Хабзэжь хэкужь къранэркъым

 «Iэнэ утIысамэ, зэманыр къоувыIэ», жеIэ пса­лъэ­жьым. ИгъащIэ лъандэрэ адыгэм къы­де­кIуэкI хабзэ дахэхэм я хъыбарыфIхэмкIэ цIэрыIуэщ ди лъэпкъыр. ГуфIэгъуэр иригъэкIуэкIыну Iэнэм тхьэмадэу ягъэтIысыр пщIэшхуэ зы­хуащI нэхъыжьт: благъэ е гъунэгъу. Iэнэр къызэ­Iузыхри, псом япэ дыдэ шхыным хэ­Iэбэри, фадэ зыIэтри арат. Нэхъыжьым имы­щIэу, абы къыхуимыдауэ, Iэнэм зыгуэр тIы­сы­нуи, тэджынуи, хъуэхъу жиIэнуи хуиттэкъым.

Тхьэмадэм ижьырабгъукIэ хьэщIэхэм я нэ­хъыжьыр ягъэтIысырт, сэмэгумкIэ — хэгъэрейхэм яйр. Адрей къеблэгъахэр нэхъыжьыгъуэкIэ Iэнэм тIысынут. Я ныбжьым емылъытауэ, анэм, гуащэм и лъэныкъуэкIэ къикIа хьэщIэхэм, пщIэ кIэ­лъы­зэ­рахьэу, тIысыпIэ нэхъыфI дыдэхэр хуагъэфащэрт.

Адыгэм и закъуэ мыхъуу, зи щхьэ пщIэ хуэ­зы­щIыж сыт хуэдэ лъэпкъми хьэщIэм хабзэ, нэмыс, гулъытэ кIэлъызэрахьэу къокIуэкI. Уи унэ къихьа хьэ­щIэм укъызэрыпекIуэкIар уи напэу аращ. Ар уи унэ икIыжмэ, цIыхум уазэрыхэIуэжынур а хъы­бар­хэращ. Адыгэхэр Iэнэ тIысамэ, абдежым хабзэ дахэу яIэм я тетыгъуэт.

Тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэм зэреджэр «бгъуэщIэсщ». Ар ныбжькIэ тхьэмадэм нэхърэ нэхъ щIалэт. БгъуэщIэсым и жыIэр ягъэ­за­щIэу ныбжькIэ щIалэщIэу «щхьэгъэрыт» зыбжанэ иIэт. Абыхэм фадэ, ерыскъы къыщIахьэ-щIа­хыжу арат. Щхьэгъэрытхэр щыхуейм деж щIэкI-щIыхьэжу щыттэкъым, ар къекIуртэкъым икIи апхуэдэ нэмысыншагъэ яIэщIэкIыныр напэтехт. Iэнэм Iусхэм пщIэ, нэмыс кIэлъызэрахьэу, зы­хуейр хуагъэзащIэу ящхьэщытыну я къалэнт абыхэм.

Адыгэхэм ерыскъым пщIэ лей хуащIырт. Ар хы­фIэ­б­дзэным, уелъэпэуэным гуэныхьышхуэ пы­лъу къалъытэрт. Уи ныбэр изми, хэгъэрейм къып­хуиIэта ерыскъым зэ ухэIэбэн хуейт. Ар гъэсэны­гъэ дахэм и нэщэнэт. Ерыскъым хуащIу щыта пщIэм и щыхьэту къыщIэкIынщ иджыри къыздэсым абыкIэ тхьэ Iуэныр адыгэхэм къазэрыхуэнар.

Хабзэ дахэу ди лъэпкъым къы­де­кIуэкIми щыщщ нэхъыжь Iыхьэу Iэнэм яхь хьэщIэнышыр. Мы хабзэжьым теухуауэ хъыбар зэхуэмыдэ куэд къокIуэкI, ауэ ахэр щIэныгъэм лъабжьэншэу къелъытэ. Ар цIыхум и зыужьыныгъэм, и  к1элъыплъыныгъэм къыдэкIуа хабзэщ, гупсысэщ. Къыщежьари, япэу къыхэзыхьари мыращ жиIэу, зы­ми жиIэфынукъым.

НобэкIэ ди Iэнэм нэхъыжь Iыхьэу яхь щхьэ щIэ­лъэ­ныкъуэмрэ блэгъумрэ. Нэхъыжьхэм щхьэ щIэлъэныкъуэм теухуа хъыбар дахэ къаIуэтэж, зэгуэр абы адыгэ зауэлI гуп къри­гъэлауэ…

Зэгуэр ХьэтIохъущокъуэр кърым хъаным деж кIуат, жи, шыгъажэ. Бысымым хьэщIэхэм я шыр зэрыфIыр ищIэт, ятекIуэмэ, я мылъкури, шыхэри къахуу къэкIуэжынурати, зыгуэркIэ къа­гъэ­­г­уб­жьу, псалъэмакъ къаIэту, ахэр яукIыну мурад ящIащ. Арати, Iэнэ къыхуащтэн хуей щыхъум, ар къыхуаузэдащ ныкъуэшх защIэ фIэкIа темылъу. Псэууэ, Iэ лъэмыIэсауэ телъыр щхьэ щIэ­лъэ­ныкъуэрат. Iуэхур зыIутыр къызыгурыIуа нэхъыжьым а щхьэ щIэлъэныкъуэр къищтэри, тхьэ­­кIумэр занщIэу тритхъри, щхьэгъэрытым ири­тащ, «уи тхьэкIумэр гъэжан, даIуэ» жыхуиIэу. Ар щак1уэбзэт. Iэбэри, пэнцIывыр пичащ, ар и ижьырабгъумкIэ щысым иритащ, «памэ, ерыскъым щхъухь хэлъынкIэ хъунущ, дагъэлIэну» къригъэкIыу. Нэкугъуэр зэрыс Iыхьэр пищIыкIри, и сэмэгумкIэ щысым иритащ, «уэ зыплъыхь, къэхъу псори зэгъэлъагъу», ириIуэкIыу. Езым щхьэкуцIыр зэрылъыр къызыхуигъэнащ, сэ хэ­кIы­пIэ тхуэхъуным сегупсыснщ жыхуиIэу. Апхуэдэу, щIагъыбзэкIэ зэгурыIуа гупыр бэIутIэIуншэу, бы­сым бзаджэм къаIэщIэкIауэ, шыгъажэми текIуауэ яIуэтэж.

ЕтIуанэ хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэ къупщхьэр зэрыбыдэм къыхэкIыу, я къару ягъэунэхуну щхьэр зэпащIыкIыу щытауэ жаIэ. Ар къэзыщти, абы арэзы техъуи щыIэщ, ауэ мы хабзэм и пэжыпIэр къэщIэгъуейщ, езы хабзэжьыр зэман жыжьэм къызэрыхэIукIымкIэ. Языныкъуэ нэ­хъы­жьыфIхэм зэрыжаIэмкIэ, щхьэ щIэ­лъэ­ны­къуэр адыгэ хабзэм къыхыхьэн ипэIуэкIэ, блэ­гъур нэ­хъыжь Iыхьэ нэхъыщхьэу Iэнэм яхьу щытащ.

Ди нэхъыжьыфIхэр блэгъум иплъэкIэрэ къэ­кIуэ­нур къащIэу щытащ. Апхуэдэ зэчий зыбгъэдэлъхэри нобэ ди мащIэкъым, ауэ пасэм дэтхэнэ нэхъыжьми хузэфIэкIырт блэгъум иплъэу пэж дыдэ къиIуэтэн. Дунейм лъэпкъыу тетым блэ­гъум иплъэныр я хабзэжьу къадокIуэкI. Гималайми, Африкэми, Европэми, Азиеми, уеблэмэ Америкэм и индейцхэми яIащ блэгъум иплъэн хабзэр. Ап­хуэдизу зэпэжыжьэу щыта лъэпкъхэм а хабзэр зэщхьу щхьэ яхэлъауэ пIэрэ?

Блэгъум зэриплъэм теухуауэ мыпхуэдэ хъыбарыжьи щы1эщ… Еуэри, уэтэр пщыIэм зылI тести, хьэщIэ гуп къыхуеблэгъащ. ХьэщIэхэм хьэщIагъэ ирахащ, ягъэшхащ, ирагъэфащ, ауэрэ, хьэщIэнышми нэсащ. ХьэщIэм блэгъур и Iыхьэти, ишхщ, иупсыжщ, иплъэри, ди бысымым и унэм цIыхухъу пцIанэ исщ жиIащ. Бысымыр губжьауэ зричщ, унэм нэсыжри, и щхьэгъусэр уэндэгъути, щIалэ цIыкIу къыхуалъхуауэ ири­хьэлIэжащ…

Языныкъуэхэм зэрыжа1эмк1э, ар ди лъэп­къым къыдекIуэкI и хабзэ дахэхэм ящыщ зыуэ аркъудейщ, абы иплъэм зыхуейр кърихыу, е хуигъэфащэк1э 1энэм щысхэм я нэгу зригъэужьу.

 

 

 

Фырэ Анфисэ
Поделиться: