КъБР-м и командэ къыхэхам хагъэхьэ Ставрополь, Черкесск къалэхэм зэгъусэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI абы кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Дагъыстэным я спортсменхэр, псори зэхэту цIыху 500-м щIигъу.Зэпеуэхэм хэтахэр зэхьэзэхуащ гъуэгуанэ зэхуэмыдэхэр нэхъ псынщIэу къэжынымкIэ, жыжьэу лъэнымкIэ, ядрор, бжыр, дискыр дзынымкIэ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм етIуанэ увыпIэр къратащ икIи Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм я 11-нэ Спартакиадэм и кIэух зэпеуэу бадзэуэгъуэм и 26 - 28-хэм Краснодар къалэм щызэхэтынум кIуэну Iэмал ягъуэтащ.
Псори зэхэту ди спортсменхэм медаль 50 къахьащ - 19-р дыщэу, 18-р дыжьыну, 13-р домбеякъыу.
Апхуэдэуи, зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Урысей Федерацэм атлетикэ псынщIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэту ягъэкIуэнухэм я цIэхэр къраIуащ.
Спортсмен Iэзэхэм яIуощIэ
Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэкъуауэгъуэм и кIэхэм Кемеровэ къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм зыхуагъэхьэзыру Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щызэхуэсат Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, Адыгеймрэ Къалмыкъымрэ я бэнакIуэхэр. Псори зэхэту ахэр цIыху 300-м щIигъурт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн 50-ри яхэту.Самбэм и щэхухэм щагъэгъуазэу, я зэфIэкIхэмкIэ бэнакIуэхэм ядэгуашэу, текIуэныгъэхэм трагъэгушхуэу зэхуэсым щыIащ дуней псом, Европэм, СССР-м дзюдомрэ самбэмкIэ я чемпион, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Хьэпай Iэрамбийрэ самбэмкIэ дуней псоми Урысей Федерацэми я чемпион Бабыгуей Олегрэ.
Зэхуэсыр къызэригъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм икIи ар екIуэкIащ Ныр Сеф и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт спорт еджапIэм и къудамэм и унафэщI ПшынащIэ Муратрэ тренер ШэрыIужь Сослъэнрэ я нэIэ щIэту.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 10:01 →
КиокушинымкIэ зэпоуэ
15.12.2025 - 11:39 →
Хабзэ яхуэхъуну мэгугъэ
15.12.2025 - 11:27 →
КIыщ Аслъэнбэч етIуанэщ
11.12.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
10.12.2025 - 18:20 →
Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ
| ||





Ставрополь, Черкесск къалэхэм зэгъусэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI абы кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Дагъыстэным я спортсменхэр, псори зэхэту цIыху 500-м щIигъу.
Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэкъуауэгъуэм и кIэхэм Кемеровэ къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм зыхуагъэхьэзыру Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щызэхуэсат Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, Адыгеймрэ Къалмыкъымрэ я бэнакIуэхэр. Псори зэхэту ахэр цIыху 300-м щIигъурт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн 50-ри яхэту.