Уахэ телъыджэ

    ЗэщIэузэдарэ теплъаджэу

         Дызэрыщыгъуазэщи, Сатурн уахэм къыщыдогъуэгурыкIуэ езым нэхърэ куэдкIэ нэхъ цIыкIу планетэхэр. Абыхэм ящыщ зыр, Гиперион, и теплъэкIэ адрейхэм ещхькъым. Ар плъагъунущ и джабэхэр зэхуэмыдэрэ езыр джэдыкIэм хуэдэу хэшауэ, кумб цIыкIухэр и бащэрэ и щхьэфэр къуабэбжьабэу.

Ауэ, итIани, ахэракъым абы, адрейхэм йомыгъэщхьыну,  къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэр. ЦIыху зэрымыс «Кассини» кхъуафэр (зондыр) хьэршым ит а къэщIыгъэм 2005 гъэм щыблэлъэтым наIуэ къэхъуащ, абы и щхьэфэр малъхъэдис губгъуэу зэрызэщIэузэдар. Астрофизикхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, Гиперион зэпымыууэ къызыхиутIыпщыкI электронхэм япкърыт электричествэр сэбэпынагъ гуэри къэзымышэщ. 

Гуэгъу зиIэ псынщIэрыкIуэ

Дыгъэм и хъуреягъкIэ, планетэ зыфIэпщыну, хьэршым къыщызылъэтыхь къэщIыгъэ нэхъ цIыкIухэм ящыщщ «Хаумеа» зытеIукIар. Абы зыщегъазэ Нептун адэкIэ щыIэ «Койпер и бгырыпхым». Ар Дыгъэм къыпыщIа планетэ псоми я нэхъ псынщIэрыкIуэщ. Абы ехьэлIауэ, 20I7 гъэм астрономхэм зихуэдэ щымыIэ Iуэхугъуэ къахутащ: къызэрыщIэкIымкIэ, къыдэгъуэгурыкIуэ спутникыу Хаумеа тIу иIэ къудейкъым, атIэ езыри, Сатурн хуэбгъэдэну, «тхьэгъухэмкIэ» къэухъуреихьыжащ. Абыхэм я зэпрыур километр мини 4,5-м ноблагъэ, я Iувагъыр километр 70-м нос.

  Илъэс меларди 4 зи ныбжь маскъал

Уахэр зыдж щIэныгъэлIхэм къызэрахутауэ, ди планетэр, гулъытэ лей яхуомыщIыжми хъуну, зэпымыууэ «къаудыныхь» хуабжьагъышхуэ зиIэу хьэршым къилъэтыкI маскъалхэм. АтIэми, абыхэм ящыщ зыр, и «шыфэ-лIыфэкIэ» адрейхэм хуэбгъэдэнкIэ Iэмал зимыIэт. 

20I7 гъэм фокIадэм и 22-м ЩIы Хъурейм пхылъэтыкIащ къару иныщэ нейтринэ цIыкIу. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къызэрыунэхурэ илъэс меларди 4-м нэблэгъащ. Маскъалыр къилъэтыкIащ хуабжьу тпэжыжьэ галактикэм.

АтIэми, вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу зэхэт а къэщIыгъэм ику дыдэм «зыщигъэпщкIуащ» астрономие щIэныгъэр фIыуэ зыщыгъуазэ, и гъунэгъуу блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зэщIэзылъафэ, хьэлъагъэ ин дыдэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIым» («чёрная дыра»).

КЪУМАХУЭ Аслъэн.      

 

Поделиться:

Читать также: