Я пщIэр яIыгъыжу

КъБР-м и Iэтащхьэм «щIыналъэ сыхьэт» иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI ­Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, район администрацэхэм я Iэ­тащхьэхэр.

ЗэIущIэм къыщаIэтыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм ипэ къихуэу, КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ Тэрч район администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэу ягъэува Хъущт ­Аслъэнбий. Республикэм и Iэтащхьэр абы ехъуэхъуащ районым ифI къызэрыкIыну лэжьыгъэ зэпэщ иригъэкIуэкIыну. 
«ЩIыналъэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ администрацэхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ ­«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэм.
Апхуэдэуи и гугъу ящIащ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэ зауэлIхэм зыхуэныкъуэ ерыскъыхэкIхэмрэ хьэпшыпхэмрэ зэрыху­рагъашэм. КъищынэмыщIауэ, Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ армэ гъатхэ дэшыгъуэр зэрекIуэкIымрэ дзэм контракт щIыкIэм тету къулыкъу щезыхьэкIыну хуейхэм я IуэхукIэ къызэрагъэпэща хэщIапIэ щхьэхуэр зэрылажьэмрэ. НэхъапэкIэ контракт щIыкIэм тету дзэм къулыкъу щезыхьэкIынухэм УФ-м Зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм абы теухуа зэгурыIуэныгъэ иращIылIэн папщIэ республикэм и цIыхухэр нэгъуэщI хэгъэгухэм кIуэн хуей хъурт. 
«Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр, я пщIэрэ я щIыхьрэ яIыгъыжу, Хэкур яхъумэну макIуэ. Езым я фIэфIыныгъэкIэ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэм Iэ тезыдзэу нобэрей щытыкIэм къахуигъэув зауэ, граждан, цIыхухъу къалэнхэр зыгъэзэщIэну къэувхэм сэ фIыщIэ ­яхузощI», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Апхуэдэу зэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр зэ­рагъэзащIэм, абы и лъэныкъуэкIэ районхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм. Мусуков Алий жиIащ Налшык дэт, къат куэду зэтет унэхэм я пщIантIэхэр зэIузэпэщ щIыжыным щIыналъэ бюджетым къыхэкIыу иджыри мылъку зэрыхухахар. Абыхэм нэмыщIкIэ, ахъшэр зэгъэзэ­хуауэ къызэрагъэсэбэпам и фIыгъэкIэ, республикэм и къалащхьэм жылагъуэ щIыпIэу тху зыхуей щыхуагъэзэжынущ. Къищынэмы­щIауэ, ар тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэгъэ­пэ­щы­жыныгъэ лэжьыгъэр зэрыщрагъэкIуэкIым, абы и лъэныкъуэкIэ я мурадхэми къытеувыIащ.
Республикэм и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ 2024 - 2026 гъэхэм и къэрал программэм хэхуэн папщIэ зэгъэпэщыжыныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну курыт школхэр нэхъ псынщIэу къагъэнэIуэну.

Поделиться: