ТекIуэныгъэ Иным зэхуешэс![]() ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я щIыхькIэ картингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Нарткъалэ щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ростов областым, Краснодар, Ставрополь крайхэм я лIыкIуэхэр, псори зэгъусэу спортсмен 60.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, ди республикэм и командэм япэ увыпIэр иратащ, етIуанэр - Краснодар крайм и Новоросийск къалэм къикIахэм, ещанэр – Ростов областым и Пролетарск къалэм щыщхэм къахьащ.
Апхуэдэуи ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №3-м щекIуэкIащ еджакIуэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы щызэпеуащ 20I5-20I6 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр, псори зэхэту I00-м щIигъу икIи ахэр гупипщIу гуэшауэ щытащ.
НыбжьыщIэхэм я зэIущIэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъащ Бахъсэн къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, благъэ-Iыхьлыхэр, спортым дихьэххэр.
Зэпеуэм хэта бэнакIуэхэм я ныбжьхэм емылъытауэ техникэ дахэхэр, зэфIэкIыфIхэр зэраIэр къыдэщIхэм ирагъэлъэгъуащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэр медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.
Зэхьэзэхуэр хэкупсэ уэрэдхэмрэ усэхэмкIэ ягъэдэхащ Джэдгъэфхэ Амелиерэ Алиярэ, Къуныжь Алан, Проштовэ Амелинэ сымэ.
Тэрч щIыналъэм и спортсменхэми гулъытэншэ ящIакъым ТекIуэныгъэ Иным и махуэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, «Курпым и гъатхэ» фIэщыгъэр зэрихьэу волейболымкIэ цIыхубзхэм я республикэ зэхьэзэхуэ Тэрч къалэм и «Тэрч Олимп» спорткомплексым щекIуэкIащ мы махуэхэм.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, Тэрч къалэ администрацэм, КъБР-м ВолейболымкIэ и федерацэм икIи командих абы щызэпеуащ, гупитIу гуэшауэ.
Удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэм и финалым икIащ КъБКъУ-м и командэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и гъэсэнхэмрэ. Мыбдежым бжыгъэр 2:0-у КъБКъУ-р текIуащ икIи дыщэ медалыр къихьащ. Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ Шэрэдж щIыналъэм и «Балкарочкэ»-м
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм тыгъэхэр яритыжащ КъБР-м волоейболымкIэ и федерацэм и унафэщI Гуанэкъуэ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 12:26 →
Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ
16.12.2025 - 10:01 →
КиокушинымкIэ зэпоуэ
15.12.2025 - 11:39 →
Хабзэ яхуэхъуну мэгугъэ
15.12.2025 - 11:27 →
КIыщ Аслъэнбэч етIуанэщ
11.12.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
| ||





