Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романым теухуауэ
«Хьет!» жегъэIэ!» псалъэхэр дуней тетыкIэ дахэм дыкъыхуезыджэу, абы къыдэкIуэу, цIыхугъэм дытемыкIынымкIэ унафэу къытхуэзыгъэна лъэпкъыр, дауи, хуэмыхуакъым. «Хьет!» жегъэIэ!» къыжраIамэ, «фIагъкIэ псоми ятекIуэ, лIыгъэ зехьэ» жиIэу къызыгурыIуэ щIэблэ зыгъэсар, дауи, ныбжь зиIэ лъэпкъщ. Ар хьэтхэм я деж къыщежьэу нобэ «адыгэ» фIэщыгъэр игъуэтыху, сытым зихъуэжами, и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр ихъумэжу къэгъуэгурыкIуа лъэпкъращ.
Сыт хуэдэ лъэхъэнэми лъэпкъ нэщэнэхэм хэкIакъым хэкур фIыуэ лъагъуныр, ар хъумэжыным хуэхьэзырыныр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, быныр зэпэщу гъэсэныр, ныбжьэгъум хуэпэжыныр. Адыгэ къэралыгъуэ щыIахэм тету яIам къалэн нэхъыщхьэу къадэгъуэгурыкIуащ хэкур бийм щыхъумэныр, гъунапкъэхэр гъэбыдэныр, къалъыса щIы кIапэм зегъэубгъуныр. Аращ хьэт лъэпкъым и щытыкIари. Гугъэзэгъэгъуэщ а дуней жыжьэм и щэхухэм щыщ «къытхуэзыгъэпсэужын» ди тхакIуэхэм къазэрыхэкIар. Зи гугъу сщIыну сызыхуейр Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ и роман «Хьэтхэр» аращ. Романым щытлъагъур пащтыхь унагъуэмрэ дзэпщхэмрэ я щыIэкIар, зэхущытыкIар, зыхущIэкъуа-зыщIэхъуэпсахэр, ар къехъулIэным халъхьэ Iэмалхэращ, лъэпкъыр зэи зыхэмыкIа зауэм къызэрыгуэкI зауэлIхэр бжыгъэншэрэ кIуэдыкIейуэ зэрыхэкIуадэр, текIуэныгъэ къахьамэ, пащтыхьыр абы нэхъри ин ирихъуауэ къызэрекIуэлIэжыр ди нэгу щыщIигъэкI напэкIуэцIхэм дыщрохьэлIэ.
Романыр тхыдэм зэрыпэгъунэгъурат нэхъ тегъэщIапIэ сщIынур. Ар къыщожьэ и фIэщыгъэм - «Хьэмтетыгъуэ». Хьэтхэм я пащтыхь МывэтIалэ зэпымычу мысырхэм пэщIэтын хуейуэ, и хъуреягъкIэ щыIэ щIыналъэхэр къизэууэрэ и щIым зригъэубгъуу и гъащIэр ихьауэ, иджы и жьыхъугъуэм зэригъэпэща къэралыгъуэр къызыхуигъэнэн зэримыIэм иринэщхъейуэ дыщрохьэлIэ тхылъым. Ар хуеят зи псантхуэр мыузыншэ и къуэ ТIэшуб лъэныкъуэ иригъэзу, пщыгъуэр и къуэш нэхъыщIэ Хьэтусилэ иритыну, ауэ, тхылъыр игъэхьэзырами, пщызэхуэсым щыжиIэну хунэмысауэ дунейм ехыжащ. ТIэшуб илъэсиблкIэ къэралыр IэщIэлъауэ, Хьэтусилэ хузэфIэкIащ абы пщыгъуэр къыIэщIихыжыну. Абдеж къыщыщIэдзауэщ Хьэт къэралыгъуэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтар, щихьэмтетыгъуар.
Романым и къыщIэдзапIэм къыщыхощ хьэтхэм я къалэр мывэ блын лъагэхэмкIэ къещIэкIауэ, мывэ аслъэнхэр хъумакIуэу къалэ дыхьэпIэм Iусу. А блынхэр зэрыщIар ауэ къызэрыгуэкI мывэтэкъым, дауэ къаIэта икIи зэтралъхьэфа, жыуигъэIэу, мывэ абрагъуэт. Хьэтхэм мывэм къыхащIыкIырт тхьэхэм, псэущхьэхэм, цIыхухэм я сурэт. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпыну тонн 15 зи хьэлъагъ мывэм елэжьыфхэрт, къаIущIыхьыфырт, траIущIыкIыфырт. Къырым унэ хащIыхьырт, инагъкIэ Iуэхум хуэкIуэ закъуэмэ, мывэ абрагъуэхэм я щхьэфэр захуэ ящIырти, унэ тращIыхьырт. Мывэм зыхуейр къыхащIыкIыныр хьэтхэм я дежкIэ бэлыхь зыпыщIа Iуэхутэкъым. Абыхэм зэтралъхьэфа мывэ блынхэр нобэми ягъэщIагъуэ, апхуэдизкIэ зэхуэгъэкIуауэ, зэгъэкъуауэ зэтелъщи.
Хьэтхэм гъущIым къыхэщIыкIа Iэщэ къагъэсэбэпу щIадзат, гъуаплъэ лъэхъэнэр икIырт. Ар къыхощыж Фырэ-Къаныкъуэм и романым: «Хьэт къэралыгъуэм къарууэ иIэр хуэкуэстэгухэр къызэгъэпэщынымрэ дэщIхэр, афэ джанэхэр нэхъ быдэ щIынымрэ хуиунэтIащ. АбыкIэ я кIэн къикIауэ жыпIэ хъунут хьэтхэм - мысырхэр гъущIым ирилэжьэфыртэкъыми, афэ джанэ яхуэщIыртэкъым. Хьэтхэм куэд щIауэ яхъумэрт гъущIым зэрелэжьым и щэхухэр». Ахэращ гъущIым Iэщэ къыхащIыкIыу япэ дыдэ езыгъэжьар, ахэрат гъущI зэрагъавэм и Iэмалыр къэзыщIар. Абы и щэхур хэIущIыIу щыхъуар Хьэт къэралыгъуэр лъэлъэжа нэужьщ.
УмыгъэщIагъуэу къанэркъым Хьэт къэралыгъуэм щызекIуа хабзэхэм ящыщу тхыдэ тхылъхэм къыщагъуэтыжу щIэныгъэрылажьэхэм щыгъуазэ дызыхуащIыжар «Хьэтхэр» романым убгъуауэ къызэрыхэщыжыр. ТхакIуэр, дауи, а зэман жыжьэм куууэ хыхьащ, абы къыщыхъуа-къыщыщIа псори «и фэм иригъэкIащ», гурэ псэкIэ «яхэтащ», апхуэдэу «нэрылъагъуу» хьэт лIыхъужьхэр ди нэгу къыщыщIигъэувэфкIэ.
«Хьэтейм зэи зыри щыпалъэртэкъым, щаукIыртэкъым, къуаншагъэ ялэжьами. АтIэ, тезыркIэ зэфIэкIырт Iуэхур: ахъшэшхуэ ирагъэтырт е лэжьыгъэ хьэлъэ гуэр хуагъэфащэрт» - щыжеIэ романым.
Iеймрэ фIымрэ, пэжымрэ пцIымрэ зэхэгъэкIыным мыхьэнэшхуэ иратырт хьэт-хэм. НэгъуэщIым лей езыхар къэгъазэ имыIэу ягъэкъуаншэрт, я фIэщ хъурт илэжьа къуаншагъэм пэкIуэу Тхьэм и нэлат къылъысыну, ауэ абы лъыщIэж ирамыщIылIэныр IуэхуфIу щыIэм я нэхъыщхьэу хабзэ щыIэт. Щапхъэу къэтхь хъунущ Телепину пщым и псалъэу тхыдэ тхылъхэм ихуар: «ЖиIащ пщы Телепину езыр зыукIыну хуея бийхэм щхьэкIэ: «Ирепсэу ахэр, ирефэ, ирешхэ. Телепину абыхэм Iей лъэпкъ якIэлъызэрихьэнукъым. Сэ аращ сытым дежи жысIэр: сэ лей къызэзыхахэм есхыжыну сыхущIэкъуркъым». ЗэпэщIэуваитIым щыщу текIуэр щIытекIуэр пэжыр абы и лъэныкъуэм зэрыщыIэр арауэ къалъытэрт. Ари зы гупсысэкIэ хьэлэмэтт. Зытеуэ щIыналъэхэми хабзэ гуэр хэлъу бгъэдэувэрт хьэтхэр: щыпсэу лъэпкъхэм зыкъатмэ, щхьэхуимыт ящIырт, ауэ яукIыртэкъым, псэууэ къагъанэрт. ЗыкъыпэщIасэмэ, зауэ гуащIэ иращIылIэрт, щысхьрабгъу хэмылъу.
Хьэтусилэ и гъащIэр романым къызэрыхэщыжым куэдкIэ тохуэ. Богазкей дэфтэр хъумапIэм и къекIуэкIыкIар езым итхыжауэ тхылъ щIэлъщ. Ар апхуэдизкIэ зэгъэкIуауэ, дахэу итхыжащи, абы къеджэжа щIэныгъэрылажьэхэм ягъэщIагъуэу жаIэ: мыпхуэдэ тхэкIэ, псалъэ къэгъэсэбэпыкIэ зиIа лъэпкъым екIуу зэфIэува литературэ зэраIам шэч хэлъкъым.
Хьэтусилэ щысабийм сымаджэрилэу зэрыщытари, шыхъуэ къалэныр зэриIари, Iэштэр и тхьэунэм ирату къызэрыщыхъуари пэжым тетщ. Хьэт къэралыгъуэм и ищхъэрэ къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ щIыналъэхэм я унафэщIу ягъэува Хьэтусилэ и гъунэгъу къашкъэ лъэпкъыр дарэгъу къищIын хузэфIэкIати, пащтыхь хъууэ зэуэным щыхыхьам, ахэр къыкъуэуват. Амурру пщыгъуэм и пащтыхьу фирхьэуным дзыхь зыхуищI Вындэшынэ тригъэуват, ауэ ар хьэтхэм яубыдри щхьэхуимыт ящIауэ, Хьэкъмыс къагъэкIуат, Хьэтусилэ и нэIэ тету игъэпсэун хуейуэ. Жыжьэ плъэ цIыхути, ар зы зэман къызэрыхуэсэбэпыжынур къыгурыIуэри, гъунэгъу зыхуищIат, езым и пхъур абы щхьэгъусэу иритащ, Вындэшынэ и пхъур нысэ ищIащ. Пэжуи, пщыгъуэр иубыдынымкIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуат Вындэшынэ, ауэ езыри хилъэфакъым - и пщыгъуэу щыта Амуррэ хьэт щIыналъэ хъуагъэххэти, къыIэщIилъхьэжат. Хьэтусилэ и фIыжыIэгъухэр къызэщIиIэтэу ТIэшуб тридзари, пщыгъуэр езым иубыдари пэжым тетщ. Абы хузэфIэкIащ МывэтIалэ и къуэ ТIэшуб тридзу щIыпIэ жыжьэ игъэIэпхъуэну, езыр пащтыхь тахътэм итIысхьэну.
МывэтIалэ пащтыхь ахъырзэмант, ауэ зекIуэ жыжьэхэм къэтыху и хэкум щыщ Iыхьэ, Хьэтуссэ къалэри хиубыдэу, къашкъэхэм яубыдати, арат къалащхьэр щIигъэIэпхъуар. Иджы а лъэпкъыр Хьэтусилэ и лъэныкъуэ къищIыфати, арагъэнущ ухуэныгъэхэр иригъэкIуэкIыу къыщIигъэщIэрэщIэжыфар. Хьэкъмыс щыIа и IуэхущIапIэри псэупIэри абы къихьыжри къалащхьэ ищIыжащ. Мис апхуэдэу къэхъунум егупсыс, абы елъытауэ зи чэзу Iуэхур зэфIэзых цIыхуу тхыдэми къыхощ, романми къыщыгъэлъэгъуэжащ а пащтыхьыр. ЗауэлIхэр Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэдэн, бийм зэрефIэкIын IэщэщIэ къэгупсысын, зауэ IэнатIэм щыIухьэнум, бийр хигъэщIэн папщIэ къэсэбэпыну Iущыгъэ-бзаджагъэу хилъхьэнур къэгъуэтын, махуэщIэ къэхъуамэ, и къалэн игъэзащIэу и щIыналъэр къызэхикIухьын, цIыхухэм тыгъэхэр яхуищIу, я фIыщIэ къилэжьу - аращ а пащтыхьым и гъащIэр зытеухуауэ щытар.
Романым узригъэгупсысхэм ящыщщ пащтыхь унагъуэм къралъхуэ сабийхэм насыпыфIэ къазэрыхэмыкIыр. Псом хуэмыдэу пхъухэм я гъащIэм езыхэм, куэдми мащIэми, унафэ тращIыхьыжыфыркъым. А зэман жыжьэу Хьэт къэралыгъуэр щыщыIами а Iуэхур нэгъуэщIакъым. Ар хыдолъагъу Хьэтусилэрэ Дэдейрэ я бынхэм. Япхъу курыт Нэптерэ и дахагъыр Iуплъэр зыхьэхущ. Балигъ хъуа хъыджэбзым гухэлъ хуищIащ Хьэтусилэ зи вакъуэ адэ Алэдамэ. Ар мэуэт пщы унагъуэм къыхэкIами, хъунщIакIуэу тенджызым тетхэм къаубыдри, хьэтхэм пщылIу къращащи, и лIыгъи, цIыхугъи, унагъуэм яхуиIэ пэжыныгъэри пэлъэщынукъым Хьэтусилэ и пхъур къритыным. Пщыгъуэм лъагъуныгъэ ищIэркъым, ищIэр фейдэщи, Хьэтусилэ дежкIэ фейдэт ипхъу тхьэIухудыр Рамзес II иритрэ яку илъ зэныкъуэкъу кIэншэр игъэувыIэмэ. ТхыдэмкIэ зыдгъазэмэ, а зэманым хьэтхэр нэхъыбэу къэзыгъэгузавэр Ащыр къэралыгъуэрат (Ассирие). Ащырым ипщ Сэлмэнэсэр Ермэлы бгылъэхэм куууэ къыхыхьэрт, Евфрат аузым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ хьэтыщIхэм къыщыхуеIэу. Хьэтусилэ Митанейм ипщ Шаттуару II дэIэпыкъурт, Сэлмэнэсэр абы и щIыналъэм щыхигъащIэмэ, езым деж къэсынутэкъыми, ауэ текIуар Сэлмэнэсэрщ. Абы Ащырыр зэтрикъутауэ Къаркъэмыш къызэрыхуеIэм игъэпсынщIащ хьэтхэр мысырхэм гурыIуэжыныр, Бабылейм (Вавилон) яхуиIа пыщIэныгъэр зэтраублэжыныр. Хьэт къэралыгъуэр зейхэм къахуэнэжыным Iэмал хэлъхьэн хуейт. Мис а щытыкIэ гугъум ит Хьэтусилэщ Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ пщызэхуэсым къыщигъэпсэлъар. Абы жиIар къэрал унафэщI гупсысэ зыхэлъщ, уи гур зыгъэузыр нэхъыбэми: «...Тхыдэм къытхуигъэгъунукъым, къэралыгъуэр Рамзес еттмэ. Хы Курытри тенджыз ФIыцIэри хуит хуэхъунущ итIанэ. Аращи, фирхьэуныр благъэ сщIырэ фIыкIэ сыгурыIуэмэ, си лъахэр бэIутIэIум щысхъумэнущ. Мардэ икIыпIэщ мы Iуэхур, си ныбжьэгъухэ. Сыхуейщ мыбдеж къекIуэлIахэр псори Мысырым сутIыпщыну лIыкIуэхэм фахэтыну. Нэптерэ Мысырым фшэуэ, фирхьэуным зэгурыIуэныгъэ ефщIылIэу, хъыбарыфIхэр къысхуэфхьу фыкъекIуэлIэжыну. Аращ си унафэр. ТхуэфIыну!»
Я гъащIэм и унафэ езыхэм зэрамыщIыжынум щIапIыкIырт пщыпхъухэр. Зыхуейм зэрырамытынур, лъагъуныгъэм ихьми, зыри абы елъытауэ зэрыщымытынур пасэу гурагъаIуэрт. Романым къыхощ Хьэтусилэ ипхъухэм ар фIыуэ зэрапкърыхьар: «… Мес, Къейшэху и щхьэгъусэр ди адэм и ныбжьщ. УдэкIуэн хуейщ жаIа- ти, «хъунщ» жиIэу и щхьэр игъэщхъа мыхъумэ, зы псалъэ къыфIигъэкIакъым. Аращ дэри къытпэщылъыр. Ар пщыпхъухэм ди зэхуэдэ гукъеуэщ, ди лъагъуныгъэ щэхур ди гум ибэмпIыхьу ди гъащIэр тхьынущ, - нэщхъей къэхъужащ Нэптерэ.
- Умынэщхъей, си шыпхъу дахэ, си гур уогъэуз, - Нэптерэ и Iэблэр Тэшмий еубыд …»
СыткIэ ящIэнт зэшыпхъуитIри апхуэдэ дыдэу ныбжь зиIэ Рамзес II илъэсий я зэхуакуу щхьэгъусэу иратыну…
Аратэкъэ ахэр къэзылъхуа анэм и Iуэхури зэрыщытар?
Зи гурылъыр къыхуэзыIуэта ипхъу Нэптерэ егъэIущ Дэдей: «Сэри фи адэр сцIыхуакъым сыкъыдэкIуэн ипэ. Сыкъратын ипэ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ. Сэри сиIащ лъагъуныгъэ щэху, - и набдзэ лъэныкъуэр дришейри, щхьэгъубжэм дэплъащ гуащэр. - Ауэ, плъагъурэ, Хьэтусилэ фIыуэ слъэгъуащ, сызэгуэуду сыкъратами. Ар езы цIыхухъум елъытауэ аращ, фIыуэ плъагъунрэ пхуэмылъагъунрэ. Фи адэр цIыху щабэт, хьэлэлт, къысщысхьырт, сыкъыгурыIуэрт. Плъагъурэ, езыми куэд и нэгу щIэкIат, куэд игъэвати, фIым и уасэр ищIэрт. Арати, и цIыхуфIагъымкIэ, и щабагъымкIэ, и щытыкIэ дахэмкIэ сыкъыдихьэхащ».
Ауэ Дэдей хуэдэу, къэралыгъуэм и къэкIуэным тращIыхьурэ имыцIыхуххам, имылъэгъуам ират псоми я гъащIэм лъагъуныгъэ къыхыхьэртэкъым. Пщыгъуэм и фейдэм текIуэдахэм я щапхъэу романым къыщыгъэлъэгъуащ ТIэшуб и щхьэгъусэ Зэнзей. Ар зыIут IэнатIэр гугъэбэгщ: «ТIэшуб и жэщгъуэлъхэр къриджауэ, хэт жызум къыжьэдилъхьэу, хэт къедэхащIэу, хэти санэплъ къыхуригъахъуэу зэхэст, дунеижьым къыщыхъур къафIэмыIуэхуу. Зэнзей пщыр илъагъуну къыщыщIыхьэм, абы къригубжьащ:
- ФыщIэкIыт зэрыщыту! - жиIэри, бжэблыпкъым къиуващ.
ЦIыхубзхэр абы хуеплъэкIырт, пыгуфIыкIыу щIэнакIэу.
- ФыщIэкI, жысIакъэ?! - Зэнзей и макъым зыщригъэIэтым, ТIэшуб и щхьэр ищIащ, «фыкIуэ» жыхуиIэу…»
Урысым «дахэу укъамылъхуу, насыпыфIэу укъалъхутэм» жыхуиIэм хуэдэщ пщыхэм япхъухэм я гъащIэр. Наптерэ и дахагъым итхьэкъуа Рамзес II цIэщIэ къыфIищат - МэIэтхъэрнефрурэ (дыгъэм хуэдэу дахэ), адрей и щхьэгъусэ къомым химыгъэгъуащэу, нэхъыщхьэ ищIат. Нэптерэ тхьэIухуду зэрыщытам шэч къытозымыгъэхьэщ тхыдэ тхыгъэхэм абы и гугъу къыхэнар: «Зиусхьэным къилъэгъуащ абы и теплъэ Тхьэхэм ещхь зыщIыр. Ар къэхъугъэ телъыджэт, зэи зыми имылъэгъуа хьэлэмэтт, псалъэкIэ пхужымыIэнт, зы тхыгъи зэи къыхэмыщат… Фирхьэуным ар адрей и щхьэгъусэхэм нэхърэ нэхъыфIу илъэгъуащ».
Нэптерэ фирхьэуным зэрыратынур, Алэдамэ зэи зэримылъагъужынур къыщищIэм, мурад ищIащ адэми, Рамзеси, убзапщIэу зэрыратми я нэхейкIэ зы жэщ насыпыфIэну. А жэщыр дихьащ фIыуэ илъагъу щIалэм. ЕкIуркъым, тIури къуаншэщ. ТIури Хьэтусилэ ебэкъуащ, хабзэм елъэпэуащ, я нэмыс яIыгъыжакъым, укIытэ ящIэжакъым. Ауэ апхуэдиз тегушхуэныгъэ зыхэлъ адэм и пхъур хуэмыхь щытыкIэм ирагъэувэмэ, сытми ебакъуэу зыгуэр хуэгъэшыну къысщохъу. Къэрал абрагъуэр зыIэригъэхьэу зэрызэщIиIыгъэн къарурэ лIыгъэрэ зыхэлъ Хьэтусилэ и пхъум къэукъубеин хьэл-щэни къылъыкъуэкIыфынут. ДэкIуэнущ зратым, апхуэдэщ къекIуэкIри. Ауэ езыми хуитыныгъэ зретыж и дзыгъуэ джанэр фIыуэ илъагъум щригъэхыну. Псэуху аращ абы насыпкIэ зэджэм щыщу игъэунэхунури, игу къигъэкIыжыну игъуэтынури. Арагъэнщ щIыпIэ жыжьэм, хамэ цIыхухэм ядихьыну гъащIэр къыдэзыгъэпсынщIэнур.
Алэдамэ, Хьэтусейм щыщхьэхуимытми, Мэуэтейм щыпщыкъуэт, ауэ дэнэ щымыщами, пэжыныгъэ, лIыгъэ, хахуагъэкIэ сыт хуэдэ фIыщIэ къимылэжьами, Нэптерэ и насып хэхуэнутэкъым, а пщащэр къэралитIыр зэхуэфIыным и уасэти. Арат Хьэтусей къэралыгъуэм дежкIи абы и пащтыхь Хьэтусилэ дежкIи мыхьэнэ зиIэр, армыхъумэ ныбжьыщIитIым я гурыщIэм и кууагъратэкъым.
Рамзес жьы хъуат Хьэтусилэ ипхъу нэхъыщIэ Тэшмий мылъкушхуэ дэщIыгъуу щыхурагъэшам. Нобэрей гъащIэм дипсэлъыкIмэ, «ар дауэ, мы сабийр мо лIыжьми? ЗэшыпхъуитIми зы щхьэгъусэ яIэуи?» жытIэнущ. Ауэ а зэманым шордакъым къеплъых пщым илъагъум елъытат ищI унафэри. Сытыт Хьэтусилэ илъагъур? И псэм тыншыгъуэ къримыту, и щхьэр игъэуз зэпыту и гум илъ гупсысэхэмкIэ пащтыхьыр къадогуашэ зэхэшэм кърихьэлIа и дзэпщхэм: «Сыт хуэдиз зауэ къызэднэкIа? Сыт хуэдиз гъащIэ яхьа а зауэхэм! Сыт хуэдиз насып зэтракъута абыхэм! Зауэ нэужьыр хьэдагъэщи, анэхэмрэ щхьэгъусэхэмрэ я нэпсыр мыгъущ щIыкIэ, зеиншэу къэна, къэжэпхъа къуэхэмрэ къуэрылъхухэмрэ ирагъажьэу дыкъогъуэгурыкIуэ. Ди щIыр къытхуэнэ- жа щхьэкIэ, дэ езыр мащIэ дыхъуащ. Лъэпкъыр кIуэдыжыгъуэ диувауэ жыпIэ хъунущ. Сыхуейкъым си адэжьхэм нобэм къашэса къэралыгъуэр яжьэ хъужыну, си пагагъэм текIуэдэжыну, си лъэпкъэгъухэм я кхъащхьэм фирхьэунхэм уардэ Iуащхьэ тращIыхьыну. Си пхъур сыгуIэу естрэ си гур си бгъэм ирисхьэжмэ нэхъыфIщ. АбыкIэ зауэр къэзгъэувыIэнщ, нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэр щIалъхьэжу зыми илъагъужынкъым, - зыпэрыс Iэнэм IэштIымкIэ теуащ пщы къызэщIэплъар».
А зэман жыжьэм щегъэжьауэ зауэхэр зэрызэхаублэри зэрырагъэкIуэкIри абы насыпыншагъэу къишэр къагурыIуэ защIэурэщ. Ауэ ар Iэмалт, хамэщI яубыду я щIыналъэм зрагъэубгъунумэ. Къазэуа къэралыгъуэхэр къахъунщIэмэ, ар Iэмалт къулей ирихъуну. Абы и цIыху щхьэхуимыт ящIахэр лэжьакIуэт, я щхьэ къаIэтыну, мыарэзыныгъэ къагъэлъэгъуэну зы Iэмали ямыIэу. Арати, зы къэралыр адрейм теуэрт.
Зауэм ущышынэну, гущыкI хуэпщIыну ирокъу романым къыщыгъэлъэгъуа Рамзес II и сурэтыр: «Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр, выщIэ губжьам хуэдэу, зауэ губгъуэм щыуфэразэ фирхьэунрат. Къамылыфэу щытауэ умыщIэжу, абы и щIыфэр хьэт зауэлIхэм къащIэжа лъым дыхьэрэну ириIат, и IитIми яIэщIэлъ джыдэ зырызым лъыр къыпыткIуу, езыр бауэбапщэу щытт ар, бийм и лъэныкъуэмкIэ плъэуэ. Къэгъази икIуэти ищIэжыртэкъым. Рамзес быдэу игу ирилъхьат: абы е и хьэдэр нобэ Къуэдэш къыщинэнут, е МывэтIалэ и къэралыгъуэр иубыдынут».
Къуэдэш зауэр къэхъуа Iуэхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр къагъуэтыжащ, и екIуэкIыкIари зэфIагъэувэжащ щIэныгъэрылажьэхэм. А зауэм теухуауэ «япэ дыдэ е иужь дыдэ къэхъуат» зыхужыпIэн Iуэхугъуэхэм щыгъуазэ дащI тхыдэ тхылъ къагъуэтыжахэм. Хьэтхэри мысырхэри зыхэта зауэхэм ящыщу япэ дыдэу тхыгъэм къыхэщыжар Къуэдэш деж щекIуэкIаращ. Хьэтхэмрэ мысырхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэращ япэ дыдэу зэзэуа лъэныкъуитIыр иризэкIужауэ тхыдэм ищIэр. ИкIи а зауэращ гъуаплъэм и зэманым екIуэкIа иужьрей дыдэ зауэр.
Къуэдэш зауэр МывэтIалэ иригъэкIуэкIащ, зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIар Хьэтусилэ и тетыгъуэращ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ ХIV лIэщIыгъуэм и кIэт, ХIII и пэт.
И къэралыгъуэр лъэщ хъуным, ар хъумэжыным сыт хуэдэ Iэмалри хэзылъхьэ, и быным и насыпри абы щхьэузыхь хуэзыщIу романым къыхэщ Хьэтусилэ тхылъым и лIыхъужьу мыхъуу, дунейм тета пащтыхьу, дзэм я гъуазэу деплъмэ, и бий нэхъыщхьэхэр здэщыIар и унагъуэрат. Абы и къуэхэр къепцIыжыну хьэзырт, ипхъурати, адэм пэщIэувэжри, абы и бийуэ цIыхум закъригъэIэтыну хэтат. МывэтIалэ и гъуэгум ирикIуэу, и быныр тригъэкIуэтри, Хьэтусилэ пщыгъуэр къыхуигъэнат и пхъурылъху Мурсилэ, япэщIыкIэ къуэ ищIри. ЛIыгъэрэ тегушхуэныгъэкIэ ар хуэфащэт Хьэтусилэ, абы и щыхьэтщ къэхъункIэ хъуну уи фIэщ щIыгъуейуэ хузэфIэкIар - Вавилон къищтащ, мылъкуу яIэр къришащ, я тхьэ скъархэр къишэри, езым и гъунапкъэхэр яхъумэну Iуигъэуващ. Ауэ Мурсилэ дзэпщ Iэзэу, и къэралыр нэхъ лъэщ зэрищIыным хущIэкъуу псэуами, и малъхъэ Хьэнтилэ хузэфIэкIащ и щыкъу щIалэ пащтыхьыр иукIыу тетыгъуэр зыIэщIилъхьэну. Хьэнтилэ и тетыгъуэм и къуэхэм я анэр яукIыжащ. Пщыгъуэр зылъысын хуея и къуэр и малъхъэ Цыдэнтэ, Мурсилэ щиукIым къыдэIэпыкъуам, къиукIри, езым пщыгъуэр иубыдащ. Нэхъ Iеижрати, Цыдэнтэ къилъхуа и къуэ Аммунэ къиукIыжащ, и пIэм иувэным папщIэ. Аммунэ и ажалкIэ лIат, ауэ и къуэхэр яукIащ. Апхуэдиз зэныкъуэкъурэ лъыгъажэрэ зи яку дэлъхэм къэрал Iуэху зэрахуакъым. Хьэт къэралыгъуэм и щIыналъэхэр зыхуэубыдым яубыдащ.
Илъэс тIощIрэ тхум нэскIэ пщыгъуэр зыIыгъа Хьэтусилэ зауэм хэт защIэу и гъащIэр ихьат, нэхъыбэми текIуат, Мурсили абы къыкIэрымыхуу лъэрызехьат, ауэ ахэр щымыпсэужым, зэрагъэпэща къэралышхуэр тыншу лъэлъэжащ. Иужь къинахэм пщыгъуэр зэрызыIэрагъэхьэн гъэпцIагъэ къагупсысу фIэкIа, къахуэна къэралыгъуэ лъэщыр зэрахъумэн гупсыси зэфIэкIи къалъыкъуэкIакъым: зыр зым иукIыжырт, зыр адрейм епцIыжырт.
Романым къыхощ апхуэдэ зэныкъуэкъу сытым щыгъуи зэрыщыIар. МывэтIалэрэ Хьэтусилэрэ я анэр IэщIэкIуэдат тажнанэм - щхъухь ирихьат. МывэтIалэ пщыгъуэр къыщылъысам, Хьэтусилэ абы пэувыну зигъэхьэзыру гурыщхъуэ хуащIат, ауэ пыухыкIауэ илэжьа Iуэху гуэри утыку къахуэмыщIу хэкIат. Хьэтусилэ и зэран емыкIами, МывэтIалэ къыхуиухатэкъым и ажалкIэ лIэжыну. Дигу къэдгъэкIыжынти Хьэтусилэрэ хьэпсым ирадза Вындэшынэрэ я псалъэмакъыр:
«- Псом япэрауэ, МывэтIалэ и ажалкIэ лIакъым. Ди пщышхуэм щхъухь ирахьэлIащ зэман кIыхькIэ. ЗэшэзэпIэу къытехуэу мылIэну, игъэсымэджэн хуэдэу, - и макъым зримыгъэIэтыщэу, зыгуэрым зэхихынкIэ шынэу мэпсалъэ Вындэшынэ.
- Сыт мы жыпIэр?! Хэт зыгъэлIар?- къэуIэбжьащ и нэщхьыр зэхэлъу абы щхьэщыт Хьэтусилэ.
- УмыщIэ хуэдэ…
- Хэт зыгъэлIар? - щIокIие.
- Щэхуу! Тхьэхэр узогъэлъэIу, щэхуу! Зэанэзэкъуэращ зыгъэлIар, Шэтэндурэ ТIэшубрэ».
Шэтэнду езыр щтэращтэ къудейт, гуащэ нэхъыщхьэу МывэтIалэ бгъурытыну къыхуихуатэкъым. Ауэ МывэтIалэ бгъурыт Гуащэлей имыIэу зы насып иIэт - пщым къуэ къыхуилъхуат. ЦIыхубзыр хуейт ар насыпыфIэ ищIыну, и къуэр адэм и пIэ иувауэ илъагъуну. Къэрал Iуэхур япэ изыгъэщ МывэтIалэ и къуэр лъэпкъылI зэрымыхъуар и нэгу щIэкIырти, хабзэмкIэ къызылъысыпхъэр арами, хуейтэкъым абы Хьэт къэралыгъуэр къыхуигъэнэну. Гу лъитат езыр зыхуейм хуэдэ лIыгъэрэ гупсысэ узыншэрэ къызылъыкъуэкIынур и къуэш Хьэтусилэу зэрыщытым. Хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хилъхьэу ТIэшуб лъэныкъуэ иригъэзыну мурад зыщIам Шэтэнду щысхьакъым, мащIэ-мащIэурэ гын и шхыным хухилъхьэурэ лIэным нигъэсащ.
Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Шэтэнду и бынщ къызыщхьэщыжар. Ар, езыми зэрыжиIащи, анэ хуэмыхутэкъым. И къуэр къылъысыпхъэм хигъэкIыжыну, хабзэр зыхъуэжыр а цIыхубзым дежкIэ бийт, ар а къуэм и адэу щытми. Шэтэнду сытым щыгъуи ТIэшуб бгъурытщ, и нэIэ тригъэтщ, къыгуроIуэ щIалэм и акъылым куэд зэрыхузэмыгъэзэхуэнур, аращи, къэхъум елъытауэ чэнджэщ иритыну хьэзырщ. Шэтэнду иIэр анэ гупсысэкIэщи, Хьэт къэралыгъуэр и къуэм еин хуейщ, хузехьэн-хуземыхьэным емылъытауэ. Щогугъ езыр дэIэпыкъуэгъуу иIэмэ, пщыгъуэр яхуэхъумэну. Шэтэнду насыпым пэIэщIэ зыщIар зыхуигъэфащэ увыпIэр МывэтIалэ деж зэрыщимыгъуэтарати, нэхъуеиншэу щIэхъуэпсырт и гъащIэм щыщIар и къуэм деж щыз щищIыжыну. АбыкIэ зэран хъуну къыщыхъухэр и гъуэгум трихыну хьэзырт: Хьэтусилэ иригъэукIыну мурад иIэт, Дэдейрэ Нэптерэрэ лIыукIхэр гъуэгум къащыпигъэтIысат. Шэтэнду бзаджащIэщ, гущIэгъу зымыщIэщ, инатщ, ауэ ар зыхэпсэукI зэманымрэ зэса зэхэтыкIэмрэ къыхиха щытыкIэу аращ. И къуэр пащтыхь тахътэм иригъэтIысхьэу езыми и гъащIэм и къутахуэхэр зэкIэригъэпщIэжыным папщIэ абы, хьэрэмрэ хьэлэлкIэ зэхимыдзу, сыт хуэдэ Iэмалри къигъэсэбэпынут. Езыр къагъэсэбэпакъэ? Щтэращтэу пащтыхьым къыщыхуашэм хэт еупщIар, пфIэIэфIыну апхуэдэ псэукIэр хьэмэрэ узыхуэмей, жаIэу? МывэтIалэ и щIэщыгъуэр икIыу къимылъыхъуэжыххэ щыхъуами, иIакъым хуитыныгъэ, щхьэ укъысхуэщIыIэ, жиIэу еупщIыну. Мыхьэнэ гуэр иIэу зыкъыщыхъужыным, унафэ къыхуащI зэпыту мыхъуу, езым ищIыфу хъунымкIэ и къуэращ и хэкIыпIэр.
Хьэтусилэ сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэпэщу къигъэлъэгъуащ тхакIуэм, ауэ тхыдэм и пэжым тетыну хущIэкъурти, гурыщхъуэ хуозыгъэщI гуэрхэр къыхэмыхьэу къэнакъым. Псалъэм папщIэ, ар и къуэшым пэувыну хэту гурыщхъуэ щыхуащIам, Iуэхур къыдэзыхами Хьэтусилэ жэуап ирагъэтыну ныкъуэкъуахэми МывэтIалэ яхэтакъым, едауэртэкъым и къуэшым. Зыр зым кIэлъыплъыжу, дзыхь жыхуаIэр ямыщIэу зэхэт гупым абы зыгуэркIэ гу лъамытауэ кърахьэжьауэ къыщIэкIынтэкъым а псалъэмакъыр. НэгъуэщI гуитIщхьитI узыщIи хэтщ абы и унафэхэм. Пщыгъуэр къызытриха ТIэшуб къэралыгъуэшхуэм и зы щIыналъэ цIыкIу унафэщIу егъакIуэ, и анэри дэщIыгъуу. Абы хуэдэ жыжьэрыплъэ политикым дежкIэ гугъутэкъым апхуэдэ дуней ТIэшуби Шэтэндуи зэрамыдэнур къыгурыIуэну. И нэщIыбагъкIэ зыри къыкIэлъызэрамыхьэну тхьэрыIуэ иригъэщIами, ищIэрт Iэмал имыIэу ялъ ящIэжыну яужь зэрихьэнур. Къуаншагъэ нэрылъагъукIэ утыку къэхъумэ, ар щхьэусыгъуэ хъарзынэ хъунут зэанэзэкъуэр зэи къыздимыкIыжын щIыпIэ игъакIуэу, езым игурэ и щхьэрэ зэтелъу псэунымкIэ. ЦIыхущхьэм и уасэр здэпуд зэхэтыкIэм сыткIи захуагъэм тет, хабзэр къэзымыкъутэ, щысхь зыщIэ унафэщI къыщыбгъуэтыныр гугъу хъуну къыщIэкIынщ, ауэ зэман къэс езым и хабзэ егъэувыжри, а зэманым хэпсэукIхэм дежкIэ пэжыр аращ.
Романыр тхыдэм къыхэкIа хъыбар пэжу къыпщызыгъэхъухэм ящыщщ лIыхъужьхэм я цIэ дыдэхэр тхакIуэм адыгэ жыIэкIэм къызэрыригъэтIэсар. Хьэтусилэ - Хаттусили III, МывэтIалэ - Муваталли II, Урхи-Тешшуб - ТIэшуб, Вендишена - Вындэшынэ, Наптера - Нэптерэ, Кадеш - Къуэдэш, Хакмис - Хьэкъмыс …
Романыр зэрытха бзэм еджэгъуафIэщ, зи гугъу ищIыр уи нэгу къыщIегъэхьэф, лIыхъужьхэм зэм я гурыгъузыр ящхьэщыпхыу, зэм я гукъыдэжыр ядэпIыгъыу, зэми щыуагъэ гуэрым щыпхъумэну чэнджэщ епту, къемыхъулIэмкIэ уадэгузавэу урагъусэщ, я гъащIэр къадыбогъащIэ. «Хьэтхэр» пщIэ къэзылэжь тхылъщ, иужьрей зэманым адыгэ литературэм къыщыхъуа нэхъ къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнщ.
Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ тхакIуэ щIалэщ. Мыпхуэдэ тхыдэ Iуэхугъуэшхуэм зрипщыту тхылъеджэм игу нэсын дуней къыщигъэщIакIэ, дыщогугъ адэкIи «Хьэтхэм» пимыкIуэтын тхыгъэкIэ. Апхуэдэуи гъэщIэгъуэн хъунут, и къалэмыр хьэтхэм иджыри яхуигъэлэжьатэмэ.