Шэджэм щыщ уэрэдус

Апхуэдэут зэрызэджэжыр балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, къэралым я усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын. Ар къыщалъхуат Шэджэм аузым – ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым. Къайсын и дежкIэ и унэр, къыщалъхуа щIыпIэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, творчествэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэу бгырысхэм я уардагъымрэ? Хэт къэзыгъэлъэгъуэфар и лъэпкъым хэлъа бэшэчыгъэр, быдагъэр, къарур?

Къайсын илъэсий ирикъуакIэт, ар Шэджэм Ищхъэрэм дэт школым и пэщIэдзэ классым щратам щыгъуэ. ЩIымахуэ мазэхэм школым щеджэрт Къайсын, гъэмахуэм, езым хуэдэ щIалэ цIыкIухэм я гъусэу, шкIэхэр, мэлхэр игъэхъуу губгъуэм итт, мэкъу еуэрт. ШыплIэм быдэу дэсу (а быдагъэр Къайсын и гъащIэм и хьэл-щэн нэхъыщхьэу дапщэщи щытащ) а Iуэхухэм пэрытурэ, адэшхуэм жиIэу зэхиха балъкъэр уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр къришырт. Макъ жьгъыру зиIэ щIалэ цIыкIум пщIэ лей щиIэрт хьэгъуэлIыгъуэхэм: ар тхьэмадэм зыбгъэдигъэтIысхьэрти, зэрышагъащIэхэм папщIэ уэрэдхэр, хъуэхъухэр, къебжэкIхэр жригъэIэрт. 
Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Кулиевыр Москва кIуащ икIи Театр гъуазджэмкIэ къэрал институтым, Луначарскэм и цIэр зезыхьэм, щIэтIысхьащ. Усэ тхыным дихьэх щIалэщIэр апхуэдэуи пщыхьэщхьэрыеджэу щIэст Литературэ институтым. А лъэхъэнэм Къайсын зригъэцIыхуащ къэралым щыцIэрыIуэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр. И къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр абыхэм ягу ирихьырт икIи тхылъу къыдигъэкIыну чэнджэщ иритырт. Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэу дунейм къытехьауэ щытащ Кулиевым и япэ усэ сборникыр. АдэкIэ зауэ, лыгъей, бэлыхь…
Совет цIыхубэм а зэманым къахуихьа гугъуехь псори Къайсын нэсу зыхищIащ. Зауэм и япэ махуэхэм ар лъаIуэри, Дзэ Плъыжьым хыхьащ икIи парашютист хъуащ. КIыхьт икIи гугъут Кулиевым и зауэ гъуэгур: япэщIыкIэ Прибалтикэ, къыкIэлъыкIуэу Орел, Тулэ, иужькIэ Сталинград, Севастополь, Кърым, Сиваш гуэлыр…
Зауэр зауэщ - абы дэрэжэгъуэ къозыт хэлъкъым. АрщхьэкIэ Къайсын гуфIэгъуэ дыдэ, гъащIэм и тыгъэ лъапIэ къыщыхъуат и лъахэгъу, и ныбжьэгъу, и къуэш пэлъытэ КIыщокъуэ Алим 1942 гъэм Орел деж зэрыщыхуэзар. Къайсын уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ Алим ар зэуапIэ губгъуэм кърихыжауэ щытащ. Госпиталым щIэлъа нэужь, ар хуит ящIат унэм кIуэжыну, ауэ имыдэу Сталинград фронтым Iухьащ. Абы къыщыдэкI газетым щылажьэу, ар зэуащ, къалэмри фочри зэдигъабзэу. 
1944 гъэм Кулиевыр аргуэру уIэгъэ хъуащ. А сымаджэщым къыщIэкIыжауэ унэм къагъэкIуэжынрэ пэт къищIащ къызыхэкIа лъэпкъыр Шэджэм аузым ирашу Къыргъыз щIыпIэ мыцIыхум залымыгъэкIэ зэрагъэIэпхъуар. Партым и Политбюром кърита хуитыныгъэмкIэ зауэлI хахуэ, офицер, усакIуэ цIэрыIуэ Кулиевыр къэралым и дэнэ щIыпIи, Москварэ Ленинградрэ къищынэмыщIа, щыпсэуну Iэмал иIэт, арщхьэкIэ абы мурад ищIащ и лъэпкъыр здэщыIэм кIуэну, абы къытепсыха бэлыхьыр ядигъэвыну. 
Хамэ щIыпIэм гугъуехь куэдым щыпэщIэтащ усакIуэр, ауэ абыхэм иращIыкIыфакъым ар, къызыхэкIа лъэпкъми хуэдэу. Я насыпым къихьри, 1957 гъэм балъкъэрхэр хуит ящIащ я щIыналъэм къагъэзэжыну. Апхуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ зышэча цIыхухэр шыIэныгъэ яхэлъу, гу щабэу, псэ къабзэу къызэтенэфащ. Ар лIыгъэшхуэт. Iуащхьэмахуэ Iуплъэжыну зи пщIыхь къыхэмыхуа балъкъэрхэм я дежкIэ ар дэрэжэгъуэшхуэт. Кулиевым и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ куэд хуигъэпсауэ щытащ а лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэм. 
 Къайсын и усыгъэр балъкъэр тхыдэр къызыхэщыж гъуджэщ. Абы иплъэ лъэпкъым зелъагъуж уардэу, лъэщу, гугъуехь псоми пэлъэщыфу. Езы усакIуэм и творчествэри балъкъэрхэм яхуэхъуащ зи псыхъуэм дэмыхуэжу гъунэгъу губгъуи тафи щIэзыгъэна къуршыпс уэр. Абыхэм ящыщщ «Ди къуршхэм ди бзэр щыIужащ» усэри: 
 … Уэ пасэу, пасэу дэ утфIэкIуэдащ, 
ИужькIи дэ уIэгъэ куэд дгъуэтащ. 
Гузэвэгъуэшхуэ къыхыхьат ди гъащIэм,
Иухуэу ди плIэр, дыкъызэфIигъащIэу. 
Ауэ ди лIакъуэр абыи къелащ, 
Насыпыншагъэм дыхуэмыгъэлIа. 
Аргуэру ди бзэр щыIужащ ди къуршхэм, 
Ди лъэпкъри ядопсэу ди лъэпкъ зэкъуэшхэм. 
А гуфIэгъуэшхуэр дигухэм щыпсэунщ, 
ХъыбарыфI псоми я щхьэу ар щытынщ. 
Пэрыхьэжащ щIыр зывэр и лэжьыгьэм,
Пэрытхэм Iэщым къагъэлъагъуэ лIыгъэ. 
Бахъсэн щыпсэухэм икIи шэрэдждэсхэм 
Я бынхэр еджэу нобэ школхэм щIэсхэщ. 
Зэгуэр дунейр дэ кIыфI къыщыттехъуам, 
Апхуэдэ гъащIэт ди псэм къилъыхъуар 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также: