Хэкум ипхъу губзыгъэ

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ и IэдакъэщIэкIхэм нэхъ куууэ зыщызгъэгъуэзэн, зэзгъэцIыхун щыщIэздзар 2012 гъэрт, «Мывэхэр щызэхуахьэсыж зэманщ» зыфIаща фэеплъ пшыхьым сыщыIа нэужь. Ар зэхигъэуват а зэманым КъБР-м щэнхабзэмкIэ министру лэжьа Фырэ Руслан.

А зэхыхьэр апхуэдизкIэ цIыхухэм ягу дыхьати, куэдым я лъэIукIэ къытрагъэгъэзэжри ягъэлъэгъуэжат. Пшыхьым екIуу къыщагъэлъэгъуат Къэшэж Иннэ и цIыху щIыкIэри и гуащIэри. Абы и ролыр ягъэзэщIат Къэбэрдей драмэ театрым и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

Узыгъэгушхуэщ апхуэдэ усакIуэ телъыджэ уи лъэпкъым къыщыхэкIкIэ. Ар зауэ зэманым къалъхуахэм ящыщщ - 1944 гъэм и мазае мазэм и 13-м, Москва. Иннэ и адэр Къармэхьэблэ (Каменномост) къыдэкIа адыгэ щIалэт, и анэр урыст. Дауэ и гъащIэр емыкIуэкIами, Иннэ зыщигъэгъупщакъым и Хэкур, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа усэ бжыгъэншэхэм щыщу 200-м нэблагъэм композитор цIэрыIуэхэм макъамэ щIалъхьащ.

ЖытIэм и щыхьэтщ и псэм Iыхьэ гуэр хуэхъуа щIыналъэм теухуа усэ куэд абы зэриIэм. Къыхэгъэщыпхъэщ: Къэшэж Иннэ и япэ усэхэр «Юность» журналым къытехуэу щыщIидзам, ар илъэс 16 хъуа къудейуэ зэрыщытар. Уеблэмэ илъэситI дэкIри, абы и япэ усэ тхылъыр, «Вольный Аул» зыфIищар, Налшык дунейм къыщытехьат. Хэкум ипхъу губзыгъэр димыIэжми, дигу илъщ, и усыгъэр дохъумэ, и фэеплъым и лъэпкъэгъухэр тотхыхь.

ХьэкIуащэ Мадинэ: «Иннэ и япэ усэ тхылъым («Вольный аул») и пэублэ псалъэм Кулиев Къайсын щитхат: «ЦIыхум сыт хуэдэ зэчий бгъэдэлъми - ар фIыгъуэшхуэщ. Къэшэж Иннэ и усыгъэр щыщIэзджыкIым абы и IэрыкIхэр сэ гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуат. СфIэфIт мы тхылъым ихуа усэхэм апхуэдэ гурыщIэ щIэджыкIакIуэхэм я псэми къыщагъэушыну. ЦIыхубз усакIуэ цIыкIум и япэ тхылъыр мэжджытжыг пасэм е пхъэгулъей хужь къабзэм ебгъэщхь хъунущ».

1965 гъэм Налшык къыщыдэкIащ усакIуэ ныбжьыщIэм и етIуанэ тхылъыр, «Незаходящее солнце» фIэщыгъэр иIэу. Абы ихуат Къэшэжым Хэкумрэ лъагъуныгъэмрэ триухуа и усэхэр.

ГъащIэм хуиIэ еплъыкIэр усакIуэм псалъэ IущхэмкIэ къытхуеIуатэ «Белый тур» тхылъыщIэмкIэ (I970 гъэ). ЩIыуэпсым и къэхъугъэхэм, зэманым и джэрпэджэжым, нэгъуэщIхэми усэбзэ пылъхьэншэкIэ дыщегъэгъуазэ.

Къэшэжым къыкIэлъыкIуэ и тхылъыр, «Кавказ надо мною» зыфIищар, 1973 гъэм Налшык къыщыдэкIащ. «Начало», «Связь времен», «Ритмы ожидания» - тхылъыр Iыхьэ хьэлэмэтурэ зэхэухуэнащ, Кавказым ехьэлIа и гупсысэхэри гум хыхьэу абы къыщыгъэлъэгъуащ («И я - Кавказ. И я оттуда», «Эльбруса ледяной каркас»). А лъэхъэнэм ирихьэлIэу Къэшэж Иннэ итхахэм яхэтщ зауэ Iуэхугъуэхэр и адэм и жыIэкIэ, шыфэлIыфэкIэ къиIуэтэжу.

1975 гъэм Москва къыщыдокI «Всегда» усэ тхылъыр. Ари зытеухуар лъагъуныгъэрщ, ауэ абы иджы закъуэныгъэр нэхъ къыхощ. Ар къыбжаIэ езы усэхэм я фIэщыгъэ къудейхэми: «Ненадолго с тобой нас хватило», «Сегодня хочу непокоя», «А слов нет проще», н. ТхылъыщIэм зауэм теухуауи усэ зыбжанэ итщ. Мы сборникым ит усэхэр Iэзэу тхауэ къалъытащ, абыхэм щыщу къыхагъэщхьэхукI «Август», «Не забывайте, горожане», «А лето начиналось вот так» IэдакъэщIэкIхэр.

1977 гъэм Налшык къыщыдэкIащ Иннэ и етхуанэ тхылъыр. «Сегодня» - арат абы усакIуэм фIищар. Усэ тхылъым и дэтхэнэ Iыхьэми («Къеблагъэ», «Незнакомое время», «На всем скаку», «Унэишэ») макъ щызыпхыIукIыр къеджэм пэгъунэгъу мэхъу, ахэр зауэм, унагъуэм, гъунэгъум, гъуэгум, теухуауэ щытщи. Къэшэжым къеIуатэ фIыуэ илъагъуу щыта усакIуэшхуэхэм, Пушкинымрэ Лермонтовымрэ, я кIуэдыжыкIэм зэригъэгумэщIри - «Мертвые пальцы тоскуют», «Разговор с Медиком о душе», «Подражать непоседам», «Последние годы».

«Незнакомое время» тхылъыр I980 гъэм Москва къыщыдэкIащ. УсакIуэм и гупсысэмрэ зэфIэкIымрэ зыщаужьа зэманти, щIэджыкIакIуэхэм ар гурыхь ящыхъуауэ щытащ. «Не мучай меня! Отрекись», «В то самое первое лето», «Я первых слов твоих не помню» - Иннэ и лъагъуныгъэ усэхэм ящыщт ахэр. «Къеблагъэ» усэ тхылъым (I982 гъэм дунейм къытехьащ) Къэшэжым хигъэхьащ нэхъ и пэкIэ къыдигъэкIа и сборникхэм щыщхэр. КъыкIэлъыкIуэ тхылъым абы «Лицом к истоку фIищащ». Абы усэщIэхэмрэ зы поэмэрэ ихуащ.

1987 гъэм Москва къыщыдагъэкIащ Къэшэж Иннэ и тхылъитI: «На розовом коне», «Кони времени». Япэм усакIуэм къыщихьащ «Лицом к истоку» тхылъым щыщхэр. Ахэр нэхъыбэу теухуат гъащIэр къэзыгъэлъагъуэ гъуэгуанэхэм.

1990 гъэм Налшык къыщыдокI Иннэ и епщыкIутIанэ усэ сборникыр - «От второго лица». Абы итщ Къэшэжым щIэуэ зэхигъэува «Страдательный залог» Iыхьэр, зэридзэкIахэр, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм щыщу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля сымэ ятеухуа тхыгъэхэр. Тхылъым и ещанэ Iыхьэр хухахащ Тхьэгъэзит Зубер, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, Бицу Анатолэ сымэ я усэхэу Иннэ зэридзэкIам.

1994 гъэм Къэшэжым и 13-нэ, «Старинное дело», тхылъыр дунейм къытехьащ. Ар Иннэ и анэм и фэеплъу къыдигъэкIат.

Ефэнды Джылахъстэн: «1967 гъэм и накъыгъэ мазэт. МахуитI хъуауэ Союзхэм я унэм и колоннэ пэшым щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я союзпсо зэхыхьэ щекIуэкIырт. Абы хэтт щIэныгъэлI куэди. Сэри утыкум сырагъэблагъэри, дакъикъи 10 хъун хуэдэкIэ сыкъэпсэлъащ. Зыдгъэпсэхуну дыкъыщIэкIауэ зы хъыджэбз къызбгъэдыхьэри сэлам къызихащ. «ЗыкъэзгъэцIыхут, кхъыIэ, хъыджэбз гуапэ», - солъэIу абы. «Сэ сыадыгэщ, Къэшэж Инал срипхъущ, къызэрызэджэр Иннэщ», - жэуап къетыж хъыджэбзым. «Си гуапэщ», - жысIа къудейуэ, зэхуэсым дыкъезыджэж уэзджынэр зэхызохри, си гъусэу нэтIысыну ар изогъэблагъэ.

Дыщысащ, зэхыхьэм щыжаIэхэм теухуауэ дызэпсалъэу. Пэжыр жысIэнщи, хъыджэбз зэкIуж нэ морафэр, е 8-нэ классым иджыри щIэсу урысыбзэкIэ усэ тхын щIэзыдзар, сымыцIыхущэми, а пщыхьэщхьэм си гум дыхьат. ЗанщIэу къызгурыIуат, зэман дэкIмэ, а адыгэ пщащэр урыс усыгъэм и вагъуэщIэу къызэрылыдынур. ЗыхэсщIат абы и адэжь лъахэр - Европэм щынэхъ лъагэ Iуащхьэмахуэр, ауз, гуэл, псыежэх хьэлэмэтхэр зиIэр - фIыуэ зэрилъагъури. Хьэуэ, илъагъу къудейм къыщымынэу ар игъащIэ псокIи и IэдакъэщIэкIхэм щиIэтынут. Сегупсысат хъыджэбзым зыкIи къемыхьэлъэкIыу цIыху куэд къызэкIуалIэ зэхуэсхэм я режиссеруи сценаристуи зэрыувыфынум, апхуэдэ IуэхухэмкIэ сэбэп къызэрытхуэхъуфынум. «Иннэ, театрымкIэ институт гуэрым режиссер IэщIагъэм ущыхуемыджауэ пIэрэ?», - сеупщIащ. «Хьэуэ. Сыт а упщIэр къызыхэпхар?» - зыкIэлъигъэпIащIэу жэуап къетыж. «Ди министерствэм иригъэкIуэкI зэхыхьэхэм я нэхъыбэм усыгъэ хэмыту, фIыуэ зэхэгъэува сценарийкIэ мыухуауэ хъукъым. Ди лъахэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ дикIыурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр нэгъуэщI республикэхэм, крайхэм, областхэм щыдогъэкIуэкI. КъызэрысщыхъумкIэ, уэ сэбэпышхуэ укъытхуэхъуфынут. Утегушхуамэ, апхуэдэ зэхыхьэхэм зыщыхуэдгъэхьэзыркIэ укъедгъэблэгъэнут, Iуэхур къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр уи IэмыщIэ илъыну». Зи гугъу сщIыр хъыджэбзым гуапэ дыдэ щыхъуащ: «СэркIэ ар пщIэшхуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ лэжьыгъэ гуэр зэфIэсхыныр си дежкIэ хъуэпсапIэщ», - жеIэ абы.

Мазищ дэкIауэ, Осетие Ищхъэрэм дыкIуэным тхьэмахуэ иIэу (Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр щекIуэкIынут) Иннэ деж сопсалъэ. Ар хъыбарым щыгуфIыкIащ икIи пщэдей нэхъ пIалъэ имыIэу къызэрыкIуэр жиIащ.

Иннэ и псалъэм епцIыжакъым. Минводы къалэм и аэропортым деж абы дыщыпежьэри къедгъэблэгъэжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм икIэщIыпIэкIэ ар и лэжьыгъэм иужь ихьащ. УзэрыщыгуфIыкIынти, абы пшыхьым хуигъэхьэзыра сценарийм арэзы укъэзымыщI зыри хэттэкъым. Осетием гуапэу къыщытIущIащ. Иннэ и лэжьыгъэр дагъуэншэу къехъулIат. Осетием дыкъикIыжа нэужь, и адэр къыщалъхуа къуажэм, Къармэхьэблэ, Иннэ тшащ, и Iыхьлыхэм ябгъэдэсри, етIуанэ махуэм Москва едгъэжьэжащ (ищIа лэжьыгъэм пэкIуэ уасэри тIихатэкъым). Илъэсхэр кIуэрт, щIыналъэхэм ди зэныбжьэгъугъэр едгъэфIакIуэу зыр адрейм деж деблагъэрт. Къэшэж Иннэ ди гъусэу щыIащ Дон Iуфэ Iус Ростов, Винницэ, Мейкъуапэ, Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Липецк, Черкесск, нэгъуэщI къалэхэми.

1961 гъэм, илъэс 17-м иту, Иннэ итхауэ щытащ «Возьми меня в Балкарию!» усэр. Куэд дэмыкIыу ар композитор цIэрыIуэ Къашыргъэ Билал и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ щыцIэрыIуэ уэрэдхэм яхэхуащ…

Къэшэжыр ирипагэрт усакIуэ-тхакIуэ Iэзэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Балъкъэр Фоусэт, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан, Гуртуев Сэлихь, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ хуэдэхэр, нэгъуэщI куэди Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыхэкIам. Лъэпкъхэм я литературэр зэфIэзыгъэувахэм я IэдакъэщIэкIхэр Иннэ урысыбзэкIэ зэридзэкIыурэ союзпсо утыкум ирихьауэ щытащ. И усэ къеджэкIэр-щэ? Сэ слъэгъуат абы Литераторхэм я унэ нэхъыщхьэм зыкъызэрыщигъэлъагъуэр: ар зы телъыджэ гуэрт. Дэтхэнэ усэ сатырри псалъэри абы и псэм пхигъэкIырт. Иннэ и усэхэмкIэ совет композитор цIэрыIуэ куэдым уэрэдхэр ятхащ. Абыхэм щыщу я цIэ къиIуапхъэщ Фельцман Оскар, Френкель Ян, Островский Александр сымэ. Уэрэдхэр ягъэзэщIащ Зыкинэ Людмилэ, Кобзон Иосиф, Тут Заур, Магомаев Муслим, Ротару Софие, Кристалинская Майе, Лещенкэ Лев, нэгъуэщI куэдми».

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

19.01.2026 - 13:33 ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ
16.01.2026 - 11:37 ГурыщIэ щэху
15.01.2026 - 15:13 Хуэрэджей