Уэрэдым дамэ тетщ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Догъэн Алладин и къуэр Тыркум и Къайсэр къалэм къедза Узун-Яйла щIыпIэм щыIэ Къундэтей-Мэртэзей къуажэм 1956 гъэм къыщалъхуащ. И анэ Нерие Тамбийхэ япхъущ.

Догъэн курыт еджапIэмрэ техникэ институтымрэ Къайсэр къалэм къыщиухащ. 1979 гъэм Анкара къалэм и университет нэхъыщхьэм щеджащ. Ар лэжьащ техникэ институтым и егъэджакIуэу.

Анкара щыщеджа зэманым ар абы щыIэ «Адыгэ хасэм» и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщIу щытащ, къэфакIуэ гупми хэтащ. Догъэн лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ щIалэгъуалэм лъэпкъ хабзэр, анэдэлъхубзэр ямыгъэкIуэдыжыным теухуауэ. Нобэр къыздэсми и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэжыныр. Къуажэхэр къызэхикIухьурэ, нэхъыжьыфIхэу Iэуэнис Мурэдин, Мэсей Бэрд, ЛIыгъур Зэчий, ФIэщмыхъу Кушыку, Лъостэн Махир, ДыщэкI Бэдрэдин сымэ, нэгъуэщIхэми захуигъазэурэ нарт хъыбарыжьхэр, псалъэжьхэр, IуэрыIуатэхэр зэхуихьэсыжащ мин бжыгъэкIэ. КъинэмыщIауэ, Догъэн зэхуихьэсыжащ адыгэ уэрэдыжьхэр, гъыбзэхэр, пшыналъэхэр. Езыми абыхэм ящыщ зыбжанэ егъэзащIэ икIи цIыхубэм ягу дохьэ и макъыр, и уэрэдхэр, ахэр зэригъэIур. ИгъэзащIэ уэрэдхэм ящыщхэр адыгэхэр щыпсэу щIыналъэхэм я радиомрэ телевиденэмрэ къат. Хэкурысхэри хэхэсхэри Догъэн и лэжьыгъэхэм щыгъуазэщ.

Къущхьэ Догъэн 1980 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Хэку» Хасэм къригъэблэгъат, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэу. 1982 -1984 гъэхэм Иорданием и къалащхьэ Амман дэт Адыгэ школым адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнахбзэмрэ щыхуригъэджащ. Апхуэдэу, «Нади Джил» адыгэ клубым уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр къыщызэригъэпэщри игъэсащ.

1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIа Япэ дунейпсо адыгэ фестивалым Тыркум щыпсэу адыгэхэм къабгъэдэкIыу Догъэн кърагъэблэгъащ, Къайсэр Хасэм къыщызэригъэпэща и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупыр и гъусэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и телевиденэм и фондым къыхэнащ 1995 гъэм Къуэдз Iэбубэчыр и пшынауэу Къущхьэ Догъэн игъэзэщIа уэрэдхэм теухуа нэтыныр. 2005 - 2012 гъэхэм Кавказ Федерацэм и лIыкIуэу ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэтащ. Иужьрей илъэс пщыкIутхум Европэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм адыгэхэм ятеухуауэ нэхъапэIуэкIэ щытрадза тхылъ, газет, картэ, сурэт жыпIэми, зэхуэхьэсыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ.

Илъэс куэдкIэ зэхуихьэсыжа уэрэдхэр, езым итхахэри хыхьэу, альбомитIу къыдигъэкIащ. «Уэрэд» зыфIища и дискхэр 2002, 2008 гъэхэм цIыхубэм я пащхьэ ирилъхьащ. Догъэн «Уэрэдым дамэ тетщ» зыфIища, уэрэд 30 зыхигъэхьа и ещанэ дискыр къыдэкIащ 2022 гъэм.

Дэнэ щIыпIэ щымыпсэуами, Къущхьэ Догъэн зытелэжьар и лъэпкъэгъухэм тхэкIэрэ еджэкIэрэ яригъэщIэнырщ. Хасэ щхьэхуэхэм гуп зыбжанэ къыщызэригъэпэщащ, адыгэ уэрэдхэмрэ лъэпкъ къафэхэмрэ ягъэзащIэу. Германием, Голландием, Иорданием, Тыркум, Къэбэрдей-Балъкъэрым, нэгъуэщI щIыпIэхэм Догъэн и концерт гукъинэжхэр щекIуэкIащ, Iэгуауэшхуэхэр хуаIэту. Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр зыхэт КАФФЕД-м 1995 гъэм къыхуигъэфэщащ Кубэ Шэбан и цIэкIэ ят щIыхь тхылъыр. Лъэпкъ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр къалъытэри, дыщэ орденрэ щIыхь тхылърэ къратащ.

Къущхьэ Догъэн и унагъуэ дахэм и гъусэу Истамбыл щопсэу, хьэрычэт Iуэхум хэтщ. И щхьэгъусэр КIэнэтхэ япхъущ. Я щIалэхэу Беслъэнрэ Жанкъатрэ гъуэгу дахэ тетщ.

Догъэн игъэзащIэ уэрэд цIэрыIуэхэм ящыщщ «Согъри – соукIытэ», «Уэ докIуэ, нысашэ докIуэ!», «Нэкъулэн зэ слъагъужыну пIэрэ?», КъыздэкIуэ, си дахэкIей», «Сыхуэмей», «Си дахэкIей», «Уэридадэ», нэгъуэщIхэри. Фи пащхьэ идолъхьэ Догъэн и псалъэхэмрэ лъэпкъ макъамэрэ зыщIэлъ зы уэрэд цIэрыIуэ.

«Согъри – соукIытэ»

 

Сэ узэрыслъагъурэ уи мафIэм сесри,

Согъри – соукIытэ, сымыгъщи – сызэгуоуд.

Мы дунеишхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ,

Си дахэкIей, еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ.

 

Си шыгъуэжь цIыкIури кIэбдзкIэрэ согъатхъуэр,

Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи, ей.

Жагъуэгъу зи мащIэм сыту и насыпи,

Си дахэкIей, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ.

 

Мо ди Iуащхьэжьми дыгъэр кIэредзэри,

Сигу укъыщридзэкIэ мафIэр къысщIонэ мыгъуи сэ.

Лъагъуныгъэ мафIэр сыту къарууфIэт,

Уэ си дуней, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ.

 

Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщIоджагуэри,

Джэгу ущыхэтмэ мы си гур схуэмыубыдыж.

Лъагъуныгъэ щэхур нахуэ къысфIэхъунущ,

Уэ си дуней, ей мыгъуэ, схуэмышэчыжын мыгъуэ сэ.

 

Гъатхэм и дахагъым цIыхупсэр дехьэхыр,

Си псэр дэзыхьэхар жагъуэгъухэм сфIагъэкIуэдай.

Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпIуплъэжтэм,

Уэ си дуней, дуней кIыфIыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ.

Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

Поделиться:

Читать также: