УафэщI пыдзахуэхэм я махуэ![]() Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэршым къикIыу ЩIым къылъэIэса «Тунгус метеорит» зыфIаща мывэ скъар абрагъуэр ди къэралым Сыбыр лъэныкъуэмкIэ щыIэ и щIыналъэм, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, псыхъуэхэу Ленэрэ Тунгускэрэ я зэхуаку дэт мэзылъэ тIуащIэшхуэм 1908 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м щехуэхауэ щытащ. Аращ Астероидым и дунейпсо махуэр а пIалъэм щIыхуагъэзари. КъызэрекIуэкIарАстероидым и махуэр къыхэзылъхьауэ къалъытэр «Queen» уэрэджыIакIуэ гупым а лъэхъэнэм гитаристу икIи макъамэтхыу хэта, апхуэдэ дыдэуи щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу дунейм тета астрофизик Мэй Брайанрэ режиссёр Рихтерс Григрэ, ЩIы Хъурейм къэралу тетым къызэдащтэн хуэдэу, Астероидым и махуэ хэгъэунэхукIын зэрыхуейм ехьэлIауэ 2014 гъэм къыхалъхьауэ щыта жэрдэмырщ. А тIум ар даIыгъат «В612» фондым и гъэзэщIакIуэ унафэщI Реми Даникэрэ НАСА-м и астронавт Швайкарт Расселрэ. Астероид-метеорит-метеорАстероидкIэ йоджэ Дыгъэм къедза и къэухьым хэмыIэпхъукIыу къыщызылъэтыхь пкъыгъуэхэу «планетэ» жыхуэтIэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIухэм. Абыхэм я нэхъыбэр астрономхэм зэралъагъур джэдыкIэм нэхърэ нэхъ иныжу хэша щIыкIэ яIэущ. Зэпэхъурейхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм жьыи щызепщэкъым хьэуакIэ (жьы) узэджэ хъун гуэри яIэкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ, «астероид» зыфIащыпхъэ уафэщIхэр езы астроном дыдэхэм иджыри къыздэсым язэрыхузэхэмыгъэкIари. Дауэ щIыи, 2006 гъэ пщIондэ астероидхэм щхьэкIэ «планетэ цIыкIу» щыжаIи щыIащ. Тхыдэм дриплъэжмэАпхуэдэуи, ди планетэм къытехуа метеорит нэхъ инхэм ящыщу къалъытэ Африкэм щыIэ Намибие къэралым къыщагъуэтыжа мывэ «кIанэ» телъыджэри. Абы и зэпрыупIэр метри 3-м ноблагъэ, тонн 60-м щIигъу и хьэлъагъщ. И зэхэлъыкIэм и процент 84-р гъущIщ. Ар а щIыпIэм щыщехуэхар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, илъэс мин 80 ипэкIэщ. Iэхэлъахэм щыпсэу фермерым абы гу щылъитар 1920 гъэращ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
14.03.2026 - 15:13 →
Ерокъуэ къуажэм и Iэхэлъахэм
| ||





