Узыдэплъеипхъэ цIыху Дызэрыт мулид мазэм и цIэ къипIуэну хуэфащэщ ислъамым теухуа усэрэ гупсысэрэ зи куэд, нэмыцэ усакIуэ цIэрыIуэ Гёте Иоганн
Вольфганг.
«Удэплъейуэ зи хьэл зыхэплъхьапхъэ цIыху тхыдэм къыщыслъыхъуати, Мухьэмэд-бегъымбарым фIэкIа згъуэтакъым», - псалъэухар Гёте жиIауэ хуагъэфащэ. Ар хэмытуи, муслъымэн динымрэ ар къызыхуеха Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхамрэ пщIэ зэрахуищIыр къыщигъэнаIуэ тхыгъэ и мащIэкъым Гёте. 1849 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ «КъухьэпIэ-КъуэкIыпIэ диван» зыфIища абы и тхылъыр. «Диван» псалъэм мыбдежым и мыхьэнэр «усэ тхылъщ». КъурIэным фIыуэ щыгъуазэ Гёте а зэманым нэмыцэбзэкIэ зэрадзэкIа Хьэфиз и усэхэм щIэджыкIырти, езыр зытхьэкъур и лъэпкъэгъухэми яригъэцIыхуну хущIэкъу къыщIэкIынт.
Тхылъым и Iыхьэ къэс щхьэхуэу тхыдэ напэкIуэцI гуэрым хухэхауэ, къухьэпIэм щыпсэухэм ислъам щэнхабзэр къазэрыфIэщIым хуэдэу зэрымышынагъуэр къагуригъаIуэрт Гёте и лъэпкъэгъухэм. Абыхэм язт «Мухьэмэд теухуа уэрэдри».
Езы усакIуэр мы гъэм илъэс 275-рэ ирокъу. КъурIэным теухуауэ ди нэ къыфIэна, зи гугъу тщIа «КъухьэпIэ-КъуэкIыпIэ диваным» щыщ сатыр зыбжанэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ.
***
Нэхъ пасэм, и гугъу ящIын хъумэ КъурIэным,
Iэятри сурэм и бжыгъэри ящIэрт.
Нэмэзым темыплъэкъукI муслъымэныр
ЦIыху къабзэ щэныфIэт, щIыхьышхуэ къыхуащIу.
Нэхъыбэ къаджа нэхъей, иджырей «щихъхэм»
Я макъхэр щыIамрэ къежьамкIэ ятхъунщI.
Дэращи, ди пшагъуэ хэтыныр иухкъым.
Уа лъапIэу КъурIэн! Уа дуней псэгъэтынш!
Гёте зи гугъу ищI КъурIэн лъапIэм псэр зэригъэтынш Iэмалхэр дэ зыхэдмыщIэнкIи хъунущ, ауэ нэхъыжьхэм ягъэунэхуа абы и фIыгъуэхэм ящыщщ сурэ щхьэхуэхэм щытыкIэ гугъум ихуар къызэрырашыфыр. Псалъэм и хьэтыркIэ:
«Iэс-Сэфат» сурэм 7 къеджэр зыхэпсэукIын мылъкум щыщIэнукъым.
«Щад» сурэм щIэх-щIэхыурэ къеджэр шейтIаным и Iейм щыхъума хъунущ, абы и сурэтым ит цIыхухэми къелынущ.
«Iэз-Зумар» сурэм куэдрэ къеджэм Алыхьталэм и пащхьэм пщIэ къыщыхуащIынущ икIи Хэт нэхъри нэхъ хьэлэлыр тыгъэкIэ жумарту къыхуэупсэнущ.
«Iэл-МуIмин» сурэм 7 къеджэм зыхуейр къехъулIэнущ.
Бийхэм, щIэпхъаджащIэхэм, жыпиIэбэхэм ящыхъума хъуну хуей цIыхур «Фущщилэт» сурэм къреджэ.
«Iэд-Духъан» сурэм къеджэр псоми фIыуэ къалъагъуу хъунущ.
Гъуэгу техьэну зи мурадыр 40-рэ «Iэл-Джасия» сурэм кърыреджи, и Iуэхури къехъулIэнущ, езыми зыри къыщыщIынукъым.
«Iэл-Iэхькъаф» сурэм укъеджэрэ ар зытетха тхылъымпIэр щыгъыныр щыпхъумэ сырэм дэплъхьэмэ, абы хъун хищIэнукъым.
Зауэ щекIуэкI лъэхъэнэм махуэ къэс гу къабзэкIэ 40-рэ «Мухьэмэд» сурэм укъеджэмэ, захуагъэм тету зауэм и дзэр текIуэнурэ и бийхэр щIэпхъуэжынущ.
«Iэл-Фэтхь» сурэм 41-рэ къеджэм и Iуэху псори тыншу зэфIэкIынущ.
А сурэм махуэ къэс «Мухьэмэд» сурэм и гъусэу укъеджэмэ, Алыхьым и унафэкIэ, бийхэр щIэпхъуэжынурэ зауэ губгъуэм ижыжынущ. Гъэзий Нэджи Ефэнды лъапIэм и лъэIукIэ, а суритIми Тыркур и хуитыныгъэм щыщIэбэна зауэм и зауэзэрылI нэхъ гуащIэхэм деж хьэфизхэр кърагъаджэрт. Бийхэр щIэпхъуэжри, щIэрыщIэу къатеуэжын папщIэ зэхуэсыжыфауэ щытакъым. Ар езы щIэныгъэлIым къиIуэтэжащ.
«Iэл-Хьуджурат» сурэм зи узыфэм хущхъуэ къыхуэзымыгъуэтыф сымаджэр 7 къеджэмэ, хущхъуэри къигъуэтынурэ и узыншагъэри зэтеувэжынущ.
«Къаф» сурэм мэрем жэщ къэс 3-рэ къеджэм Алыхьым и нэр жан ищIынущ. Езыри нурыр къыщхьэщихрэ насыпыфIэу псэунущ.
«Iэз-Зарият» сурэм гъавэр щымащIэм е гъаблэм и зэманым 70-рэ къеджапхъэу къалъытэ. Абы иужькIэ ерыскъым берычэт къыщIыхьэжынущ, хаса псори бэву къэкIынущ.
«IэтI-ТIур» сурэм сымаджэм папщIэ 3 укъеджэмэ, узыншагъэ быдэ къритынущ. Зи зэхущытыкIэр къэтIэсхъа зэщхьэгъусэхэми я зэхуакум зэгурыIуэрэ лъагъуныгъэрэ къыдилъхьэнущ.
«Iэн-Нэджм» сурэм уигу иплъхьар къохъулIэн щхьэкIэ 21-рэ укъеджэну фIыщ.
«Iэл-Къэмэр» сурэм уи гум шынэр ирех.
«Iэр-Рэхьман» сурэм къеджэм и гур гуфIэгъуэм егъэнщI, и унэр мамыр, и хьэрычэт Iуэхухэр берычэт ещI.
«Iэл-Уакъихьэ» сурэм къеджэр зыми хуэмыныкъуэу, мылъкурэ пщIэрэ иIэу псэунущ. Зи мылъкур зыфIэмащIэр ахъшэмымрэ жасымрэ я зэхуакум а сурэм кърыреджэ.
Дауи, зи гугъу тщIа фIыгъуэхэм я бжэр Алыхьталэм пхузэIуихын папщIэ, уэри Абы и унафэхэм ухуэжыIэщIэу, Iиман куу ббгъэдэлърэ, зэрыжаIэу, зи лъэIур зэхах, зи IуэхущIафэхэр зыIах муслъымэн нэсу ущытыпхъэщ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 12:33 →
Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 17:00 →
Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 →
ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ
|