Адыгэхэм я махуэгъэпсыр

ХьэфIыцIэ Мусэбий 2002 гъэм итхауэ щыта зы тхыгъэ къытIэрыхьэжати, тфIэгъэщIэгъуэн ар хъуащ. Абы зи гугъу щищIыр академики профессори зыхэмыта адыгэ мэкъумэшыщIэхэм илъэсым и пIалъиплIми, и дэтхэнэ мазэми, дунейм и къэхъукъащIэхэр блэкIа зэманым и дерсхэмкIэ, нэщэнэхэмкIэ, гъэм и сыт хуэдэ лэжьыгъэми, Iуэхугъуэми акъыл хэлъу, IэкIуэлъакIуэу бгъэдыхьэфу, ягъэзэщIэфу зэрыщытарщ. А Iущыгъэхэр абы къыхихыжат ди япэ итахэм къаIуэтэжахэм, я нэгу щIэкIауэ жаIэжахэм.

- Псом япэу фыщызгъэгъуэзэнут Баллдырэ и борэным (адыгэхэр абы зэреджэр бэдрэжузщ), ар зи щIысымрэ нэгъуей хэкум абы ехьэлIауэ къыщыхъугъамрэ. Ар щIымахуэм и иужьрей дыдэ махуиплIымрэ гъатхэм и япэрей махуищымрэ къэхъу хабзэ борэнщ. Ар иужьрей бжэкIэмкIэ гъатхэпэм (мартым) и 19 - 25-хэращ, жэщибл-махуибл мэхъу.

АтIэ, а Баллдырэ и борэныр 1601 гъэм Нэгъуей хэкум икъукIэ гуащIэу къыхуэкIуат. А гъэм гъэмахуэр зэрикIыу, щIыIэ хуэкIуэ щыхъум, щIы щIагъым гъуэ щызиIэу щыпсэу дзыгъуэхэм я псэупIэр ябгынащ, нэгъуэщI егъэзыпIэ къызэрагъэпэщащ. Абыхэм я гъуэхэр щаухуэрт мэкъу, хьэуазэ, пыпхъуэ лъабжьэхэм, губгъуэм къыщыкI удзыжь нэхъ лъабжьэ быдэ зиIэхэм я зэхуакум. Дуней и пIалъэ зыщIэ, абы и нэщэнэхэм щыгъуазэхэм къагурыIуащ 1602 гъэм и щIымахуэм борэн гуащIэ къызэрыхъунум. МэкъумэшыщIэ махуэгъэпсымкIэ (кIэлындарымкIэ) псэухэм щIымахуэм зыхуащIащ. Емыгугъухэм мэкъумылэр къаймэщIэкIащ. Нэгъуейхэр Iэщ куэд зезыхуэ лъэпкъщ, абыхэм ящыщ зыбжанэм я былымыр яшхын зэрамыIэм, щIыIэм икIуэдыкIащ.

Уеблэмэ жаIэж нэгъуеипщым, былым куэдыIуэ зиIэм, и мэкъумылэр къемэщIэкIауэ а борэныр къытехъуауэ. Пщым хэкур и кIыхьагъкIи и бгъуагъкIи къызэхикIухьащ, мэкъумылэ щэн зиIэ лъыхъуэу. Ауэ мэкъуи, хьэуази, мэш гъупщи ищэну зиIэ имыгъуэтауэ екIуэлIэжащ.

Къуажэпщым ищIэрт МухьэмэдкIэ зэджэ я къуажэ щIалэр гъэтIылъыгъэкIэ зэрымыбэлэрыгъыр. ИкIи пщым лIыкIуэ абы и деж егъакIуэ. Пэжу, Мухьэмэд и чэзум мэкъу куэд игъэхьэзырырт. И Iэщым щIымахуэм къадэхуэр екIуу зэщIибгъэжырти, гъэ иригъажьэрт. Уеблэмэ абы иIэт илъэси 9 - 10 зи ныбжь пыпхъуэ зэщIэбгъэжахэр. Ауэ лIыкIуэм сыт имыщIами, Мухьэмэд гурыIуакъым мэкъу кърищэну. Жэуапу къритар зыщ: «Ахъши, дыщи, былыми - зыри сыхуейкъым. Мэкъум и уасэр пщым и пхъуращ».

Пщыр абыкIэ арэзы хъуакъым. ТIэкIурэ гупсыса иужь, пщым ахъшэу, дыщэу иIэр зэщIикъуэри унэм къыщIихащ икIи Iэщыр зэрыт Iуэм ихьащ. Пщым щIиха мылъку псори и былымхэм ятридзэну арат. И щхьэр здихьынур зымыщIэ, гупсысэ куум хэхуа и адэм абы ипхъу Баллдырэ кIэлъыкIуащ.

- Ди адэ, - жиIащ абы, - мы Iэщым и бэлыхьымрэ и хьэзабымрэ уэри сэри гъуэгу къыдатынкъым. Сет Мухьэмэд, мэкъур уасэу къеIыхи. Ар егъэшхи уи былымыр гъейм къегъэл.

