Уи цIэр фIыкIэ бгъэIуныр

Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэхэм гу щылъетэ муслъымэным хэлъыпхъэ хьэлхэм я нэхъыщхьэм. Ар цIыху пэжу ущытынырщ. Ауэ хэт апхуэдэу узэджэну къэзылэжьыр? А упщIэм жэуап щриткIэ, Iимамым щапхъэу къехь муслъымъэн тхыдэм хэта цIыхушхуэхэм ятеухуа хъыбархэр. 
 ЦIыхум хьэл нэхъ дахэу зыхилъхьэфынухэм язщ пэжагъыр. Ар цIыхур здынэсыфыну лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Пэжагъым и гъуэгум техьар гъуэгу махуэм теуващ. А гъуэгум хэт текIауэ щытми, апхуэдэри щыхупIэм хуэкIуэу аращ. Пэжагъырщ мунафикъ фэрыщIымрэ Iиман зиIэмрэ зэрызэхагъэкIыр. Пэжагъырщ зэрызэхэкIынур жэнэтым кIуэнумрэ жыхьэнмэ мафIэм хыхьэнумрэ. 
 Алыхь лъапIэм КъурIэным щыжеIэ: «Уа Iиман къэзыхьахэ! Алыхьым фыщышыни, пэжыр жызыIэхэм фIэкIа фаримыгъусэ». НэгъуэщI щIыпIэ дежи дыщыхуозэ: «Ахэр Алыхьталэм пэжу бгъэдэтамэ, езыхэм я дежкIэ нэхъыфIт». Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и псалъэу Ибн Мэсхьуд къеIуэтэж: «Шэч зыхэмылъращи, пэжым узыхуишэр фIыщ. ФIым узыхуишэри жэнэтращ. ЦIыхум пэж фIэкIа жимыIэн щIедзэри, Алыхьым и пащхьэм «сиддикъ», «цIыху пэж» цIэр щегъуэт. ПцIыми узыхуишэр гуэныхьырщ. Гуэныхьым узыхуишэр мафIэрщ. ЦIыхум пцIы иупсын щIидзэу щытмэ, пцIы иупсым-иупсурэ, апхуэдэ цIыхур Алыхьталэм и деж пцIыупсу щатх». 
 Муслъымэнхэр пэжым дытетыныр мы диным дыкъызыхуриджэ хьэл нэхъ дахэхэм ящыщщ. МащIэми куэдми, ди гъащIэм сытым дежи пэжагъыр къыщытхэщын хуейуэ щытщ. Пэжагъыр зищIысыр пэжыр жыпIэн къудейр аракъым. «ЦIыху пэж» жыхуаIэр и псэлъэкIэкIи, и Iуэху щIэкIэкIи, и щытыкIэкIи пэжу щытырщ. ЦIыху пэжщ зыхужаIэр Абдул Уахьид ибн Зейд къигъэлъэгъуащ: «ЦIыху пэжыр Алыхьым папщIэ ита псалъэм пэжу тетыжырщ». Ибн Къэйим и тхылъми щыжеIэ: «Пэжагъыр щыуэ зэтетщ. Япэр – уи псэлъэкIэрщ, етIуанэр – уи лэжьыгъэрщ, ещанэр – уи щытыкIэрщ». ПсэлъэкIэм хохьэ цIыхум сытым дежи и жьэм пэж къыжьэдэкIыныр. Ар зыгуэрым пхуегъэщхьыну щытмэ, гуэдзым щхьэмыжыр къыщыдидзым деж, захуабзэу къызэрыдэкIым хуэдэщ. ЕтIуанэр цIыхур и Iуэху щIэкIэкIэ, и лэжьыгъэкIэ пэжагъым тетынырщ. Алыхьталэм цIыхум къыхуищIа унафэхэм язщ и къалэнхэр пэжу игъэзэщIэныр. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и щхьэм щиубыд увыпIэм хуэдэщ ар. Ещанэр цIыхур и щытыкIэкIэ пэжагъым тетынырщ. И гум илъымкIи, наIуэу и IэпкълъэпкъымкIэ къигъэлъагъуэми ар къыхэщынырщ. 
 Си къуэш лъапIэхэ! Нобэ пэжагъ зыхэлъхэм дахуэныкъуэ жыпIэмэ, хуабжьу дахуэныкъуэщ. Дахуэныкъуэщ пэжым теухуауэ пашэ тхуэхъунухэм, щапхъэ зытетхынухэм. Муслъымэнхэм ди Iуэхур апхуэдэ гуэрым нэса иужькIэ, дэ сытым дежи зызыхуэдгъэзэжын, щапхъэ къызытетхын диIэщ. Псалъэм папщIэ, щэхьабэ лъапIэхэр. Щэхьабэхэм я гъащIэм уриплъэжмэ, пэжагъым теухуауэ куэд щыбгъуэтынущ. «Ахэр Алыхьталэм иузэщIащи, мис абыхэм я гъуэгум фрикIуэ, абыхэм факIэлъыкIуэ», - щIыжиIэр аращ Алыхьталэм. 
 Щэхьабэхэм диныр пэжкIэ къащтэри, Алыхьымрэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхамрэ еувэлIат. Абыхэм яхэлъа пэжагъым хуэдэ зэман блэкIам ущылъыхъуэми, щумыгъуэтыну апхуэдэщ. Я IиманкIи, я IуэхущIэкIэкIи, я щытыкIэкIи. 
 Щапхъэ жыпIэмэ, щапхъэкъэ ахэр КъурIэным зэрыхущыту щытар. Ахэр ауэ сытми КъурIэным еджэу аратэкъым, жэщым уафэм вагъуэхэр зэрыщылыдым хуэдэу, Алыхьталэм и псалъэхэр я жьэм жьэдэлъу, жаIэм къыхэщу апхуэдэт. Къеджэ къудей мыхъуу, а къызэджам ирилэжьэну, ар хьэл ящIыну, зыхалъхьэну хуежьэхэрт. Ахэр КъурIэн щеджэм деж, мыр зыхуэгъэзар, Алыхьыр зэпсалъэр сэращ жаIэу апхуэдэхэт. «Уа Iиман къэзыхьахэ» жаIэху, я тхьэкIумэр тегъэхуауэ едаIуэхэрт. «Иджыпсту Алыхьым зыкъысхуегъазэ, унафэ гуэр къысхуищIынущ, мыр лэжь е мыр къэгъанэ жиIэу», - апхуэдэу егупсысхэрт. 
 Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам я гъусэу, муслъымэнхэр зэгуэрым къэзэуат гуэрым къикIыжхэрт. Жэщу къуэкIий зэв гуэрым деж дыхьахэщ. Бийр и гупэмкIэ фIэкIа къабгъэдыхьэфынутэкъым. ЛIыкIуэ лъапIэм щэхьабэхэм захуигъазэри жиIащ: «Хэт ныжэбэ плъырынур? Хэт дызыхъумэнур?» «Дэ фытхъумэнщ», - жаIащ абыхэм яхэт Хьэббадрэ Хьэммаррэ. Арати, а тIур къуэкIий дыхьэпIэм деж увахэщ. ТIури нэху щыху хъуху дыщысыфынкъым, аращи, зыр жэщым и япэ Iыхьэм ирежей, адрейр етIуанэ Iыхьэм жеинщ, жаIэу щызэгурыIуэм, япэу жеинур зэхагъэкIын хуей хъуащ. «Сэ япэу сыжеинщ, - жиIащ Хьэммар, - уэ иджыпсту кIуэи плъыр». Арати, Хьэббад къуэкIий дыхьэпIэм деж мэуври, и зэманыр пщIэншэу имыгъэкIуэн щхьэкIэ, нэмэз ищIу щIедзэ. «Кэхьф» сурэм къеджэу щытт ар, и псэр етауэ. Бийхэм языхэзым нэмэзым тет Хьэббад къызэрилъагъуу, муслъымэнхэр абдежым зэрыдэсыр къыгурыIуащ. И шабзэшэр зэIуидзэщ, Хьэббад тригъапсэри еуащ. Модрейми ар техуащ. АрщхьэкIэ и нэмэзыр зэпимыгъэууэ, шабзэшэр къыхичыжри, адэкIэ пищащ. ЕтIуанэуи, ещанэуи къоуэри, тIэуми къытохуэ. Ещанэ уIэгъэм хьэлъэ ищIауэ, лъышхуэ зыщIэкI Хьэббад кIуэри и гъусэр къигъэушащ. «Япэ шэр къыщыптехуам щхьэ сыкъыумыгъэушарэ?» - жиIэу, Хьэммар къыщыщылъэтым, мыр жэуапу къритащ: «Сэ зы сурэ сыкъеджэрти, абы сыкъызэрыхэкIын, ар зэрызэпызгъэун къару мы дунейм щызгъуэтакъым. Бегъымбарым къуэкIийр схъумэну унафэ къысхуищIауэ щымытамэ, а нэмэзым сытету сылIам нэхъ къэсщтэнут». 
 Си къуэш лъапIэхэ! А щэхьабэхэр зэджа КъурIэныр нобэ дэри тIэщIэлъщ. Дэри абы доджэ. Ауэ абыхэм дэрэ ди IиманкIи ди КъурIэн еджэкIэкIи КъуэкIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ зэрызэпэIэщIэм хуэдэу, дызэпэжыжьэщ. Дэ КъурIэн деджэну нобэ дытIысамэ, телефоныр къыдбгъэдэмылъу хъунукъым. Абы зы хъыбар кIапэ кърагъэхьамэ, ди еджэныр зэпыуауэ аращ. Зы бэлыхьым дыхэкIыжым хуэдэу, занщIэу деджэн хуейщ. Хьэббад шабзэшэкIэ щэ къеуарэ пэт, и нэмэзым къытекIакъым. Уеблэмэ къыхэщтыкIакъым, къыхичыжурэ и нэмэзыр пищэжащ. Аллахьу Акбэр! Мис аращ пэжагъ хъужыр. Ахэр апхуэдэ щIыкIэкIэ КъурIэным бгъэдэту щытащ, итыр зрагъэзэщIэным и ужь итхэу. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: