Тхылъ къыдэгъэкIын Iуэхум Котляров Виктор и гуащIэшхуэ хилъхьащ, нобэми и къару емыблэжу абы пэрытщ. А лэжьыгъэм щиIэ зэфIэкIым куэд щыгъуазэщ икIи мызэ-мытIэу псалъэ гуапэхэр хужаIащ.
Гиляхов Абдулыхь, КъБР-м и Конституцэ судым и тхьэмадэ: Къэбэрдей-Балъкъэрым и этнографиер, тхыдэ публицистикэр, феноменологиер уи нэгу къыпхущIэгъэхьэркъым Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр хэмыту.
Котляров Виктор зи Хэкум, псом хуэмыдэу езыр къыщалъхуа икIи къыщыхъуа Кавказым, и гъащIэ псор зыхуигъэпса Къэбэрдей-Балъкъэрым лъагъуныгъэ гуащIэ хузиIэ цIыхущ. Журналистым, тхакIуэм, къэхутакIуэм хузэфIэкI псори ещIэ ди республикэ дахэр зэрыкъулей щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм, абы и тхыдэ къэхъукъащIэхэм цIыхухэр дегъэхьэхынымкIэ икIи езым и гъусэу абыхэм къагъэув упщIэхэм я жэуапхэр къалъыхъуэну къыхуреджэ.
И лъахэр къихутэныр, зихуэдэ щымыIэ абы и дахагъэр и хэкуэгъухэм гукIи псэкIи зыхегъэщIэныр Котляров Виктор фIыуэ илъагъуу игъэзащIэ Iуэхущ икIи ар абы хъарзынэу къохъулIэ. Абы и лэжьыгъэ псори, и нэмысыфIагъым къыхэкIыу езым апхуэдэу къимылъытэми, щIэныгъэ-тхыдэ къэхутэныгъэ лъабжьэр яIэщ. Зы Iуэхугъуэ закъуэщ ахэр а зи гугъу тщIым къызэрыщхьэщыкIыр: абыхэм авторым узытекI мыхъун жэуап пыухыкIа къыщигъэлъагъуэркъым, атIэ Iуэхугъуэр къыщеIуатэ, езым и нэгу щIэкIа дахагъэр удихьэхыу етхыж икIи тхылъеджэм Iэмал ирет абы езым и гупсысэ, и еплъыкIэ къыхихыну. Уеблэмэ а псор и нэкIэ зригъэлъагъунуи гъуэгуанэ трешэ. Тхыдэ публицистикэмрэ феноменологиемрэ дежкIэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ яIэщ.
Хъурей Феликс, профессор: «ЦIыхум и пщIэр къыхуэзыхьыр и цIыхугъэрщ, и IуэхущIафэхэрщ, къэзыухъуреихьхэм яхуиIэ щытыкIэрщ, и псэм и къулеягъырщ», - жиIащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Роллан Ромен. Жылагъуэр зытезыIыгъэр апхуэдэ хьэл-щэн зыхэлъ цIыхухэрщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ ди лъэхъэнэгъухэм ящыщу къыхэзгъэщыну сыхуейт Котляровхэ Викторрэ Мариерэ. Ахэр зэхэщIыкI ин, дуней еплъыкIэ куу, творческэ зэчий телъыджэ зиIэ цIыхухэщ. Абыхэм ядыболъагъу хэкупсэ нэсым и гурыщIэ лъагэхэр.
Смирновэ Наталье, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор: Щэнхабзэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм, и щытыкIэ телъыджэхэр зыубзыхуахэм япэщхьэхуэу. Апхуэдэ дыдэуи къалэн ин ягъэзащIэ нэгъуэщIхэм къагъэщIар хъумэныр зи пщэрылъу къэзылъытэхэм.
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ щэнхабзэ фIыгъуэхэм я хъумакIуэ емызэшыжщ. Пэжыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм хуэлажьэхэмрэ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ хъумэныр, а псом хуэсакъыныр абыхэм я гъащIэ Iуэху хъуащ. Абыхэм яхузэфIокI «мыбдеж, иджыпсту» щыпсэун, апхуэдэуи илъэсипщI бжыгъэкIэ, уеблэмэ лIэщIыгъуэкIэ зэIэбэкIыжу, абы щыгъуэ щыIа гъащIэм «къыдэгъуэгурыкIуэфын». Гупсысэ лъагэхэмрэ къызэрыгуэкI Iуэхухэмрэ телъыджэу щызэщIожьыуэ абыхэм я дунейм. Тхылъхэм зи гугъу щащI Iуэхухэр ящымыгъупщэу ящIэнырщ, иринэщхъеинырщ, иригушхуэнырщ я къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэр.
… Сыт лъэпкъхэр зэгъунэгъу зыщIыр, абыхэм я кум пщIэ, къуэш зэхущытыкIэ дэлъыным и лъабжьэр? Псом нэхърэ нэхъыщхьэр, сэ къызэрысщыхъумкIэ, зым и щэнхабзэм адрейр щыгъуэзэнырщ. Щэнхабзэм и бзэращ зэгурыIуэныгъэм ухуэзышэр. Аращ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ зытелажьэр. Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэм я IэдакъэщIэкIхэм ди щэнхабзэр къагъэбеящ.
Викторрэ Мариерэ зым и зэфIэкIым адрейм дыщIигъужу апхуэдэщ. Я щIэныгъэр, щыпсэу щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэр абыхэм сэбэп къахуохъу гъащIэшхуэ къызыпэщылъ тхылъхэр ятхынымкIэ. Зэщхьэгъусэхэм зэдатха тхылъхэр мыхъумыщIагъэм гущыкI хуозыгъэщIщ, лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ укъыхуезыджэщ.