«Гуауэмрэ губжьымрэ»

Къагъырмэс Борис и поэмэхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэми, абыхэм я нэхъыбэм Хэку зауэшхуэм иужь къащIихуащ икIи а и тхыгъэхэмкIэ цIыхухэр мамыр гъащIэм къыхуреджэ. Зи лъэпкъым и тхыдэр зымыщIэм, абы и нэгу щIэкIамрэ игъэвамрэ щымыгъуазэм нобэрей зэманри нэгъэсауэ къыгурыIуэнукъым. И лъэпкъым и блэкIами и къэкIуэнуми хуэгумащIэщ Борис. Ар фIыуэ щыгъуазэщ лъэпкъ тхыдэм. Абы зыкъомкIэ щыхьэт тохъуэ «Гуауэмрэ губжьымрэ» поэмэр. Адрей поэмэхэми хуэдэу, мыр пIытIа-къузауэ щыткъым, зытепсэлъыхь IуэхугъуэкIэ къуэпсыбэщ. Мы поэмэм гушыIэ дахэрэ ауан щабэрэ къыхощ, абыхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ пыухыкIа яIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ деплъмэ, «Гуауэмрэ губжьымрэ» усакIуэм и поэмэ нэхъыфIхэм ящыщ зыуэ къэлъытапхъэщ.

Поэмэр зытеухуар Хэку зауэшхуэм и зэманым партизанхэм ди республикэм щрагъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ. УсакIуэм фIы дыдэу уи нэгу къыщIегъэхьэ а зэман хьэлъэм адыгэ къуажэм дэлъа гугъуехьыр, цIыхухэм ятелъа хьэзабыр, лъахэр зэрахъумар, абыхэм яку илъа цIыхугъэ иныр, хабзэ-нэмыс лъагэр, зэрахьа лIыхъужьыгъэр.

Поэмэм и сюжетыр гъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу ухуащ. Тхыгъэр мы псалъэхэмкIэ къыщIедзэ: «Сынаплъэ пэтми узмылъагъуу, СымыщIэу щыIэ пхуэкIуэ лъагъуэ, ИтIани си гур ебджэ защIэу, ЗгъэкIуащ зэману сэ мымащIэ...» - жеIэри и гур зыгъэуз Iуэхугъуэ гуэр зэрыщыIэр къеIуатэ икIи и псалъэм мыпхуэдэу пещэ: «Сырещхьт, поэмэ, къаплъэнэфым, Иджы къысщыхуэ сэ уи нэфIыр, Устхын щIэздзащи, псэху сымыщIэу, Къисхынщ сэ псалъэхэр си гущIэм».

АдэкIэ мы хъыбарыр къытхуеIуатэ: МэзщIэс къуажэм дэст я адэр ящхьэщымытыжу къуищ зыпIа, зи ныбжьыр хэкIуэта Гуащэнэ. ТегужьеикIауэ къигъэхъуат и щIалищыр, зыпищI дунейм темыту, ауэ зауэр къохъейри, зэкъуэшхэм я нэхъыжьыр дзэм ираджэ. Гуащэнэ мэгуIэ: «И жейр къемыкIуэу нэху игъэщырт, Жэщ псом ар псэкIэ щIыгъут и щIалэм, Щихъумэ фIэщIу ар ажалым, Емызэшыжу тхьэ хуелъэIут». Илъэс ныкъуэ докIри, зауэм ираджэ и къуэ курытыр, анэм и гуныкъуэгъуэр тIуащIэ мэхъу. Гуащэнэ и къуэ нэхъыщIэр къуажэ курыт еджапIэм и I0-нэ классым щIэсти, ар зэрилъагъур и гурыфIыгъуэт. Ауэрэ зэманыр макIуэ...

Зы махуэ гуэрым пощтзехьэм нысэм письмо кърет, ар Гуащэнэ и къуэ нэхъыжь Хьэжумар зэрыщымыIэжымкIэ хъыбар кърагъащIэу арат. Фызыжьыр иджы нэхъри щIэгупсыс хъуащ зауэм щыIэ и къуэ курытым. Арыххэурэ нэмыцэр ди щIыпIэм къос, ахэр унагъуэхэм трагуашэ икIи унэ къэс фэтэр ящIауэ нэмыцэ щIэсщ. Гуащэнэ и нысэр и дыщым егъэкIуэж, и къуэрылъхур абы нэхъ хъума щыхъун къыфIэщу. Зы махуэ гуэрым и къуэ курыт Хьэбалэ и хъыбар унагъуэм къахуехь и ныбжьэгъу Мэзан, абы фызыжьыр щогуфIыкI. Нанэр гупсысэ куум здыхэтым елъагъу пщIантIэм цIыхуитI дэту. А тIум я зыр мы унагъуэм гужьгъэжь хузиIэ Къантемыру къыщIокI икIи а цIыхугъэншэм Гуащэнэ гуэщыжь гуэрым щIрегъадзэ езым хуэдэу хэкум епцIыжа къуажэ полицай ТIатIу. Ар партизанхэм къащIэри, Мэзан и пщэ иралъхьэ Гуащэнэ хуит къищIыжыну. Жэщ зэрыхъуу Гуащэнэ хуит къещIыжри, мэзым щIэс партизанхэм я деж ешэ Мэзан икIи ар абы и къуэ курыт Хьэбалэ щыхуозэ. Гуащэнэ партизанхэм яхэтщ хузэфIэкI яхуищIэу, чэнджэщэгъу яхуэхъуу. Анэ тхьэмыщкIэм абыи нэщхъеягъуэшхуэ къыщыпэплъэрт - партизанхэм ирагъэкIуэкI зауэм хокIуадэ Хьэбалэ.

Куэд мыщIэу нэмыцэхэр ирахужьэж, Гуащэнэ я къуажэм къегъэзэж. Аурэ Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ еух, Гуащэнэ и къуэ нэхъыщIэ Хьэбыжи илъэситI докIри орденыбгъэу къокIуэж.

Поэмэм и гупсысэ нэхъыщхьэр лъэпкъым, лъахэм емыкIу къылъысмэ, дэтхэнэ зы цIыхуми абы хузэфIэкI хуилэжьын зэрыхуейрщ, абы и къыщхьэщыжакIуэу къызэрыувыфыпхъэрщ, апхуэдэу и щхьэхуитыныгъэм щIэбэн цIыхубэ зэкъуэтым къыпэлъэщын къару зэрыщымыIэрщ.

Зэрыхабзэу, поэмэм литературнэ лIыхъужь зыбжанэ хэтщ. Ахэр зэхуэдэкъым я хьэл-щэнкIи, я IуэхущIафэхэмкIи, я зэфIэкIкIи, ауэ зы гурыщIэ къабзэм, зы хъуэпсапIэ иным - икIэщIыпIэкIэ Хэкур хуит къэщIыжын зэрыхуейм, абы щхьэкIэ дэтхэнэ зыми хузэфIэкI псори илэжьыпхъэу зэрыщытым - зэрешалIэ ахэр.

Тхыгъэр зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм логическэ зэпыщIэныгъэ быдэ зэраIэм ар къарууфIэ, гурыхь ящI. Бзэм и къулеягъым, и шэрыуагъым тхыгъэм къиIуатэ Iуэхугъуэхэр гурыIуэгъуэ икIи гукъинэ къытщащI. Поэмэм мыхьэнэ пыухыкIа щагъэзащIэ усакIуэм и псалъэ хъуэрхэм, жыIэгъуэ шэрыуэхэм, игъуэу къигъэсэбэпа нэщэнэхэм, псалъэжьхэм. Ахэр зыкъомкIэ сэбэп мэхъу усакIуэр зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр нэхъ гурыIуэгъуафIэ икIи щIэщыгъуэ щIынымкIэ. Поэмэм и бзэр зыкъомкIэ къагъэщIэращIэ абы игъуэу къыщыгъэсэбэпа изобразительнэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм.

Зэрыщыту къапщтэмэ, поэмэр ещхьщ цIыхубэ IуэрыIуатэм къыхэтэджыкIа тхыгъэм.

КЪУЭШЫ Аслъэн.
Поделиться: