыхуфIагъым ухуэзыущий, ар зэрыгъуэгу захуэр уи фIэщ зыщI тхылъым и уасэр абрагъуэщ. Зигу къызыфIэзэрыхьа, и гурыщIэм цIэ къыхуэзымыгъуэтыф цIыхури псэлъэгъурэ акъылэгъурэ къыхуэхъу тхакIуэм е усакIуэм и чэнджэщым хуэныкъуэщ. Зы тхылъым уи гъащIэ псом зригъэхъуэжынкIи зэрыхъунур зэкъым тIэукъым зэрагъэунэхуар. КъурIэн лъапIэм и япэ псалъэу Алыхьталэм къригъэхар «къеджэ» псалъэрщ. Сытми, мы махуэм дытеплъэкъукI зэрымыхъунур зыхыдэзыгъащIэ щхьэусыгъуэ куэд щыIэщ.

Урысейм Тхылъ щагуэш махуэм цIыхухэм нэмыщI, библиотекэхэри хэпщIауэ къокIуэкI илъэс зыбжанэ хъуауэ. Нэхъри нэхъ убгъуа ар ещI Iуэхум тхылъ тыкуэнхэри интернет щапIэхэри къызэрыхэувэр.

2017 гъэм щегъэжьауэ, «Тхылъхэр гумащIэу вгуэш» къыхуеджэныгъэм щIэту, зэпеуэхэр, викторинэхэр, мастер-классхэр хэту, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ зрагъэблагъэ махуэшхуэр щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщ. 2019 гъэм а акцэм къызэщIиубыдащ Урысейм ит библиотекэ 200-м нэс, абы хуэмурэ школхэри, музейхэри, тхылъ тыкуэнхэри хэуващ. Мыхьэнэ нэхъ зиIэращи, махуэшхуэр и щхьэусыгъуэу, игъащIэм тхылъ напэ къызэгуэзымыхар  абы еджэным дихьэхынкIи мэхъу.

Илъэситхум къриубыдэу, акцэм хиубыдащ Урысейм щыщ щIыналъэ 85-рэ, мелуаным щIигъу тхылъ  ягуэшащ. Акцэм къыдэлажьэ «Деловые линии» IуэхущIапIэм пщIэншэу а махуэм зэбгришащ  тхылъ тонн 70-м нэс. Тхылъ шагуэш дунейпсо махуэм егъэщIылIауэ, мы гъэми мазаем и 12 - 18-хэм Урысейм щекIуэкIынущ «Тхылъхэр гуапэу зэIэпыфх» еянэ акцэр. Апхуэдэ гукъыдэжкIэ утыку къихьахэщ УФ-м и къэрал сабий библиотекэмрэ «Тхылъеджэр догъасэ» зэгухьэныгъэмрэ. Жэрдэмым и щIыбагъ къыдэтщ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Урысейм и тхылъ зэгухьэныгъэр, УФ-м тхылъхэр щызэбгрыгъэкIынымкIэ и IуэхущIапIэр. Мы гупыжым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр тхылъымпIэм тедза тхылъым и пщIэр къэIэтыжынырщ, ар тыгъэу къэплъытэныр акъылыфIагъым и нэщэнэу зэрыщытыр цIыхугум къыщыгъэщIэрэщIэжынырщ.

Тхылъ гуэшыным и махуэр къызэрыблагъэр Налшык япэу дигу къыщызыгъэкIыжахэм язщ «Тхылъхэм я дуней» тыкуэныр. Мы тхылъ щапIэм армырами мэрем къэс щэхуакIуэхэм псапэу къащэху тхылъхэр къытралъхьэри, зыхуейр щIохьэри пщIэншэу къыщещтэ. Илъэс блэкIам махуэшхуэр тыкуэным зэрыщагъэлъэпIам и гугъу ещIыж тыкуэныр зыгъэлажьэ КIуэкIуэ Мурат: «Къазэрыщыхъунури дымыщIэу, зэгуэр Иналрэ (тыкуэнтетым) сэрэ мы махуэм теухуа тхыгъэ къитлъхьащ мазаем и 14-м. Сыхьэт пщыкIуз хъуа къудейт. Махуэр пшагъуэт икIи щIыIэтыIэт, цIыхухэр жану зекIуэным тримыгъэгушхуэу. Ауэ адэкIэ къэхъуар игъащIэкIи ди нэгум къытхуэщIэмыгъэхьэну гуэрт. ЦIыхухэр щэ бжыгъэкIэ телефонкIэ къэпсэлъащ а махуэм е къытхуэтхащ. «Мыпхуэдэ си ныбжьэгъум мыпхуэдэ тхылъ тыгъэ хузощIри, кхъыIэ, хуэвгъэтIылъ». Апхуэдэт лъэIухэм я нэхъыбэр. ИгъащIэм зэрымылъэгъуа, зэрымыцIыхуххэ цIыхухэм тхылъхэр зэIэпахырт. Зым «мыбы сыхуейщ» жиIэу итхамэ, адреймэ «сэ ар къыпхузощэху» жиIэу къыпидзыжу. А махуэми, абы къыкIэлъыкIуэ зыбжанэми телефон уэзджынэхэмрэ тхыгъэхэмрэ къыттрагъэщэщащ дэ дыкъагъэщхьэпэу тхылъ тыгъэ зыщIыну хуейхэм. Абы лъандэрэ Тхылъ щагуэш махуэм тхьэмахуитI иIэжу зыхудогъэхьэзыр».

Махуэр иуха щхьэкIэ, тхылъ иджыри бгуэш хъунущ. Ауэ ущеджэ мыхъуну зы махуи щыIэкъым.

                                               ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

Поделиться: