Щыхьэт техъуэфынкIэ мащIэIуэщ

Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ «къыщалъэгъуащ» алъандэрэ зыщымыгъуазэу къекIуэкIа пкъыгъуэ абрагъуэ. 
Хьэршым а и къуапэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къаубыдын мурадыр яIэу, астрономхэр кIэлъыплъащ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт вагъуэ жьэражьэ бжыгъэм. 
АтIэми, щIэныгъэлIхэм арыххэуи гу лъатакъым абыхэм къахэпсыпсыкI радио-хысыджхэм псэ зыIутхэм я Iэужь гуэри зэрахэтым. А щIыкIэм тету зылъыгъуэзахэм ящыщщ алъандэрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэу щыта уафэщI Iэрамэхэу вагъуитхум екIэрэхъуэкIхэри. 
Радио-хысыдж нурыбэм мазэм щIигъукIэ зэрыкIэлъыплъам кърикIуам астрофизикхэр щытепсэлъыхьыжащ Австралием къыщыдэкI щIэныгъэ журналым.
«Ди къэралым щызэпкъралъхьа радиотелескоп лъэрызехьэм и къэплъыхьыкIэр зэрыбгъуащэм къыхэкIыу, абы зы напIэдэхьеигъуэу хузэфIокI вагъуэ мелуан бжыгъэм къахэпсыпсыкI нурыбэм «лъыгъуэзэн». Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIа а вагъуэхэм я Iэхэлъахэм техноген дамыгъэ (сигнал) гуэри къызэрамыутIыпщыкIым щыгъуазэ зыхуэтщIащ», - къыщыхагъэщащ зи гугъу тщIа а журналым щIэныгъэлIхэм къыщытрагъэдза я тхыгъэм. 
Уахэм а и Iэхэлъахэм «нэрыплъэ» телъыджэмкIэ къыщыпхузэщIэубыдэ вагъуэ жыжьэхэм я гугъу дымыщIми, уафэм а и къуапэ дыдэм уи нэхэмкIэ къыщыпхуэлъагъуну «цIуугъэнэхэри» мащIэкъым. АрщхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр псори куэдкIэ нэхъ гъунэгъу къытхуэзыщIщ хьэршым зэрыкIэлъыплъ иджырей Iэмэпсымэ телъыджэу дунейм къытехьахэр. 
«Зэ плъэгъуэкIэ къытхузэщIэубыдар хуэдищэкIэ нэхъыбэщ нэхъапэм а щIыкIэм тету тхузэфIэкIам нэхърэ. ИтIани, ди жагъуэ зэрыхъунщи, вагъуэ зэрыбын абрагъуэм сыхьэт 20-м нэблагъэкIэ дыкIэлъыплъати, хьэршым а и къуапэм къраутIыпщыкIагъэнкIэ хъуну техно-сигнатурэ гуэри къытхуэубыдакъым, - я гукъеуэр «яхуэбзыщIкъым» зи гугъу тщIа къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм.
АрщхьэкIэ, астрофизикхэм зэрыжаIэмкIэ, а гуп цIыкIум зыпэплъа сигналхэм хуэдэ мызэкIэ къазэрыIэрымыхьар щыхьэт техъуэфынкIэ мащIэIуэщ зытепсэлъыхьа вагъуэ бжыгъэм и Iэхэлъахэм псэ зыIут гуэри щымыIэу кърагъэкIынымкIэ. Ар сытым къыхэкIыу жытIэмэ, псом япэрауэ, уахэм а и къуапэм гупсысэ лъагэ зиIэу щыпсэункIэ хъунухэм ямыIэххэнкIэри хэтщ дэ дызэсэжа FM-диапазоным хыхьэ радиосыджхэм хуэдэхэр.
«ДызыкIэлъыплъа хьэршым а и Iэхэлъахэр куэдкIэ нэхъ инми, абырэ ар зыхыхьэ галактикэу вагъуэ мелард 400-м нэблагъэ зыхэтымрэ зэрызэдгъапщэ хъунур псы ина цIыкIу къызэрыгуэкIымрэ ди планетэм и хыпс псоми къызэщIаубыдэ щIыгу абрагъуэмрэ зэрызэтемыхуэм хуэдэущ, - жеIэ зи гугъу тщIа тхыгъэхэм ящыщ зыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа астрофизик Тингрей Стивен. – ДэщIыгъужыпхъэщ, нэгъуэщI планетэхэм псэ зыIуту щыIэхэм, зыкъытпащIэн папщIэ, зыхэдмыщIыкI Iэмэпсымэ ехьэжьахэр яIэнкIэ зэрыхъунури». 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: