Рационализаторхэмрэ (IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ) инженерхэмрэ (IэмалыщIэхэм зезыгъэубгъухэмрэ) я махуэр гъэ къэси гъэлъэпIэным ехьэлIа унафэр СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1980 гъэм къищтат. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а лъэхъэнэр зыужьыныгъэм ехьэлIа сыт хуэдэ пэхуэщIэри ди къэралым псынщIэ дыдэу къыщрахьэжьэ-къыщыхалъхьэ зэмант.
Зи гугъу тщIы махуэр гъэлъэпIэныр, адрей илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми мэкъуауэгъуэм и иужьрей щэбэтым трагъэхуащ. Ар зэдаIэт IэщIагъэ къыхахам иригушхуэ инженерхэм, техникэм зегъэужьыным зи гупсысэр тезыухуэ щIэныгъэлIхэм, проектхэр щагъэхьэзыр IуэхущIапIэхэм (бюрохэм) щылажьэхэм, техникэм хуэгъэзауэ абдежым къыщагупсысхэр тхылъымпIэм кърахыу япэ дыдэу зэхэзыгъэувэхэм, къэралым, жылагъуэм дежкIэ сэбэпынагъышхуэ къэзышэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхэзылъхьэхэм, абыхэм ящыщу щыхьэт тхылъхэр (къэзыгупсысар арауэ зэрыщытымкIэ) зратахэм, IэнатIэхэм я механикхэм, конструктор лэжьыгъэм хуэIэижь гупжьейхэм хэтхэм. Апхуэдэуи, а махуэр ягъэлъапIэ IэщIагъэ щхьэхуэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэсхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ, техникэр фIыуэ зылъагъухэмрэ абыхэм я ныбжьэгъухэмрэ.
ЩIы Хъурейм и блэкIам щыщу дызыщыгъуазэм дриплъэжмэ, гу лъыдмытэныр Iэмал зимыIэщ IэмэпсымэщIэхэр къэгупсысыным, зэхэгъэувэным зи акъыл тезыухуа лъыхъуакIуэхэр, IэщIагъэлI гумызагъэхэр димыIатэмэ, цIыхухэм къэдгъащIэм щIэщыгъуи тыншыгъуи хэдмылъагъуэу адэкIи дыкъекIуэкIынкIэ хъуну зэрыщытам.
ЗэрытщIэщи, тхыдэм и кIуэцIкIэ зэхагъэува, къагупсыса Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ куэд дыдэ мэхъу. Абыхэм я нэхъыбэр зыхуэгъэзар, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, мы зэманым зэрыжаIэуи, ипэкIэ гъэкIуэтэнырщ. Уеблэмэ, жыжьэ дыди дымыIэбэу къыхэдгъэщынщи, джыдэ-уадэ хуэдэхэр ди адэжьхэм къамыгупсысатэмэ, бжэгъур ди Iэщэрэ мывэр ди пхъэIэщэу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм дакъыфIэмыкIыфу иджыри къэс етхьэкIынут.
Пэжщ, щыIащ псэуныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр къытщызыгъэпсынщIэ, нэхъ тынш тхуэзыщI Iэмалхэр къэзыгупсысхэр Тхьэшхуэм пэщIэувэхэм ящыщу къыщалъыта лъэхъэнэхэри.
Ахэри зы зэманти блэкIащ, апхуэдэхэм щхьэкIи къамыгъанэу, цIыхухэм я гупсысэм зиужь зэпыту дыкъогъуэгурыкIуэ.
I929 гъэм къыщыщIэдзауэ иджыри къыздэсым ди къэралым мазэ къэс къыщыдокI «Изобретатель и рационализатор» зыфIаща журнал цIэрыIуэр. Ар япэ дыдэу дунейм къыщытехьам, и напэкIуэцIхэм ящыщ зым къытрадзат физик гъуэзэджэ Эйнштейн Альберт журналым къызэрехъуэхъуауэ щыта и псалъэ гуапэхэр.