Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэтхэм я лэжьакIуэхэм я лэжьапщIэхэр IэнатIэ ухуэкIэм тету етыным теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Налшык къалэ
№170-ПП
«ЛэжьакIуэхэм я языныкъуэ лIэужьыгъуэхэм лэжьапщIэ зэрыратым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №35-РЗ-уэ 2010 гъэм накъыгъэм и 19-м къыдэкIам и 3-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2008 гъэм шыщхьэуIум и 19-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал кIэзонэ, бюджет автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат IэнатIэ ухуэкIэм хуэкIуэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-м япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэм щIэтхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэ зэрырат IэнатIэ ухуэкIэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 20-м къыдигъэкIа унафэ №32-ПП-мкIэ арэзы зытехъуам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.
2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадзам щегъэжьауэ икIи абы къыщыхьахэр ялъоIэс 2025 гъэм шыщхьэуIум и 1-м иужькIэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2011 гъэм мазаем и 11-м къыдигъэкIа унафэ №34-ПП-мрэ 2011 гъэм гъатхэпэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №91-ПП-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2025 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м Налшык къалэ
№174-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным теухуауэ» 2011 гъэм мазаем и 11-м къыдигъэкIа унафэ №34-ПП-м и 3-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, ар мыпхуэдэу тхауэ:
«3. КъулыкъукIэ я улахуэхэм я лэжьапщIэ мазэ фондыр сом мин 125,80-рэ хуэдизу, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм я бжыгъэр цIыху 12 хъууэ, абыхэм лэжьапщIэхэмкIэ зи мазэ фондыр сом мин 100,81-рэ хуэдизу цIыхуи 8, лэжьапщIэмкIэ зи мазэ фондыр сом мин 24,99-рэ хуэдизу унэр зезыхьэ цIыхуи 4 яхэту гъэувын».
2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и аппаратым я лэжьапщIэхэр зыхуэдизым теухуа Положенэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм улахуэхэр зэрыратыну щIыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2011 гъэм гъатхэпэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №91-ПП-мкIэ арэзы зытехъуам, и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, ар мыпхуэдэу тхауэ:
«2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и аппарат» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм (адэкIэ IуэхущIапIэщ) и аппаратым и лэжьакIуэхэм мыпхуэдиз хъу улахуэхэр яхуэгъэувын:
Я къулыкъухэм зэреджэр КъулыкъукIэ я улахуэхэр (сомкIэ)
УнафэщIым 14943 УнафэщIым и къуэдзэ 14451
УнафэщIым и дэIэпыкъуэгъум 14080
Къудамэм и унафэщIым 13714
Къудамэм и унафэщIым и къуэдзэм 13098
Чэнджэщэгъум 11758
Секторым и унафэщIым 11187
Консультантым 11151
IэщIагъэлI пажэм 7345
1-нэ категорием и IэщIагъэлIым 5956».
3. Мы унафэм къыщыхьахэр ялъоIэс 2025 гъэм шыщхьэуIум и 1-м иужькIэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий