СтIолыщхьэ теннисым и махуэхэр

Краснодар крайм и Славянск-на-Кубани къалэм «Урысейм и къэкIуэнур» фIэщыгъэр зэрихьэу щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ тренер цIэрыIуэ Проценкэ Аркадий и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен 95-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ 8 яхэту.
Ди командэм щыщу зи ныбжьыр илъэс 14-м щIимыгъуа щIалэхэм я зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Хьэнэ Батыр. Къуэдз Денизи етIуанэ щыхъуащ зи ныбжьыр илъэс 16-м щIимыгъуа хъыджэбзхэм я деж.
Абы иужькIэ, Налшык къалэм щызэхэтащ «КИФЩI-м и къэкIуэнум и лъэбакъуэ» фIэщыгъэр зэрихьэу стIолыщхьэ теннисымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Ди къалащхьэм щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 50-м щIигъу, 2011 гъэм къалъхуауэ.
Мыбдежым щIалэхэм я зэхьэзэхуэм япэ щыхъуащ Хьэнэ Батыр, хъыджэбзхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ Къуэдз Денизэ.
Гупхэм я зэпеуэм КъБР-м и командэр ещанэ щыхъуащ. Ди спортсменхэм ядэлажьэр Темыркъан Зауррэ Хъыдзэдж Беллэрэщ.
 
НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ
КИФЩI-м и щIыналъэхэм щыщ бэнакIуэхэм я зэпеуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. «Динамо»-м и ныбжьыщIэ» зыфIаща зэхьэзэхуэм щызэпэщIэтащ алыдж-урым бэнэкIэм зыхуэзыгъасэхэр.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Егъэн Айрат, Жылэтеж Дамир, Якуэкъутэ Астемыр, Къущхьэунэ Елдар, Къарэжь Астемыр, Дзу Аслъэн, ЩауэцIыкIу Залым, Тубай Къантемыр, КIанцIэлий Самир, Атэбей Къэсболэт, Мусэ Амир сымэ.
ЕтIуанэ хъуахэщ Гъыдэ Ислъам, Умар Къантемыр, ХьэщIэлI Темырлан, Балъкъэр Iэдэм, Уэдыжь Имран, Вэрокъуэ Айдэмыр, Мэзокъуэ Азэмэт, КъайцIыкIу Амир, Мэкъуауэ Темырлан, КIуэкIуэ Амырхъан, ФиIэпщэ Инал сымэ.
Дыжьын медалхэр къахьащ Тэркъан Алихъан, Жылокъуэ Iэдэм, Кхъуэныхь Дамирлан, МэшылI Алан, Бэрбэч Темырлан, Тет Данил, Уэлджыр Аслъэн, Алэкъей Резуан, Кумыщ Темырлан, КIыщ Алимбэч, Гуэбэшы Инал, Начо Анатолэ, Нот Амур, БжьыхьэлI Саид, ПщыукI Темырлан, Аджий Кемран сымэ. 
КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:

Читать также: