Сабуни Мажд Альдин: «Адыгэм и уэрэдыжьхэр ирепсэу»

Kavkaz Musik проектым хыхьэу, уэрэджыIакIуэ Сабуни Мажд Альдин япэу утыку кърихьащ лъэпкъ тхыдэ дахэ къызыдекIуэкI, XIX-нэ лIэщIыгъуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, 1810 гъэм ятха «Бабыгу Жанхъуэт» адыгэ уэрэдыр. 

Мажд Альдин и адэр Сирием, Алеппо щыщщ, хьэрыпщ. И адэр и IэщIагъэкIэ физикщ, математикщ. Москва университетым щригъэджащ. И анэ Мариетэ Щауэхэ япхъущ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщщ. Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ институтым музыкэ щIэныгъэ щызэригъэгъуэгъуэтащ, пианистщ, уэрэд жыIэнымкIэ егъэджакIуэщ. ЩIалэр макъамэм дезыгъэхьэхари абы хуэзыущияри и анэращ. Мажд Альдин кIэмыргуей, къэбэрдей псалъэкIэхэм щыгъуазэщ, урысыбзэр, иджылызыбзэр, хьэрыпыбзэр уэрсэру ещIэр. 
ЗэрыцIыкIурэ классикэ макъамэхэм дахьэх щIалэ цIыкIур илъэсищ щрикъум Шопен Ф. и цIэр зезыхьэ Музыкэ еджапIэм, иужькIэ абы и колледжым щIэтIысхьэжри, Красильниковэ Людмилэрэ Романовская Майерэ ирагъэджащ. ИужькIэ Мариинскэ театрым и Академие, Гергиевэ Ларисэ и унафэм щIэтым Ханеданьян Грайрэ и классым уэрэджыIакIуэу къащтащ. ЯпэщIыкIэ ксилофонист IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. Мажд адыгэ уэрэдхэмкIэ и гупэр къызэригъазэрэ классикэ пшыналъэхэм зэрыхуеджар куэду къыхуощхьэпэ. Адыгэ уэрэдыжьхэмрэ пасэрей пшыналъэхэмрэ классикэ ухуэкIэм тету игъэпсыну и мурадщ. Лъэпкъ уэрэдхэм щыщу нэхъ дэзыхьэхыр пасэрейм шууей цIэрыIуэхэу хэкум иса лIыхъужьхэрщ. КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжу, хэлэжьыхьыжу адыгэ уэрэдыжь жыIэкIэ хабзэм тету иригъэтхыжа лэжьыгъэхэр куэду къыхуощхьэпэ. Дуней псом щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэм, дирижёрхэм я гугъу пщIымэ, Карузо Энрико, Беньямино Джильи, Дель Монако Марио, Корелли Франко, Паваротти Лучано, Каллас Марие, Понсель Розэ, Кобалье Монтсеррат, Тосканини Артуро, Караян Герберт, адыгэр дызэрыгушхуэ Темыркъан Юрий, нэгъуэщIхэми пщIэшхуэ яхуещI, йодаIуэр, кIэлIоплъ.
Мажд Альдин зыплъыхьакIуэ ежьэурэ хамэ къэрал куэд къызэхикIухь и хабзэщи, хэхэс адыгэхэм нобэр къыздэсым ямыгъэкIуэдауэ я бзэмрэ я пшыналъэхэмрэ ягъэлъапIэу зэрахъумэр фIэгъэщIэгъуэнщ. 
- СэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэт сызыпэрыхьа Iуэхур зыпэсщI щымыIэ адыгэ уэрэдыжьхэмкIэ езгъэжьэным. ЗэрысщIэжрэ, пасэрей макъамэхэм нэхъ сыдахьэх. Аращ нэхъ спэгъунэгъу уэрэдкIэ щIезгъэжьари. Ахэр нэхъ хъума хъуащ, иджырей макъамэхэм яжь къащIимыхуу, я пкъыр, я мыхьэнэр, ящIэлъ гупсысэр ямыхъуэжу. Абыхэм ди лъэпкъ макъамэ щэнхабзэм хэлъ дахагъэр щыхъума хъуащ. - жеIэ Мажд. – «Бабыгу Жанхъуэт» уэрэдыр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и архивым совет зэманым ятхахэм щыщу щахъумэхэм хэлъу къэдгъуэтыжащ. НэхъыжьыфI Къэнщауэ Наурыз 1972 гъэм фокIадэм и I9-м игъэзэщIат ар. 
Уэрэдыр теухуащ зи жылэр зыхъумэ шууей, зауэлI къимыкIуэтым. Ар адыгэ щэнхабзэм къыхэна образ лъапIэщ, адыгэлIым и лIыгъэри, Хэку лъагъуныгъэри къызэщIиубыдэу. Мажд уэрэдыр утыку кърихьэнымкIэ къыдэIэпыкъуа IэщIагъэлIхэм фIыщIэ яхуещI. АдыгэбзэкIэ тхауэ ди деж къэса уэрэдым къыщыхьа псалъэхэм я мыхьэнэмрэ къэпсэлъыкIэмрэ къыгурызыгъэIуари абы щIэлъ псалъэхэр къэзыгъэщIэрэщIэжари КъБР-м и цIыхубэ артист Думэныщ Iэулэдинщ. Макъамэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ абы и пасэрей IукIэр хъумэнымрэ елэжьар пасэрей адыгэ макъамэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж, шыкIэпшынауэ Iэзэ Еуаз Зуберщ. Композицэм Мэзку и студием щелэжьащ звукорежиссёр Чечик Олег.
Мажд и хъуэпсапIэщ адыгэ классикэ макъамэхэр ихъумэжыну, ар дуней псом хэIущIыIу щищIыну. Абы и мурадщ пасэрей лъэпкъ уэрэдхэр зэфIигъэувэжыну, ахэр къигъэщIэрэщIэжыну, зригъэужьыну, къэкIуэну щIэблэм я деж нихьэсыну. Абы къыджиIащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр щызэхуэхьэса «Mаmluk» альбомым мы зэманым зэрелэжьыр. «Бабыгу Жанхъуэт» уэрэдри ящыщщ япэу абы хигъэхьэнухэм. Лэжьыгъэм щыщ адрей уэрэдхэр XV-XVI лIэщIыгъуэхэм ятхащ.
- ЩIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ Iуэхум сыбгъэдыхьэмэ нэхъ сфIэзахуэщ. Аращ IэщIагъэлIхэр, архив дэфтэрхэр щIызыдэзгъэIэпыкъур. Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэхэм къищынэмыщIауэ Тыркум, Иорданием, Сирием я архивхэм хэхэсхэм щахъума тхыгъэхэри къызогъэсэбэп. Къэрал куэдым щыщхэр къызэрыздэIэпыкъум сэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жеIэ Мажд Альдин. - Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху гъэщIэгъуэн куэд къыщысцIыхуащ. Ныбжьэгъу куэд щызиIэ къалэм мазищ къэс зэ къытызогъэзэж, зэпымыууэ гукIи псэкIи сыпыщIащи. Щэнхабзэм, гъуазджэм я цIыхухэм садолажьэ, сызэрыбауэ хьэуам хуэдэу макъамэншэу сыпсэуфыркъым.
«Mаmluk» альбомым къищынэмыщIауэ, Мажд Альдин зыхуеджа классикэ макъамэм хэлъхьэныгъэ хуищIыну, пасэрей опернэ ариехэр итальян, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ къыдигъэкIынущ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: