Адыгэ хабзэм гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Абы и дэтхэнэ зы Iыхьэри цIыхум пщIэрэ нэмысрэ иIэу псэуным хуэгъэпсащ. Нобэ и гугъу сщIыну сыхуейщ Iэнэ пэрысыкIэм и хабзэхэм.
Гуп зэхэсым тхьэмадэ яIэн хуейщ, Iэнэр зэригъакIуэу. Гуп щызэхэскIэ псори зы Iуэхум тепсэлъыхьыныр нэхъ къозэгъ. Уи гъунэгъум ущыдэуэршэркIэ, фи псалъэмакъыр псоми зэхахыу щытын хуейщ. Зыми уемыпсалъэу щэхуу ущысынри къекIуркъым. Уи бгъуитIым щысым гъуэрыгъуэурэ гулъытэ хуэпщIын хуейщ. Iэнэм пэрысхэм языхэзыр уигу иримыхьми, узэрыхьа унагъуэм, адрей хьэщIэхэм я хьэтыркIэ абы гуапэу ухущытыпхъэщ. Уи пащхьэкIэ къыщыс хьэщIэр зэшу гу лъыптэмэ, дэуэршэр, зэрыхъукIэ ари къэгъэпсалъэ.
ГушыIэ е хъыбар гуэр жиIэжыну къезыгъэжьа цIыхур «сэ ар сощIэ» жыпIэу зэпыбудыныр къезэгъыркъым. ЗымыщIэ Iэнэм щысынкIэ хъунущи, шыIэ зыхэгъэлъ, зэпумыуду цIыхум зыхуейр къегъэIуатэ.
Iэнэм шхын пщтыр къыщахькIэ, ар щыпшхкIэ упсэлъэныр екIукъым, ар умыгъэупщIыIужу пшхын хуейщ. Нэхъыбэу цIыхухэр щызэпсалъэр шхын щIыIэ щашхым дежщ, шей, кофе щефэкIэщ.
Узэныкъуэкъуныр, зым жиIэр адрейм Iэпиуду узэбгъэдэсыныр Iэнэм къыщезэгъыркъым, ауэ апхуэдэ псалъэмакъ къежьа хъуамэ, бысымым ар нэгъуэщI лъэныкъуэ зэрыхуиунэтIыным хущIэкъун хуейщ. Дэтхэнэ цIыхуми ищIэн хуейщ псоми псэлъэгъуэ чэзу зэретыпхъэр, уэ кIыхьу упсалъэмэ, къыббгъэдэсхэр йозэш. ЦIыхур зэпумыуду, жиIэм уедэIуэфу ущытынри хьэл-щэн нэхъыфIхэм ящыщщ.
Гупым къакlэрыхуауэ къахыхьэжым „Гуп махуэ апщий“ жиlэн хуейщ. Абы бжьэ ират. Зыри жимыlэу бжьэ къратар иреф, иунэщlа lэгубжьэм фадэ кърагъэхъуэжри, а къезытам иретыж.
lэнэм щысыр щlэкlынумэ, тхьэмадэм еупщlын хуейщ. Тхьэмадэм хуит имыщlауэ зыри тэджу щlэкlыну хуиткъым, щытIысыжкIи нэхъыжьым арэзыныгъэ къритын хуейщ. Щlэкlар къыщыщIыхьэжкIэ хъуэхъу жаlэу ирихьэлlэмэ, пэшым щlэмыхьэу щытщ, хъуэхъури ефэнри зэфlэкlыху.