Сабий телъыджэIуэтэж - Уи къуэм зиужьыркъым, къыгурыIуи хузэфIэкIи щыIэкъым, - Ольгэ Ивановнэ и щхьэ Iэтарэ и напщIэр хишу Ася къыжриIат. Анэм апхуэдизкIэ и щхьэр ирихьэхати, и лъэгуажьэм жьэпкъкIэ лъэIэсыжу къыпщыхъурт. Езы Димэ цIыкIуи абдеж гуфIэжу щытт. Ар нобэ нэхъ жьыуэ зэрашэжынур къыгурыIуати, тепыIэжыххэртэкъым. - Зыхуапэ, - жиIащ бзылъхугъэм, ерагъыу къыдришейри. - Хъунщ, - жиIэри, и вакъэхэр зэмыгуэгъуу лъитIагъэри гуфIэжу къэуват Димэ. - Месри, плъагъуркъэ, сэ жысIэр уи фIэщ мыхъумэ, еплъ, - жиIэри Ольгэ Ивановнэ IукIыжащ. - Димэ, - уи вакъэхэм еплъыт. ЩIалэ цIыкIур зэрылъэлъу дыхьэшхри, вакъитIыр зэгуэгъу ищIыжащ. - Адрейм хуэдэу нэхъ дахэт. Лъапэ цIыкIухэр лъэныкъуэ зырызкIэ плъэуэ. Чаплин Чарли срещхьыпст зо. - Псоми ящIэр щIадомыщIар сыт? Напэ къабзэм ущхьэщысу махуэр бгъэкIуауэ жаIэ. - Лэныстэхэр дзагуэти, къыхэзгъэжыр дахэ хъуртэкъым. Мо напэ хужьыбзэми сыщысхьащ. Мамэ, дыкIуэжмэ, ухуеймэ зэгъусэу деплъынщ напэ хужьыбзэр зэрыдахэм? Ася хэщэтыкIри, зыри жиIакъым. Мы цIыкIур дунейм къыщытехьам хуабжьу гугъу ехьауэ щытащ. И щхьэм дагъуэ зэригъуэтам тращIыхьу, зэи мыпсэлъэну, къимыкIухьыну къыжезыIахэри мащIэкъым. Бзылъхугъэр гъыурэ ешри, нэгъуэщI хэкIыпIэ щимыгъуэтым, и къуэм къыхуеджэу щIидзащ Ахматовэ Аннэ, Маршак Самуил, Барто Агние я усэхэм, ар иригъэдаIуэрт Шуберт, Чайковскэм я макъамэхэм. Мазибл щыхъум и щхьэр ерагъыу хуэIыгъыу арат, ауэ илъэс иримыкъу щIыкIэ къикIухьын щIидзат. Илъэсищ щыхъум, хуиту къеджэрт хьэрф пIащэкIэ тха тхылъхэм. Пшахъуалъэм адрей сабийхэм я гъусэу щымыджэгуу, лъэныкъуэкIэ IукIыурэ джэгукIэ нэгъуэщIхэр къигупсысырт. «Ебгъэсакъыми аращ, зэрыщIын хуейр егъэлъагъу, уи сабийм зыцIыкIу удэлажьэркъым»,- къыжраIэрт Ася ар зылъагъу бзылъхугъэхэм. Ауэ Димэ езым и джэгукIэм пхутекIынутэкъым. «Сабий садым гъакIуи, ягъэсэнущ, цIыху хэтыкIэ ищIэн хуейщ мыбы, армыхъу дэтщ и щхьэ закъуэ кърелъэфэкIри», - къыжезыIахэм едэIуат, ауэ… Сабий садым щIэсхэми яхэзэгъакъым ар. Адрей сабийхэр зэрызехьэу щыджэгум, мо цIыкIур щхьэгъубжэм къыIумыкIыу Iутт. - КъакIуи адрейхэм я гъусэу джэгу, - гъэсакIуэхэм къыжраIэмэ: - Уэшхым и лъакъуэ цIыкIухэмкIэ уэрамым къызэрыщикIухьым феплъыт. Мо псори абы и лъэужьщ. Уэшхым лъакъуэ Iэджэ иIэщ. - Джэду сурэт пщIам и пэр и нэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу щIыщытыр сыт? – жиIэрэ и гъэсакIуэр щIэупщIамэ: - Гукъыдэж иIэкъыми. Нэщхъей цIыкIущи, и гущIэм зегъазэ, - яритыжырт жэуап. - Уи къуэм и ныбжьхэм ящIэ къызэрыгуэкI Iуэхухэри хузэфIэкIыркъым. Бжэмышх къудей тэмэму хуэIыгъыркъым мыбы. Мыр дэ езым дгъашхэу дыбгъэдэсын хуейуэ ара? – жиIэурэ Ольгэ Ивановнэ бзылъхугъэм къыщIэгубжьэрт. - Димэ, уи гъэсакIуэхэм гуахъуэрэ бжэмышхрэ пхуэмыIыгъыу жаIэ, ар дауэ? - Мамэ, пщIэрэ, ар абы я суп дыджыжьыр сымышхын щхьэкIэ зысщIауэ аращ. Ар зыуэ IэфIтэкъыми, уэ пщIащэрэт. Зыми щахэмызагъэм, ар и анэм сабий садым къыщIишыжри, илъэскIэ унэм щIигъэсащ. *** МузыкэмкIэ школым щIагъэтIысхьэнухэм я зэпеуэм илъэситху фIэкIа мыхъу щIалэ цIыкIуи яхэтт, къэпщытакIуэхэм ар пхамыгъэкIын ягугъами, зы композиторым хигъэзыхьри утыкум къригъэхьащ. ШыкIэпшынэ иIыгъыу утыкум Iэнкуну къихьащ зы щIалэ цIыкIу. Пэшым щIэс Ольгэ Ивановнэ (Димэ и гъэсакIуэу щытар) ар занщIэу къицIыхужат. Абы игу темыхуэу щыта Димэ и гуфIэкIэр зыхигъэгъуэщэн щыIэтэкъым. Димэ дахэу еуэн щIидзащ шыкIэпшынэм. Езы бзылъхугъэм къыгурыIуэжакъым и гупсысэхэм щрахьэжьар дапщэщми, ауэ ар дуней къабзэ, дуней дахэ гуэрым къыхэхутати, зыкъыхуэщIэжыртэкъым. Iэгуауэ иным пэшымкIэ къригъэгъэзэжащ. КъэпщытакIуэ гупым я унафэщIыр щIэупщIащ: - Димэ, икIэм деж узэуар хэт зейр. ЩIалэ цIыкIур ину пыгуфIыкIри: - Сысейщ, - жиIащ. - Хэт апхуэдэу мы макъамэр бгъэзащIэу уезыгъэсар? - Зыми, сэ езым. Мы макъамэр бжьыхьэм жыгхэм къапыщэщыж тхьэмпэхэр къызэрыфэм теухуащ. Ауэ абыхэм ящыщ зы лъэтэфыркъым, и гущIыIум мэшбэв щыжеящи. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ ар. Илъэс хъуауэ Димэ зыгъасэ Георгий Алексеевич утыкум къихьащ. - Ныбжьэгъухэ, Димэ иджыри цIыкIу дыдэми, макъамэ етх. Нобэ ар япэу утыку къихьауэ аращи, вгъэгушхуэну сыхуейт. Пэжу, фигу ирихьакъэ абы игъэзэщIар? - Ирихьащ, иджыри зыгуэр дегъэдаIуэт, - къаджэрт пэшым щIэсхэр. - Хъунщ, нтIэ уэшхым теухуам фезгъэдэIуэнщ, - жиIащ а цIыкIум арэзыуэ. Ольгэ Ивановнэ едаIуэрт уэшхым и лъэкъуампIэ цIыкIухэм ятеухуа макъамэм. ЗэрымыщIэкIэ абы игу къэкIыжат щIалэ цIыкIум джэду нэщхъейм и сурэт ищIар. Иджыпсту абы езыр нэхъ ещхьт. Къыбгъэдэсым абы гу лъитэри: - Сыт уи лажьэр? - жиIэри къеупщIати, - Зыри… Макъамэр сигу дыхьэщащи аращ. Сыту сабий телъыджэ-тIэ мыр, - жиIащ щэху дыдэу.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 19:53 →
Хъыджэбз мэкъуауэ
27.04.2024 - 11:18 →
Hapт Ермыдэ иныжьхэр зэриукIар
26.04.2024 - 17:20 →
Абазэ таурыхъхэр
26.04.2024 - 13:00 →
Хьилэшы къэрабгъэ
24.04.2024 - 15:23 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
|