Кавказ къафэхэмкIэ Урысейм и чемпион, Дункан Айседорэ и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Страна талантов» теленэтыным и кIэух зэпеуэм пхыкIа «Шэрджэс» ансамблыр щытекIуащ цIыхубэ къафэхэм хухэхауэ Москва щекIуэкIа Лъэпкъ чемпионатым. Урысейм и къалэ 31-м щыщ къэфакIуэ гуп 31-рэ хэтащ а зэхьэзэхуэм.
Зэхыхьэм гупым щигъэлъэгъуащ «Лъапэрисэ» адыгэ къафэ лIэужьыгъуэр, «Хьэнцэгуащэ» пасэрей хабзэм къытращIыкIа къафэ теплъэгъуэр.
ЩIыналъэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Шэрджэс» гупым къыхуагъэфэщащ саугъэт нэхъыщхьэ куэд. Апхуэдэу гупыр пашэ щыхъуащ Москва, Къэзан, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм. Мы гъэм илъэсий ирикъу ансамблым и къэфакIуэхэм я зэфIэкIымрэ ехъулIэныгъэхэмрэ дяпэкIи зэрыхагъэхъуэнум, ди къафэхэм я дахагъэр нэгъуэщI щIыпIэхэм, лъэпкъхэм я деж зэрынахьэсынум иужь итщ.
Гупым и художественнэ унафэщI, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым илъэс 15-м щIигъукIэ хэта БжьыхьэлI Замир къэфакIуэ икIи къызэгъэпэщакIуэ Iэзэщ. ЩIалэр нэхъ къэфцIыхун папщIэ фигу къэдгъэкIыжынщ саугъэт папщIэу куэдым зыIэпахыу щыта кIэнфет пхъуантэм абы и сурэтыр зэрытетыр. ЗэфIэкI зиIэ а артистым и школ-студие япэщIыкIэ Налшык къыщызэIуихащ. И гъэсэн нэхъыфIхэр хэту 2017 гъэм къызэригъэпэща «Шэрджэс» ансамблым илъэс зыбжанэ хъуауэ и унафэщIщ БжьыхьэлIыр. Налшык къалэмрэ абы къедза къуажэхэмрэ щыщ, илъэси 5-м щыщIэдзауэ илъэс 16 зи ныбжь артист ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр 50-м ноблагъэ.
Зэман кIэщIым къриубыдэу гупым ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащи, Iуэху гъэщIэгъуэнхэм ирагъэблагъэ. Гупым и артистхэм ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим, пшынауэ Iэзэ, дунейпсо зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ я лауреат, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Лыджыдэ Алий, пшынауэ цIэрыIуэ Иуан БетIал сымэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым я концерт гукъинэжхэр.
Ансамблым и щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къафэ гъуазджэмкIэ зэфIэкI зэраIэр щIыналъэ зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуа нэужь, утыкушхуэхэм ихьэну хуит ящIащ. Апхуэдэщ саугъэт нэхъыщхьэр гупым къыщихьа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм я ансамблхэр зыхэтар «Я – талант» (Налшык) зэхьэзэхуэр. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым и унафэщIыр эстрадэ гъуазджэхэмкIэ «Академия» концерт-продюсер центрым и унафэщI ПащIэ Рамедт. КъищынэмыщIауэ, Псыхуабэ къалэм художественнэ къафэхэмкIэ щекIуэкIа «Хрустальный шар» ебланэ дунейпсо фестиваль-зэпеуэ зэIухам саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ ансамблым. Гупым абы щигъэлъэгъуат куэдым фIыуэ ялъагъу «Лъапэрисэ» къафэр. 2019 гъэм «Алые паруса» щэнхабзэ фондым Сочи къыщызэригъэпэща зэпеуэм и кубокыр зыхуагъэфэщари «Шэрджэс» гупращ. А гъэ дыдэм, Адыгэ ныпым и махуэр республикэм щыщагъэлъапIэм иращIэкIа концертым ирагъэблагъэри, «Щапхъэ зытрах» щIыхьыцIэр къыфIащащ. Гупым и ехъулIэныгъэхэр куэд мэхъу. Апхуэдэхэщ «Таланты Евразии», «Марлен шоу», «Танцемания», «Вершина успеха», Эйфман Борис и щIыхькIэ Санкт-Петербург щекIуэкIа «Кубок танца» зэпеуэхэр.
СССР-м и цIыхубэ артист, къэфакIуэ цIэрыIуэ, балетмейстер Сухишвили Илико Илья илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Батуми къалэм щекIуэкIа фестиваль-зэпеуэм и саугъэт щхьэхуэ къыщыхуагъэфэщащ ансамблым. КъэпщытакIуэхэм «ЦIыхубэ къафэ» лIэужьыгъуэмкIэ япэ увыпIэр «Шэрджэс» гупым лъагъэсащ. КъыжыIапхъэщ зэхуэсахэм «Убых», «Удж хъурей» къафэхэр телъыджэ икIи гукъинэж зэращыхъуар.
- НэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI зэхыхьэхэм ансамблыр зэрыхэтым и фIыгъэкIэ лъэпкъ къафэхэм я щэхухэм, артист нэхъыфIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм, хабзэхэм зыхэдгъэгъуэзэну Iэмал дызэриIэр куэд и уасэщ, Куржым дыщыкIуам ди насып кърихьэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ Сухишвили Илья и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ балетым и концерт деплъыну. Абы и цIэкIэ щыIэ школ-студием ныбжьыщIэ 700-м щIигъу йокIуалIэ. Зэпеуэм жэуаплыныгъэ пылъу зыкъыщагъэлъэгъуа нэужь, ди артист ныбжьыщIэхэм тенджыз Iуфэм зэрызыщагъэпсэхуари гукъинэж ящыхъуащ, - жеIэ БжьыхьэлI Замир. – Сабийхэм уадэлэжьэным жэуаплыныгъэ ин пылъщ, ауэ а Iуэхум уи гъэсэнхэр гукIи псэкIи зэрыбгъэдэтыр щыплъагъукIэ, къару къыпхалъхьэ, нэхъри я зэфIэкIым зэрыхэбгъэхъуэным утрагъэгушхуэ. Зэпеуэ дыхэтын, сабийхэр я фащэкIэ къызэгъэпэщын, гъуэгу дытехьэн хуей щыхъукIэ зэпымыууэ адэ-анэхэм зэрызыкъытщIагъакъуэри къыхэзгъэщынут. Лэжьыгъэм ехьэлIауэ къалэн куэд дыубзыхуащ. Сыт хуэдэ къафэ дгъэувми, дэнэ зыкъыщыдгъэлъагъуэми, ди мурад нэхъыщхьэр - ди лъэпкъ напэр, анэдэлъхубзэр, хабзэ дахэхэр тхъумэжынырщ. ЩIэблэм ягу къинэнур ебгъэлъагъумрэ зыхуэбгъасэмрэщ.
Гупым гукъинэж ящыхъуащ Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIа «Национальная премия имени Айседоры Дункан» етхуанэ дунейпсо зэпеуэм зэрыхэтар икIи пашэ зэрыщыхъуар. Ар къызэрагъэпэщащ иджырей къафэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа къэфакIуэ цIэрыIуэм и щIыхькIэ. Зэхыхьэм и гран-прир «Шэрджэс» ансамблым къыхуэзыхьар «Псынэм деж» къафэрщ. Гупым и щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ япэ увыпIитI абы къыщыхуагъэфэщащ ягъэзэщIа лъапэрисэмрэ абхъаз къафэмрэ папщIэ.
Къафэр зи псэм хэлъ, лъагапIэщIэхэм хущIэкъу ныбжьыщIэхэр тхьэмахуэм зыбжанэрэ зэхуэсурэ я зэфIэкIым хагъахъуэ. ЕхъулIэныгъэрэ гукъыдэжрэ ахэр щымыщIэну ди гуапэщ.