БэнакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ![]() Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Хайбулаев ТIэхьир и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ Санкт-Петербург къалэм и «Юбилейный» спорт комплексым мы гъэм ещанэу щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуахэр, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту 800-м нэблагъэ. Къыхэдгъэщынщи, зэпеуэм кърихьэлIат УФ-м и щIыналъэ 86-мрэ хамэ къэралхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр гуп 17-у гуэшауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм цIыхуищ хэтащ: Джэданэ Амырхъан, БищIо Атхъан, Джэданэ Алинэ сымэ. Мыбдежым килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж БищIо Атхъан япэ увыпIэр къыщихьащ. Джэданэ Алинэ зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ. Ар щыбанэр килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ. Ди бэнакIуэхэм ядэлажьэр Джэданэ Залымрэ Куп Эдуардрэщ. ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
| ||




