Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

ЩIы Iыхьэр зы лIэужьыгъуэм хагъэкIыу нэгъуэщIым ягъэкIуэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Налшык къалэ №132-ПП

Тэрч муниципальнэ районым 2025 гъэм мазаем и 25-м къита лъэIу №53-2-08\533-м хэплъауэ, Урысей Федерацэм и ЩIы кодексым и 8-нэ статьям, «ЩIыхэр е щIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм ирагъэкIыу нэгъуэщIым ягъэкIуэным и IуэхукIэ» федеральнэ закон №I72-ФЗ-уэ 2004 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIам и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 6-нэ статьям япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Кадастр №07:06: 260000: 360-р иIэу метр зэбгъузэнатIэ I49999 хъу щIы Iыхьэу мы хэщIапIэм: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Тэрч район, Урожайнэ къуажэм километритIкIэ пэгъунэгъуу Терекскэ къуажэм и административнэ гъунапкъэм щыIэр мэкъумэшхэкIхэр щащIэ щIы лIэужьыгъуэм хэгъэкIауэ промышленностым, энергетикэм, транспортым, связым, радиовещанэм, телевиденэм, информатикэм папщIэ къагъэсэбэп щIыхэм, хьэршым щылэжьэныр къызэгъэпэщын папщIэ щIыхэм, зыхъумэжыныгъэм, шынагъуэншагъэм папщIэ къагъэсэбэп щIыхэм, пшахъуэхэмрэ мывэкIэщхъхэмрэ къыщIахыным хухаха щIыхэм я лIэужьыгъуэм хэгъэхьэн.
2. Къэралым итхынымкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральэ къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ управленэм хуэгъэлъэгъуэн ягъэIэпхъуэ мыхъу мылъкум зыуэ щыт и къэрал реестрым зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьэну.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и деж балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ икIи абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Налшык къалэ №133-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и деж балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ икIи абыхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм мазаем и 3-м къыдигъэкIа унафэ №12-ПП-м мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) комиссэм хэгъэхьэн мы къэкIуэнухэр:
Бозий А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министрыр
Ульяновэ И. С. - Урысей Федерацэм и Следственнэ комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и Следственнэ управленэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъур
б) комиссэм хэгъэкIын Бабаев А.М., Мысостышхуэ М.Хь.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

Поделиться: