НОБЭФокIадэм и 10, гъубж ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэщ Япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ етыным и дунейпсо махуэщ 1916 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург ЩоджэнцIыкIу Iэдэм. 1921гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэчыр Умар. 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, прфессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бажэнэ Мурат. 1937 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КIэнцIэлий Лиуан. 1938 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, нагъыщэ нэхъыщхьэ зиIэ хеящIэ Къунаш Адэлбий. 1938 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къанщыкъуей Риммэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 – 26-рэ, жэщым градус 19 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэ зэхэпхыжынщ. Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2025 - 12:00 →
Фэеплъ жыгхэр
25.04.2025 - 16:54 →
КъэхутэкIэщIэхэм дызыхуашэр
25.04.2025 - 15:13 →
НОБЭ
24.04.2025 - 12:26 →
НОБЭ
23.04.2025 - 11:08 →
НОБЭ
|