Адэр едэIуащ ипхъу губзыгъэм. Дэтхэнэми метр 20 и кIыхьагъыу мэкъу пыпхъуищ къыIихри, Баллдырэ дахэр абы иритащ.

А мэкъум къригъэлащ пщым и былымыр. Къуажэдэс мэкъумылэншэ хъуа унагъуэхэм я Iэщри, Мухьэмэд мэкъу псапэу яритри, къахузэтригъэнащ. А псори я фIыщIэщ мэкъумэшыщIэ махуэгъэпсым ирипсэу, гъэм и щытыкIэну нэщэнэхэм хилъагъуэм теухуауэ гъэтIылъыгъэ зыщI Мухьэмэд, бэлыхьымрэ хьэзабымрэ къызыгурыIуэ цIыхубз губзыгъэ Баллдырэ дахэ сымэ.

Лъэпкъхэм псалъэжь Iущхэр яIэщ. Нэгъуейхэм жаIэ: «Ади кIуэ, мыди кIуэ, ауэ Баллдырэ и борэным унэм кIуэж».

МэкъумэшыщIэхэмрэ Iэщыхъуэхэмрэ зэрыбжэу щыта махуэгъэпсымкIэ илъэсыр мазэ пщыкIутI, махуэ 365-рэ мэхъу. Илъэсыр IыхьиплIу гуэшащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ пIалъэу.

Гъатхэ. Ар махуэ 92-рэ мэхъу. Гъатхэр къохьэ гъатхэпэм (мартым) и 23-м. Абы хеубыдэ гъатхэпэм щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр (апрелыр) - махуэ щэщI, накъыгъэр (майр) - махуэ 3I-рэ, мэкъуауэгъуэм (июным) щыщу махуэ 22-рэ.

МэкъумэшыщIэр иужь итт гъатхэм мыбэлэрыгъыным. Ижь-ижьыж лъандэрэ жаIэ: «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ», «ГъатхэфIрэ гъэлъхуэфIрэ Тхьэм къывит», «Бэдрэжуз - жэмыжьгъэгыз».

Гъэмахуэм и махуэгъэпсыр. Гъэмахуэр мэкъуауэгъуэм и 23-м къохьэ. А махуэм и жэщыр илъэс псом жэщу хэтым я нэхъ кIэщIщ - адыгэхэр абы «шэмыгъапцIэ жэщкIэ» йоджэ. Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ мэкъуауэгъуэ мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ (июль) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэIу (август) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокIадэм (сентябрь) мазэм щыщу махуэ 22-рэ. Гъэмахуэ махуэ 92-р мы къэкIуэнум хуэдэу гуэшащ (адыгэ мэкъумэшыщIэ кIэлындарымкIэ): бадзэуэгъуэм и 17-м гъэмахуэ шылэр къохьэ - ар махуэ 40 мэхъу, шыщхьэIум и 27-м еух. Абы иужькIэ иджыри фокIадэм и 22 пщIондэ гъэмахуэщ.

Бжьыхьэ. Мы лъэхъэнэри мэкъумэшыщIэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ. Гъэ псом къагъэкIар, къагъэхъуар къыщрахьэлIэж мазэхэщ. Ари махуэ 91-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокIадэм (сентябрым) щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр (октябрыр) зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкIуэгъуэр (ноябрыр) зэрыщыту, махуэ 30, дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуэ 22-рэ. КъэкIыгъэхэм ящыщу бжьыхьэкIэ мазэхэм къэхъу щIыIэм, къех жэп гуащIэм кIэртIофIыр, хадэхэкIхэу помидорыр, къэбыстэр, бжьыныр, нэгъуэщIхэри къегъэлыным хуэсакъын хуейщ.

АдэкIэ къокIуэ щIымахуэр - махуэ 90 хъур. Абы хохьэ дыгъэгъазэм щыщу махуи 9, щIышылэ (январь) мазэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, мазаер (февралыр) - махуэ 28, 29-рэ хъууэ, гъатхэпэ (март) мазэм щыщу махуэ 22-рэ.

ЩIымахуэ шылэр къохьэ щIышылэм и 17-м. щIымахуэ шылэр махуэ 40 мэхъу. Ар еух мазаем (февралым) и 27-м. Абы иужькIэ аргуэру махуэ 25-кIэ щIымахуэу щытщ.

Гъэр къызэрыкIуэм, дунейм и щытыкIэм елъытауэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэрти, я Iуэхур тэмэму къайхъулIэрт. КъайхъулIэрт, сыт хуэдэ гъэми и шыфIэлIыфэм, и къэкIуэкIэм елъытауэ мэкъумэшыр ящIэрти, Iэщыр зэрахьэрти.

Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIа махуэгъэпсыр ноби гъавэ зыщIэхэм, Iэщ зыгъэхъухэм щхьэпэ яхуэхъунущ.

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: