Нэхъ цIыху тынш гъуэтыгъуейтУсакIуэ цIэрыIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и къалэмыпэм къыщIэкIащ поэзием и лъагапIэм хабжэ усэ купщIафIэ куэд. Гъубжокъуэр гъащIэ мащIэу щытами, лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и IэдакъэщIэкIщ «Шэрэдж толъкъунхэр», «Насыпгуэш», «Жэщ гупсысэхэр», «Зэманым и джэрпэджэж», «ДыгъапIэ», «Иужьрей уафэхъуэпскI» усэ тхылъхэр. Абыхэм я фIыпIэр щызэхуэхьэсауэ 2008 гъэм къыдэкIащ «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» сборникыр. «ИгъащIэ лъандэрэ дызэрыцIыхуу, ди гъуркIи ди цIынэкIи дызэрыщIэу дыкъызэдекIуэкIа пэтми, Лиуан сэрэ нэхъри нэхъ зэгъунэгъуж, ди натIэ зэтыпа щыхъуар а тхьэмыщкIэр дунейм щехыжынум и пэ къихуэ илъэсипщIырат - зэгъусэу зы лэжьапIэ пэшым дыздыщIэсащ, цIыху зыплIытху дыхъууи, езымрэ сэрэ ди закъуэуи. Ди пэшхэр нэхъыбэIуэ тхуащIауэ зыщыдгуэшым, хэт и гъусэу щIэсыну нэхъ къищтэрэ жаIэу щыщIэупщIэхэм, сэ занщIэу жэуап стащ: «Езыр арэзымэ, Лиуан сэрэ зы пэш дыщIэвгъэтIысхьэ». Дунейм ехыжам и гуэныхь сыту сщIын? «Хьэуэ» къыхигъэкIакъым абыи. Сэ сщIэрт Лиуан тутыныр зэрыфIэфIыр, езыми ищIэрт сэ тутын Iугъуэр сызэрижагъуэ бзаджэр. Ауэ сэ мыри сщIэрт: Лиуан укIытэ зиIэ, нэмыс зыхэлъ цIыхут, абы, зэрыжаIэу, езым нэхърэ зы хьэнтхъупс шынакъкIэ нэхъ мыхъуми, нэхъыжьым пщIэ хуищIырт, фIэлIыкIырт. Ди тхакIуэ нэхъыжьхэм ялъагъуу ар тутын зэремыфэри, утыкуакIуэу, зигъэжьэшхуэу зэрыщымытри зыщIэр си закъуэтэкъым. УдэгъуэгурыкIуэну, удэлэжьэну абы нэхърэ нэхъ цIыху тынш гъуэтыгъуейт. Езыр Iэсэт, сабырт.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
16.04.2026 - 14:37 →
Хабзэрмрэ бзэмрэ и гъуазэу
15.04.2026 - 16:38 →
Телъщ ар ноби ди напщIэ
13.04.2026 - 14:52 →
КъэхъукъащIэхэм пэджэжу
| ||





