Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 6-нэ статьямрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм хухэха и щIы Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэпым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-1-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ехьэлIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 6-нэ статьямрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм хухэха и щIы Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэпым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-1-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м
№243-П-П
* * *
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 6-нэ статьямрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм хухэха и щIы Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэпым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-1-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м
1-нэ статья
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодекс №22-РЗ-м, 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru), и 6-нэ статьям мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) 1-нэ Iыхьэм и япэ пунктым хэт «муниципальнэ е уней мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэу мэкъумэш щыщIэным хухэхахэр» псалъэхэр «Урысей Федерацэм и ЩIы кодексым е адрей федеральнэ законхэм нэгъуэщI къыщымыгъэлъэгъуамэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
2) 2-нэ Iыхьэм къару имыIэжу къэлъытэн.
2-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш IэнатIэм хухэха и щIы Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэпым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №23-РЗ-м, 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru), и 5-1-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, абы хэт «щIы Iыхьэ» псалъэхэм яужькIэ «мы статьям и япэ Iыхьэм зэрыщыубзыхуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIы Iыхьэр къэщэхунымкIэ иIэ хуитыныгъэ хэхахэр къигъэсэбэпын папщIэ» псалъэхэр щIыгъужауэ.
3-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт 2026 гъэм гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ, официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ къару зыгъуэт 2-нэ статьям нэмыщI.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м
№51-РЗ
Поделиться:
Читать также:
05.09.2026 - 09:01 →
Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ
04.09.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ Iуэхумрэ динымрэ хэхыныгъэм епхахэм хабзэм къемызэгъыу къыщыбгъэщхьэпэ зэрымыхъунум теухуауэ зыщыгъуэзапхъэ
01.09.2026 - 10:57 →
«Урысей зэкъуэтыр» шэсыпIэ йоувэ
01.09.2026 - 09:00 →
«Урысей зэкъуэтыр» шэсыпIэ йоувэ
28.08.2026 - 15:24 →
Захуагъэр япэ ирагъэщынущ
| ||




