Адэм и уэсят

ЛIыжь Iущ гуэр, и лIэгъуэр къыщысым, и къуэр ириджэри, уэсят къищIыжащ:
– Сэ дунейм сохыж. ИгъащIэкIэ пхурикъун мылъку къыпхузогъанэ, къыпхуэзгъанэр си пщIэнтIэпскIэ къэзлэжьащ. Ныбжьэгъу ирипIыгъынуми цIыхугъэ иризепхьэнуми, узэрегуакIуэщ. Сыпхуэарэзыщ, сигу зэбгъэбгъакъым. Уэсят къыпхузогъанэри, укъызэдаIуэмэ, ущIегъуэжынкъым.
Уэсятыр мыращ: япэрауэ, уипщ щIыхуэ иумыт, щIыхуи къыIыумых; етIуанэрауэ, зыхуэмыфащэм хуумыщIэIа: псыхэкIуадэ хъунщи, ухущIегъуэжынщ; ещанэращи, уи фыз уи щэху иумыхьэлIэ.
И къуэм апхуэдэ уэсят къыхуигъанэри, лIыжьым и псэр щинащ.
ЩIалэр куэдрэ егупсысащ адэм и псалъэм, гъэунэхупIэ имыхуэурэ, зыбжанэрэ екIуэкIащ. И адэр лIэри зы илъэс хуэдэ дэкIауэ, щIалэм зэхихащ пщыр щIыхуэ къезытын зэрылъыхъуэр.
– Ди адэм и уэсятыр згъэунэхунщ, – жери щIалэр пщым деж кIуащ.
– Узэрыгузавэр зэхэсхати, сыкъэкIуащ, – жиIащ щIалэм.
– Ди адэм къысхуигъэнауэ, мылъку сиIэщ, щIыхуэ ухуейуэ зэхэсхащи, уэстыфынущ.
– Дэгъуэкъэ, – жиIащ пщым, – мыпхуэдэ пIалъэм фIэзгъэкIынкъым, уэстыжынщ.
ПIалъэмкIэ зэгурыIуащ. ПIалъэр къэсри, щIалэр пщым деж кIуащ, арщхьэкIэ щIыхуэр къритыжакъым, пIалъэм пIалъэ къыхигъэкIыжащ. Аргуэрыр къыщысым, щIалэм тригъэзащ, щхьэусыгъуэ ищIри, пщым абдежми къритыжакъым щIыхуэр.
«ЩIыхуэр» жриIэху, пщым пIалъэ къыхигъэкIыурэ, зы илъэси илъэситIи кIуащ, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъури, пщымрэ щIалэмрэ зэщыIеящ. Iуэхур абы нэсауэ, щIалэм и адэм и ныбжьэгъу къыхуепсыхащ. И адэм и ныбжьэгъур игъэхьэщIащ щIалэм, хуэфащэ нэмыс хуищIащ, ар иригъэжьэжын ипэ бащлъыкъкIэ зызэщIиуфэри шууэ дэкIащ.
Къуажэбгъум щыджэгу щIалэ цIыкIухэм ябгъэдыхьэри, щIопщыр зыIэпигъэхуащ. ЩIалэ цIыкIу къыбгъэдэлъадэри, щIопщыр къыхуишиижащ. ЩIопщыр къыIрихыж зищIри, щIалэ цIыкIур къипхъуэтащ. ЩIалэ цIыкIур мэзым щIихьэри, и хьэщIэм иритащ.
– Мыр анэмэт пхузощI, – жриIащ и хьэщIэм.
– Къаным зэрыхуэфэщэнкIэ уи унэ игъэс, сыныщIэупщIэмэ, къысхуегъэшэж.
Пщым и къуэт щIалэ цIыкIур. Ар ихьри, хьэщIэр ежьэжащ. И къуэр кIуэдамэ, пщым игу фIы щыщIэнт: игъэлъыхъуащ – дунейм яхутехакъым.
ЩIалэм шэч къыхуащIагъэххэкъым. И адэм и етIуанэ уэсятри игъэунэхун мурад ищIащ щIалэм. Благъэ гуэр иIэт, и адэм мылъкуфI къыхуигъэнауэ. Къыхуигъэна щхьэкIэ, зэригъэзэхуэфакъым, IэщIэшхыхьыжри пщIантIэ нэщIым къыдэнащ.
«Мыр си благъэщ, сыдэIэпыкъун хуейуэ къыстохуэ», – жери щIалэм и благъэм Iэщи гъави иритащ. Пщым и къуэр зэрыкIуэдрэ зыбжанэ щIауэ, пщыхьэщхьэ гуэрым, жьэгум здыдэсым, щIалэр «хьы!» жери пыдыхьэшхыкIащ.
– Сыт ущIэдыхьэшхар? – жери и фызыр къыщыхьащ щIалэм.
– СыщIэдыхьэшхар бжесIэнщ, – жи щIалэм. – БжесIэнур пIуэтэжмэ, уэри сэри дытекIуэдэнущ.
– СIуэтэжынкъым, – щыжиIэм, щIалэм и щэхур фызым жриIащ. Зэхихам егупсысурэ нэху щыху жейм езэгъакъым фызыр, нэхущым къыщылъэтри я гъунэгъум мафIэхьэ ежэкIащ.
«Ди зэхуэдэ щэхущ, дыпIуатэ хъунукъым, унэм исым IэщIэщIар мыращ», – жери и лIым и щэхур я гъунэгъу фызым хуиIуэтащ. Ар я гъунэгъум ежэкIри, пщым и къуэр зыдыгъуар жриIащ. Зы жьэм къыжьэдэкIар жьищэм жьэдохьэ, жи. ЩIалэм и щэхур жылэм хэз хъуащ.
ЩIалэр яубыдри, пщым деж яшащ. «УкIын хуейщ!» – жаIащ пщым и пщIантIэм щызэхуэжэсахэм. Псом нэхъ ихъуилъыр щIалэм Iэщрэ гъавэрэ зрита и благъэрт.
– Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым, – жиIэри щIалэм псори къиIуэтащ. – Пщым и къуэр зыдыгъуар сэращ, здыгъуа щхьэкIэ, згъэкIуэдакъым, ди адэм и ныбжьэгъум и къанщ, хъыбар щезгъащIэ пIалъэм зэрыхуэфэщэнкIэ къишэжынущ.
Хъыбар иригъащIэри, пщым и къуэр къишэжащ щIалэм и адэм и ныбжьэгъум, къаным хуэфащэ хабзэ къыкIэлъызэрихьэри. Абы и ужькIэ пщым щIалэм щIыхуэр къритыжащ. Жьы хъууэ дунейм ехыжыху, адэм къыхуигъэна псалъэм тетащ щIалэр, щыщIегъуэжаи къэхъуакъым.

Къармокъуэ Хьэмид.
Поделиться: