Домбеякъ медалыр и Iэрылъхьэу![]() УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Федоров Юрий и фэеплъу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Челябинск къалэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. А урысейпсо зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Шыкълъашэ Елдар. ЗэIущIэм кърихьэлIат къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 38-м, Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ я бэнакIуэ щIалэрэ хъыджэбзу 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 66-м) Шыкълъашэ Елдар япэ зэIущIиплIыр къыщихьащ, ауэ къыкIэлъыкIуэр иригъэхьащ фэеплъ зэхьэзэхуэм иужькIэ япэ шыхъуа, Сахалин областым и бэнакIуэ Резников Илья. «Финал цIыкIум» ещанэ увыпIэм щхьэкIэ Елдар IущIат ди командэм щыщ щIалэ Бэждыгъу Аскэр. Мыбдежым Шыкълъашэр щытекIуащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||





