Анэшхуэм и хъыбархэм щыщ

Адэшхуэ-анэшхуэхэм я жьауэм щIэту къэхъу сабийм и насыпщ. Сэри Тхьэ закъуэм къысхуигъэфэщат апхуэдэ насып.

Дадэ-нанэхэм жаIэж хъыбархэм ущIэдэIуу пщыхьэщхьэкIэрэ жыг щIагъым ущIэсыну сыт и уасэ?! Си нэр згъэупIэрапIэмэ, зыгуэр дэзгъэхункIэ сышынэу, сыщIэдэIурт абыхэм я хъыбар телъыджэхэм.

ДагъэIущырт, даущийрт. Уэ сыт ухуейми жыIэ, адакъэхэр Iуэуэ, нэху щыным зымащIэ дыдэ фIэкIа имыIэжу ди напIэ зэтетлъхьэу арат!

Сабиигъуэ... Сыту зэман телъыджэ. Таурыхърэ хъыбарыжькIэ гъэнщIа зэман дахэ...

Балигъ дыхъумэ, таурыхъхэри нэхъ гуакIуэж хъууэ ди гъащIэм хэтын тфIэщIу, ин дыхъуным дыхуэпIащIэрт. ДыхуэпIащIэрт, гъащIэм кIэух телъыджэ зиIэ таурыхъ къызэрыщымыхъур, къыщыхъуми, зэрызакъуэтIакъуэ дыдэр ди фIэщ тщIыну дыхуэмейуэ.

Иджы фызэзгъэдэIуэну хъыбаритIыр  ди анэм и анэ Лъэпщ Уэхьидэт (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) къиIуэтэжауэ щытащ.

Шорэ Маринэ.

 

Нартыхудэч

Нэхъ пасэхэм щыгъуэ пщIакIуэ, мэкъуIэнащтэ, нартыхудэч  цIыхухэр губгъуэм яшэу щытащ.  Нэхъыбэм  жэщхэсут зэрыкIуэр. Мис апхуэдэу нартыхудэч яша хъыджэбзхэм яхэтт Уэхьидэти.

Бригадирым пщэдджыжьым псори зэхуишэсри, унафэ ткIий яхуищIат, лэжьыгъэ нэужьым зэкIэрымыхуу псори зэхуэсыжу пщыIэм техьэжын хуейуэ.

- Хьэсэм зыри къыхэвмынэ! - лъаIуэрт ар.

Сытми, махуэ псом нартыху къыдачащ. Пшапэ зэхэуэгъуэ хъуауэ, нартыху къыдичу хьэсэм хэт Уэхьидэт къэувыIэри зэщIэдэIукIащ: «Сыту щэху хъуа псори?» – жиIэри. И гъусэхэм йоджэ, ауэ зыри къыпэджэжыркъым. Ихъуреягъыр щымт.

- Алыхь, Алыхь! Сыкъыханэу хэкIыжамэ, сыкъэсыжащ. ПщыIэри гъунэгъу дыдэкъым, - жиIэу гузавэурэ хъыджэбзыр хьэсэм къыхэкIыжащ.

И лэжьэгъухэм аргуэру йоджэ. Щымщ. Уплъэмэ, жыжьэу къакIуэр къыпхуэмыцIыхуну кIыфI хъуат.

Нартыхур зэрилъу, чы матэр хыфIидзэри къыщIэпхъуащ Уэхьидэт. Ешат, ауэ хуэм зищIын шынэурэ къыздэпIащIэм, иужь зыгуэр иту къажэ хуэдэу къыфIэщIащ. КъызэплъэкIри - хьэ гъуабжэжь цIыкIу иужь иту къакIуэрт.

- Е, Тхьэм и нэфIыр зыщихуэн, сыту фIыуэ гъусэ укъысхуэхъуа! - и гур нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ къызэтоувыIэ ар.

Метрищ-плIыкIэ пэжыжьэу хьэ гъуабжэри къоувыIэ.

- ТIукIэ, тIукIэ, мэ, мэ! - йоджэ ар хьэм.

АрщхьэкIэ хьэм зигъэхъейркъым. Хъыджэбзыр ежьэмэ,  езыри къыкIэлъокIуэ, къэувыIакъэ – и пIэ икIыркъым.

Апхуэдэурэ бжьэпэм къытехьэжащ. Уеплъыхмэ, пщыIэр плъагъурт, щIэшынэни щымыIэжу къыфIэщIу, игу нэхъ зэгъэжат Уэхьидэт. ТIэкIу зигъэпсэхуну хъыджэбзыр къыщызэтеувыIащ абдежым.

Абы хэту, «и хьэ гъуабжэжь» цIыкIуу плъагъур... къокъугъ! Хьэ и гугъэурэ и гур иджыри къэскIэ щIигъэфIар - дыгъужьт! А къугъ макъыр зэрызэхихыу, Уэхьидэт и лъакъуитIыр щIохури, и нэхэм пшагъуэ къытрехьэ…

Къугъ макъыр зэхэзыха дыгъужьхэри, пщыIэм телъ хьэхэри напIэзыпIэм къызэхуосри, зэрышхын щIадзэ. Уэхьидэти и лъакъуитIыр къедэIуэжыркъыми, и пIэ икIыфыркъым. ПщыIэм тесхэри къыщIэжауэ, хэт гуахъуэ, хэти хьэмфIанэ, хэти бжьэгъу къапхъуатэ.

- Къэтыр хэт?! – зэрызохьэ псори.

- Уэхьидэт!

- Е гъуэгу махуэрэ! Ар дауэ ухъу?

Псори бжьэпэм зэрыдэхри, хьэ, дыгъужь зэрышхым  хъыджэбзыр къыхахыжащ.

Абы иужькIэ нартыхудэч щыIэхэр куэдкIэ нэхъ сакъ хъуащ, хьэсэм зыгуэр къыханэу къыщыхэкIыжаи къэхъуакъым. 

 

Андэгурэрэ шху гуащIэрэ

Хъыджэбзхэр губгъуэм пщIакIуэ дашат. Хьэсэр здапщIэм, аддэ жыжьэу зы жыгышхуэ иту къалъэгъуащ. Махуэр хуабащэт. Псэр жьауапIэ, щIыIэтыIэ лъыхъуэрт. Арати, мурад ящIащ, шэджагъуашхэ мыхъу щIыкIэ а жыгышхуэм нэсыхункIэ хьэсэр япщIэу, абдеж щIэтIысхьэу зыщагъэпсэхуну, тIэкIуи щхьэукъуэну. ЗэрыжаIам хуэдабзэу, а жыгым нэскIэ «я псэр нахьэсри», псори жыг жьауэм и щIагъым щIэтIысхьащ. Мо еша-елIауэ гъуэлъахэр, куэдрэт, Iурихащ.

Жей IэфIым сыхэту, гурым макъ гуэр зэхэсхащ. Пырхътэкъым, хьэуэ - гурымт! Сыщхьэхыпэурэ зыкъэсIэтащ. Зызоплъыхьри, къысхуэщIэркъым гурым макъыр къыздиIукIыр. Сыкъотэджри, псоми зырызыххэу соплъ. Макъыр къыздиIукIымкIэ сокIуэри - я дэ ди Тхьэ! Ди гъусэ хъыджэбз гуэрым, сантиметритI-щы хуэдиз фIэкIа къэмынауэ, блэ жьэдэпщхьэу солъагъу!

- Уэхьэхьей! Фыкъэуш! Блэ! Блэ! - сокIий.

Асыхьэту псори къыщолъэтри, бгъэдолъадэ гурыму щылъ хъыджэбзым. Блэр плъагъужыххэртэкъым - жьэдэпщхьакIэт.

Псори зэрогъэкIий, магъ.

- ПсынщIэу андэгурэ фукъэбзурэ евгъэшх! – жеIэ зыгуэрым.

НэгъуэщI зы пщыIэм ягъажэ, шху гуащIэу игъуэтыр къихьыну. Андэгурэр губгъуэм куэду итти, дежауэ дукъэбзурэ идогъэшх.

- Уэ куэд мыгъуэщ! Сызэгуетхъ! - мэщэIу блэр зыжьэдэпщхьар.

- Умышхмэ, улIэнущ! ЖаIэр щIэ! - зэрогъэкIий къыщхьэщытхэр.

Шху гуащIэри псынщIэу къагъэсащ. Еуэ ирагъафэ, еуэ ирагъафэ! АдэкIэ емыхыжыхукIэ шхум ирагъэфащ…

Пырхърэ гурымрэ къыпхуэмыщIэну зы «хъырхъ» макъ и Iум къиIукIыу, и нэкIущхьитIыр плъыжь-фIыцIафэ хъуарэ и нэр фIыщIилъафэу дакъикъитху хуэдэк1э щылъа нэужь зрагъэфари ирагъэшхари къыдрихьеижу щIидзащ. Шхумрэ андэгурэмрэ я гъусэу блэр цIыкIу-цIыкIуу зэпыщэщауэ къыжьэдэкIыжат.

Хъыджэбзыр сымаджэщым яшэри, мазищ нэблагъэк1э щIэлъащ, къыщIэкIыжа нэужьи тхьэлъэIушхуэ хуащIыжауэ щытащ. «Алыхьырщ, Алыхьым иужьк1э уэращ ди  бын закъуэр къезыгъэлар», - жаIэри хъыджэбзым и адэ-анэм фэилъхьэгъуэ дахэ къысхуащэхури сагъэфIэжат.

Поделиться: