Щэнхабзэм хьэлэлу и гуащIэр щхьэузыхь хуэзыщI

 Адыгэ щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ Къэрмокъуэ Хьэмид. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ зи акъыли зи гуащIи а Iуэху мытыншым, ауэ ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэм езыхьэлIэ лIы щэджащэм теухуащ тхакIуэ Мэзыхьэ Борис и тхыгъэр.

 «Сэ сщIэркъым щэнхабзэм и IэнатIэу абы гум къинэж Iуэху щимылэжьа: тхакIуэ хужаIэрэ - пыплъхьэн щымыIэу пэжщ. Ар зэрызэдзэкIакIуэ Iэзэм шэч гуэр къытезыхьэ срихьэлIакъым. Фигу къэвгъэкIыжыт адыгэбзэм и къулеягъ псори IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпу Шинкубэ Бэгърат и роман цIэрыIуэ «ЖылакIэр», Къандур Мухьэдин и тхыгъэ телъыджэхэр ди пащхьэ къызэрырилъхьар. Шолохов Михаил и «ЩIыщIэ къэIэтам» хэт лIыхъужьхэр адыгэбзэкIэ ди театрым къыщызыгъэпсэлъар Хьэмидщ. Апхуэдэ щапхъэхэр куэду къыпхуэхьынущ.
Нобэ къэгъуэтыгъуейщ Хьэмид хуэдэу ди IуэрыIуатэм куууэ хэзыщIыкI, абы хуэдэу Iэзэу, емызэшу зэхуэзыхьэс, ар зей цIыхубэм я деж нэзыхьэсыж. Сыту жыпIэмэ, фIыуэ къыгуроIуэ: щIэблэ къэхъур адыгэгуу, адыгэпсэу къэтэджынымкIэ, къызыхэкIа лъэпкъым иригушхуэу ар къэхъунымкIэ IуэрыIуатэм нэхъ щапхъэфI щыIэкъым. Мы Iуэхум ехьэлIа лэжьыгъэфI куэд иIэщ Хьэмид. «Адыгэ IуэрыIуатэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэ Iэрымытхщ, дяпэ итахэм нобэрей щIэблэм анэмэт къыхуащIа художественнэ къулеигъэщ», – жеIэ Хьэмид. Анэмэтым гъерэт иригъэщIыркъым Къэрмокъуэм.
Адыгэ IуэрыIуатэм, литературэм и зыужьыкIэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм теухуа тхылъипщI абы къыдигъэкIащ, тхыгъэхэр щэ бжыгъэ-кIэрэ газетхэм, журналхэм къытрыригъэдзащ. Мы лэжьыгъэм ноби пещэ.
Лъэпкъ литературэм, литературоведенэм зэрызаужьым теухуа тхыгъэ куэд къыщIэкIащ Хьэмид и къалэмыпэм. Ахэр ятеухуащ Шортэн Аскэрбий, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Пщыбий Инал, Сокъур Мусэрбий сымэ, нэгъуэщIхэми я творчествэм.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьын хуейуэ къыщIэкIынщ адыгэ журналистикэм зегъэужьыным Къэрмокъуэ Хьэмид хуилэжьам: «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щыщыIа илъэсхэм куэд зэфIигъэкIащ тхыбзэм зегъэужьыным, къупхъэ хъуауэ абы зезымыгъэузэщI лъахъэхэр ихыным ехьэлIауэ. 
 ЩIэджыкIакIуэхэм ноби ящыгъупщакъым лIэщIыгъуэ плIанэм щIигъукIэ къыдэкIа «Тхьэмахуэ» напэкIуэцIыр. Ар гъэщIэгъуэн зыщIыр куэду къытехуэ гушыIэхэм, ауанхэм, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм я закъуэтэкъым. ЦIыхур нэхъыбэу дэзыхьэхыр адыгэ тхыдэм теухуа тхыгъэ телъыджэхэу языныкъуэ IэщIагъэлIхэм фIэкIа зыщымыгъуазэхэрт. Ди тхыдэ жыжьэр пщыхэмрэ уэркъхэмрэ быдэу япыщIауэ къызэрекIуэкIар къэплъытэмэ, абыхэм я IуэхущIафэхэр зыгъэлъапIэ тхыгъэхэр газетым къытебдзэн жыхуэпIэр, дауи, къыпхуамыдэнт. Ауэ «кхъуейм и хьэтыркIэ пIастэ яшх»…
ПсалъэфI куэд пхужыIэнущ Хьэмид и гуащIэм кърикIуам теухуауэ, хужыIэни хуейщ. Мы тхыгъэ кIэщIым сыщытепсэлъыхьыну сыхуейт Къэрмокъуэм и цIыху щIыкIэм, дуней тетыкIэ дахэм.
«Хьэлывэ» псалъэр куэдрэ бгъэныщкIукIэ, Iум IэфI трищIэркъым» жаIэ. Дэри адыгагъэ, адыгэ нэмыс, щэн жытIэрейкIэ гъэсэныгъэм сэбэпышхуэ хуэхъуну къыщIэкIынкъым, а дгъэлъапIэ Iуэхугъуэхэр дэ езым къыддамылъагъумэ. Хьэмид абыхэм ятетхыхь къудейкъым – хьэл-щэныфIыр езым нэсу хэлъщ: ныбжьэгъухэм яхуэгумащIэщ, бзылъхугъэхэм адыгэлIу нэмыс яхуиIэщ, дэтхэнэ цIыхуми хуэжумартщ. Илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъауэ соцIыхури, ар нэгъуэщIым IейкIэ хуэпсалъэу, псалъэ дыдж къыжьэдэкIыу зэи зэхэсхакъым, захуэми мысэми ябгъэдэтыкIэ ещIэ.
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ лъэпкъ щэнхабзэм хьэлэлу и гуащIэр щхьэузыхь хуэзыщI лIы щыпкъэм, куэд дыдэ къэзыгъэбэта, дяпэкIи куэдкIэ дызыщыгугъ ди ныбжьэгъужьым и лэжьыгъэм пщIэ игъуэту къокIуэкI. Абы къыхуагъэфэщащ «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ» цIэ лъапIэр, саугъэт куэдхэр. Ауэ а псоми къадэкIуэу, абы иIэщ мы дунеижьым къыщагъэщIа саугъэт нэхъ лъапIэ дыдэр – цIыхухэм я фIылъагъуныгъэр, я фIыщIэр, къыхуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ». 
 

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: