Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутат Хьэщпакъ Маринэ Щыхьбан и пхъум и полномочиехэр и пIалъэр къэмысу зэриухам и IуэхукIэ Унафэ
«Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм цIыху куэд зыхэт властыр къызэрыщызэрагъэпэщ я зэхуэдэ хабзэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 19-нэ статьям и 21-нэ Iыхьэм и 2-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: «ФадэхэкIхэу, фадэ зыхэмыт укъэзыгъэжан ткIуаткIуэхэу тыкуэнхэм щащэхэм мардэхэр яхуэгъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Административнэ хабзэхэр къызэпызыудхэм ятеухуа и Кодексым и 7-1.13-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: 2025 гъэм и япэ мазищым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм ищIа отчетым и IуэхукIэ 2025 гъэм и япэ мазищым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр (адэкIэ-республикэ бюджетщ) гъэзэщIа зэрыхъуам теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм ищIа отчетым хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыхегъэбелджылыкI федеральнэ бюджетым къикI финанс дэIэпыкъуныгъэр хэмыту республикэ бюджетым езым и хэхъуэхэмкIэ планкIэ пщэрылъ щащIахэр сом мелуан 5038-кIэ е процент 23,4-кIэ, зэхуэдэ хэхъуэхэмкIэ сом мелуан 14290,2-рэ е процент 23-кIэ зэригъэзэщIар. Республикэ бюджетыр хэщIыныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ сом мелуан 13353,2-рэ е планкIэ зэрыщытын хуеям и процент 20,2-рэ зэфIагъэкIащ. Абы щыгъуэми, отчет лъэхъэнэм республикэ бюджетым и профицит зэфIэуващ сом мелуан 936,9-рэ хъууэ.
Поделиться:
Читать также:
13.07.2026 - 13:36 →
ГъащIэм сабиигъуэм къыщыщIедзэ
10.07.2026 - 16:27 →
Псалъэ щабэр гущабэщIщ
10.07.2026 - 13:04 →
Жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ
09.07.2026 - 10:57 →
Дэнэ Хэкур здэщыIэр?
20.06.2026 - 10:01 →
ФIым ущызыгъэгугъ куэд къыхощ
| ||




