Хъытех

Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэ-лъапэу плъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыжыр, езы псалъэ «хъытехри» къыщехьыр. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, нысащIэм и щхьэтепхъуэр шабзэшэкIэ псынщIэу къытрапхъуэтыкIын хуейт. Ар къалэн щащIауэ къытезыпхъуэтыкIым хъытехкIэ еджэрт.

Нэгумэ Шорэ и фIэщIэкIэ хъытех жыхуаIэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм деупщIу къэдублат, икIи абы щхьэкIэ ди жьыщхьэ махуэхэм ящIэжыр мащIэтэкъым. Дауи, ар нобэрей нэхъыжьхэртэкъым, атIэ хыщI-блыщI гъэхэм илъэсищэм нэса, абы щхьэпырыбэкъукIахэрт, адыгэ хабзэм щIапIыкIахэрт. Хъытехыу ущытыныр, ар къыпхуагъэфэщэныр щIыхьышхуэт икIи дзыхь щхьэхуэт. Абы къищынэмыщIауэ шынагъуэ гуэрхэри пылъу ялъытэрт. Ар ящIэу, хьэгъуэлIыгъуэ зиIэ унагъуэм я нэхъыжьыр мыр хъытех тхуэхъуащэрэт, жиIэу зэхъуапсэм я деж кIуэрти, абы и адэ-анэм елъэIурт, ямыгъэщIэхъуу а хабзэр я щIалэм ирырагъэзэщIэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъапэм хъытехыу щытар цIыхухъущ, щIалэ е лIы. ИужькIэ, унэишэм щыгъуэ ар бзылъхугъэхэм къапекIуэтэкIыжащ. Ар Нэгумэ Шорэ и зэманым ирихьэлIауэ къыщIэкIынущ, сыту жыпIэмэ, абы зи гугъу ищI хъытехыр цIыхубзщ.

Щхьэтепхъуэр щхьэкум и деж къыщыфIагъанэрти, шабзэмкIэ, нэхъ тэмэму, шабзэшэмкIэ псынщIэу къытрапхъуэтырт. ИужькIэ ар башкIэ къытрах хъуащ. Шэрджэсхэм апхуэдэ башыр ямыгъэкIуэду зэрахьэрт, нысащIэм сабий игъуэтмэ, гущэпс баш ящIыну.

ЦIыхухъухэр хъытехыу щыщытам щыгъуэ абы къагъэсэбэпыр къамэт е сэшхуэт. НысащIэм и щхьэтепхъуэр трапхъуэтын ипэкIэ ар бгыкъу гуэрым и лъабжьэм щIагъэувэрт. Бгыкъу щымыIэмэ, щIалитIым бжэгъу къащтэрти, абы щхьэщаIыгъэт. АбыкIи зэфIэкIыртэкъым. Щхьэтепхъуэр сэшхуэпэкIэ е къамэпэкIэ къытрипхъуэтыным ипэ къихуэу, щIалэр нысащIэм елъэIурт, зимыхъунщIэну, Iэдэб цIыкIуу щытыну. Абы нысащIэм тепхъуа щхьэтепхъуэм и кум деж Iэщэ иIыгъым и пэр къыщыфIигъэнэну зищIырт, зэи, тIэуи. Апхуэдэхэм и деж ар шынауэ къыIулъэтыным ещхьу зищIырт, итIанэ аргуэру къытригъазэурэ щхьэтепхъуэм щIэтым елъэIурт, ар губзыгъэ цIыкIуу щытыну, зишыIэну, зимыхъунщIэну.

А псори зы джэгукIэ гъэщIэгъуэн гуэрым ещхь хъурт. ЩIалэм и лъэIухэр, къауIэ, къаукI зэрыпэтар, къыIумылъатэмэ, щэнейрэ къытрагъазэрти, еплIанэм щыгъуэ, пэж дыдэу, щхьэтепхъуэр нысащIэм и щхьэм къытрипхъуэтырти, къамэмкIэ е сэшхуэмкIэ щэ еуэгъуэ еуэрт а нысащIэр зи лъабжьэ щIэт бгыкъум е абы щхьэщаIыгъэ бжэгъум.

Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, унэишэм хэкIуэдыкIыжа мы хабзэр гъэщIэгъуэныщэщ. Абы узригъэгупсысыр щхьэтепхъуэм щIэт бзылъхугъэм Iэщэ иIыгъыу е абы пэшэгъу иIэу, ар бзаджэ гуэрхэм пыщIауэ, цIыхур абы щышынэу зэрыщытырщ. ИужькIэ нэгузыужь джэгукIэу къытщыхъуу къэна щхьэкIэ, абыхэм лъабжьэ куу яIэщ, лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и нэпкъыжьэ хэмыгъуэщэжу къэнауэ.

МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Поделиться: