СурэтыщI адыгэгу, адыгэпсэНью-Йорк къыщалъхуа, Москва щыпсэу ди хэкуэгъу сурэтыщI цIэрыIуэ Кахадэ (Чэгъэду) Зак и лэжьыгъэхэр Налшык щагъэлъагъуэ. «Непокорный герой» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуахыным ипэ къихуэу, Зак журналистхэм зыкъытхуигъэзащ, и гуапэуи ди упщIэхэм жэуап къаритащ.
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщыхъуа ди хэкуэгъу сурэтыщIым къыджиIащ адыгэ IуэрыIуатэм, тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм дуней псом щыпсэу лъэпкъхэм гулъытэ хуригъэщIыным зэрытелажьэр. Зи лэжьыгъэхэм адыгэмэ къыкIэрих, адыгэгурэ адыгэпсэрэ зыкIуэцIылъ художникым и Iуэху бгъэдыхьэкIэри, къигъэсэбэп Iэмалхэри, и гупсысэри аращ зытеухуэжар. Ар зригъэхъулIэн папщIэ, хэкужьым пэIэщIэ Зак лъэпкъ тхыдэм ехьэлIа дэфтэр куэд иджащ. Абы къыдэкIуэу, адыгэ хабзэм, IуэрыIуатэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм щIапIыкIа сурэтыщIым езым и лIакъуэм, абы и унагъуэм щахъума лъапIэныгъэхэм, хъугъуэфIыгъуэхэм, щIэинхэм теухуахэми зыщигъэгъуэзащ. Иджырей гъуазджэм и художникым а псом я фIыгъэкIэ Iэмал иIэщ и лэжьыгъэхэм ахэр къыщигъэлъэгъуэжыну. Зак и IэдакъэщIэкI сурэтхэр щищIкIэ къигъэсэбэпыр Кавказ Ищхъэрэм ириша щIымрэ дагъэмрэщ. И лэжьыгъэхэм мафIэм и лъэужьи щыболъагъу. И сурэтхэм къытощ адыгэ фащэхэр, абы и пкъыгъуэхэр, лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ, шыкIэпшынэр, сэшхуэр, къамэр. Языныкъуэ и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэр, я нэгу щIэкIа гузэвэгъуэм щыщ теплъэгъуэхэр, Хэкум зэрырагъэIэпхъукIар щIыгъуу.
- Си лэжьыгъэхэр щысщIкIэ абыхэм ящIэлъ гупсысэр дэтхэнэ зы цIыхум дежкIи гурыIуэгъуафIэ хъунырщ зи ужь ситыр, – жеIэ Зак. – Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэблэм IуэрыIуатэм, анэдэлъхубзэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыркъым. Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм, бзэм дэ гулъытэ хуэдмыщIыжмэ, нэгъуэщIым хуищIынукъым. Пэжыр жысIэнщи, си сурэтхэм я купщIэр зыхезгъэщIэным и лъэныкъуэкIэ нэхъ гугъу сызыдехьыр адыгэхэрщ. Абы еплъытмэ, Санкт-Петербургрэ Москварэ щыпсэухэм си Iэдакъэ къыщIэкIахэр тыншу зэрызыхащIамрэ абыхэм къызэрыпэджэжамрэ згъэщIэгъуащ.
СурэтыщIым зэрыжиIэмкIэ, гъэлъэгъуэныгъэм зыхуигъэхьэзырыным зэманышхуэ токIуадэр. Лэжьэн папщIэ абы щIыуэпси дыгъэпси къилъыхъуэркъым, атIэ и студием гупсэхуу и IэнатIэм щыпэрытщ, Iуащхьэмахуэ лъапэм щыIэм хуэдэу. Гукъыдэж къезытыр и лъэпкъырщ, и унагъуэрщ, и щIэблэрщ, цIыхугъэрщ.
Зак и лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Германием, Франджым, Урысейм и къалэ куэдым, КъБР-м и Лъэпкъ музейм, КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музей Москва дэтым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ и къудамэм, Иджырей гъуазджэхэмкIэ Къэрал центрым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм, Санкт-Петербург и музейм, нэгъуэщIхэми. И Iэдакъэ къыщIэкIахэм щIэупщIэ зэраIэм щыхьэт тохъуэ абыхэм ящыщ цIыху щхьэхуэхэм я унагъуэхэм зэрыщахъумэр.
Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
15.07.2026 - 11:26 →
Адыгэ тхыдэм и гъуджэ
14.07.2026 - 15:40 →
ЕтIанэгъи къыпащэну я мурадщ
14.07.2026 - 14:39 →
Унэ-музейр зэрагъэпэщыж
14.07.2026 - 10:01 →
Май жыг хадэ
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
| ||




