Урысейм и чемпионатым макIуэ
Новочеркасск къалэм и «Ледовый дворец» спорт комплексым иджыблагъэ щагъэджэгуащ «Трудовые резервы» урысейпсо спорт зэгухьэныгъэм дзюдомкIэ и саугъэтыр. СССР-м спортымкIэ и мастер Недвигин Геннадий и фэеплъ зэхьэзэхуэу щытащ ар.
ДзюдомкIэ «А» классым хыхьэу иджы 14-нэрэ ирагъэкIуэкIащ а урысейпсо зэхьэзэхуэр икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я спортсмен 250-м щIигъу. ЦIыхухъухэри цIыхубзхэри зэхэту ахэр гуп 15-у гуэшауэ щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейм дзюдомкIэ и чемпионатымрэ къэралым пашэныгъэр къыщыхьынымрэ хуэунэтIауэ мы гъэм зэхашэну зэпеуэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалитху къыщихьащ. И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым, килограмм 81-рэ хъухэм я деж, япэ увыпIэр къыщихьащ ТекIужь Астемыр. ЕтIуанэ увыпIэм деж къыщыувыIащ Къущхьэ Темырлан. Ар щыбанэр килограмм 73-рэ хъухэр зыхэт гупырщ.
ЗэIущIэм и домбеякъ медалхэр къахьащ КъуэщIысокъуэ Идар (кг 60), Соблыр Атмир (кг 73-рэ), Хьэжмэт Къантемыр (кг 81-рэ) сымэ.
А псом кърикIуэу, ТекIужь Астемыр хэтынущ Урысейм дзюдомкIэ и чемпионату мы гъэм жэпуэгъуэм и 16 - 20-хэм «Сириус» федеральнэ щIыналъэм щекIуэкIынум.
НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Тэрч щIыналъэм зэхуешэс
Тэрч къалэм и «Тэрч Олимп» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыналъэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я 9-нэ зэхьэзэхуэ.
«ТекIуэныгъэм и Кубок» фIэщыгъэр зезыхьа зэпеуэр траухуауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Налшык, Прохладнэ, Донецк, Ставрополь, Новороссийск, Шахты, Мэздэгу, Владикавказ, Морозовскэ (Ростов область), Назрань къалэхэм я командэхэр, псори цIыху 430-рэ.
ЗэIущIэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну а махуэм Тэрч къалэм къеблэгъащ УФ-м Спорт, художественнэ гимнастикэхэмкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ Тавитовэ Иринэ, Дагъыстэным и къэрал университетым и профессор Гутуев Магомед сымэ. ХьэщIэхэм гуапэу яIущIащ Тэрч щIыналъэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий икIи жиIащ нобэрей зэхьэзэхуэм и гъунапкъэхэм зэрызаубгъур, илъэс къэс командэщIэхэр къызэрыхыхьэр, тэрчдэсхэм я гур абыхэм зэрахузэIухар.
Зэпеуэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъа адэ-анэхэм, спортым дихьэххэм гугъинэж ящыхъуащ абы и къызэгъэпэщыкIамрэ зэрызэхэта щIыкIэмрэ: зэхьэзэхуэ дахэхэм къадэкIуэу, ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэсыху спорт пэшым щыIуащ Хэку зауэшхуэм, ТекIуэныгъэм теухуа уэрэдхэр, макъамэхэр.
Спортсмен ныбжьыщIэхэр зэпеуащ художественнэ гимнастикэм хыхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ икIи абы къыщыхэжаныкIахэм медалхэм, щIыхь тхылъхэм, кубокхэм къадэкIуэу УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидат цIэр зыфIащахэм Хъущт Аслъэнбий удостоверенэхэр яритыжащ. Апхуэдэ щIыхь ягъуэтащ Тэрч къалэм и «Грация» спорт еджапIэм и гъэсэнхэу Албэрды Эллинэ, Щомахуэ Альбинэ, Шэрий Миленэ, Гацаловэ Лалинэ, Троян Елизаветэ, Сэрахъэ Элинэ сымэ.
Зэхьэзэхуэм и тренер нэхъыщхьэ, УФ-м спортымкIэ и мастер Щомахуэ Зинаидэ зэрыжиIамкIэ, етIанэгъэ, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу, 10-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэр Тэрч Iэтауэ щрагъэкIуэкIынущ.
Иджырей зэIущIэр къызэрагъэпэщащ Тэрч щIыналъэ администрацэмрэ художественнэ гимнастикэмкIэ «Грация» спорт еджапIэмрэ.
КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Гъуэныбэ Iэуес аргуэру ятокIуэ
Азербайджаным и къалащхьэ Баку мы махуэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам хэту (зи ныбжьыр илъэс 23-м щIимыгъуахэр) абы зыкъыщызыгъэлъагъуэ Гъуэныбэ Iэуес япэ увыпIэр къихьащ.
Килограмм 87-рэ хъухэм я деж щыбанэ адыгэ щIалэр и IэзагъкIэ и хьэрхуэрэгъухэм фIыуэ ефIэкIыу япэ зэIущIищыр къихьри, кIэух зэпеуэм икIащ. Абдежым абы къыщыпэплъащ Куржым и бэнакIуэ Болквадзе Ачики икIи ар къытекIуэнымкIэ зы гугъи Iэмали абы иримыту, зэIущIэм и бжыгъэр 7:0-у текIуэри, дыщэ медалыр къихьащ.
Килограмм 55-рэ хъухэм я деж щыбанэ Ульбашев Iэдэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, кIэух зэхьэзэхуэр, бжыгъэр 1:7-уэ, Молдавием и бэнакIуэ Мороз Леонид фIихьри, дыжьын медалымкIэ къэувыIащ.
Мыдрейуэ, Европэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ а къалэм иджыри щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынущ Урысейм и чемпион иджыблагъэ хъуа Шэрий Иналбэч.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.