УсакIуэщ, нанотехнологщ

Бэрбэч Аслъэнджэрий Къалэн куэд зыгъэзащIэ центрым и IэщIагъэлIщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэмрэ математикэмкIэ и факультетым «Нанотехнологиехэр - электроникэм» къудамэм щеджащ. Аслъэнджэрий усакIуэщ, и IэдакъэщIэкIхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ.

IэщIагъэр

- Школым фIыуэ сыщеджащ, дызэджэхэм къызэмыхъулIэ яхэмыту. ИтIани, школыр къэзухын гъунэгъу хъуа нэужь, сыкъызытеувыIэнур куэдрэ схузэхэгъэкIакъым.  Япэрауэ, усэ тхыным сызыIэпишати, а лъэныкъуэмкIи си гур хуеIэрт. Хьэх Сэфарбий тхэн щIэзыдзагъащIэхэм папщIэ къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм сыкIуэурэ усыгъэм и хабзэхэр зэзгъащIэрт. КIэщIу жыпIэмэ, усэныр си гъащIэм щыщт.  ЕтIуанэрауэ, иджыпсту дунейм зэрызиужь хъуам епхауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэм хэсщIыкIыу, сэри ахэр къэзгъэсэбэпу, сщIыуэ зезгъэсэну, абы срилэжьэну сехъуапсэрт. Ещанэу, географиер фIыуэ слъагъути, абыкIэ республикэм щекIуэкI олимпиадэ куэдым текIуэныгъэхэр къыщысхьат. Хэхауэ щым язми тезмыухуауэ школыр къэдухырти, нэхъ къысхуэсэбэпыну, срипсэуфыну къэслъытащ компьютерым пыщIа IэщIагъэр.

ИлъэситхукIэ дыхуеджащ ди IэщIагъэм. ГъэщIэгъуэн Iэджи къэтщIащ, куэдми зедгъэсащ. Дызхурагъаджэхэм деж сыкъыщымыувыIэу, сыдихьэхауэ программэхэр сэ езым зэхэзгъэувэрт, зезгъэсауэ. Уеблэмэ а программэхэм ящыщ щысщи къэхъурт.

Къалэн куэд зыгъэзащIэ центрыр цIыхухэм сэбэп яхуохъу

- Университетым къыздеджа хъыджэбз телефонкIэ сепсалъэу «МФЦ» - м зэрыщылажьэм и гугъу къысхуищIат. Абы щыгъуэ къызэIуахын щIадза къудейуэ арат МФЦ-хэр. IуэхущIапIэм лэжьакIуэхэр къащтэрти, си псэлъэгъум ар сэри сигу дыхьэну къызэрыщыхъур жиIащ. Апхуэдэу къэсщIащ МФЦ-р зищIысыр, куэд дэмыкIыуи абы сыуващ. ЛэжьапIэ сызэрыувар си адэшхуэм щыжесIам «сыт абы щывлэжьынур?» жиIэри щIэупщIати, «компьютерым дыбгъэдэсынущ» щыжысIэм: «Уэи, хъарзынэм, зыри фщIэн хуейкъым», - къызжиIауэ щытащ. Ар куэдрэ сыдыхьэшхыу сигу къокIыж.

Иджыпсту хэти ещIэ «МФЦ»-р. Дэни щыIэщ ди лэжьэгъухэр, дэни сэбэп къыщыфхуэхъуфынущ. Мы ди зэпсэлъэныгъэр къэзгъэсэбэпу иджыри зэ цIыхухэм ягу къэзгъэкIыжыну сыхуейт дэ ди лэжьыгъэр зытет хабзэхэр. Япэрауэ, фыщыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, «МФЦ»-м дэтхэнэ и къудамэми фыIухьэну, Iуэхутхьэбзэ зыхуевгъэщIэну фыхуитщ. ЕтIуанэрауэ, IуэхущIапIэм зызэрыхуэвгъэзар зэрыт тхылъымпIэр МФЦ-м и дэтхэнэ къудамэми къыщыфIэрыхьэжыфынущ. Ещанэу, ди деж фыкъэпсалъэрэ фи цIэ-унэцIэр, фызыщIэупщIэну фыхуеймрэ IуэхущIапIэм фыкъыщыIухьэну зэманымрэ дывгъэтхмэ, чэзу фыхэмыту Iуэхутхьэбзэр къыфхуащIэнущ. ЕплIанэу, дэфтэр зэхуэфхьэсу IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэр къызэхэфкIухьын хуейкъым, дэ къалэн куэд догъэзащIэри, фызыхуеину псори ди деж щывгъуэтынущ. Нэхъыбэм дэ езым цIыхухэм я упщIэу къытIэрыхьэхэр ар зыхуэгъэза IуэхущIапIэм едгъэхьрэ ахэр къыпэдгъэджэжу дылажьэу аращ. Къэралымрэ цIыхумрэ и зэхуакум дыдэту жыпIэ хъунущ.  Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыбэм зэфIокI, зыкъытхуэзыгъэзар щIэмыкIыж щIыкIэ. Иджыпсту интернетым и Iэмалым гъащIэр куэдкIэ тынш ищIащ.

«Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэр

-Пэжщ, си лэжьыгъэр, си IэщIагъэр усэ тхыным пыщIа мыхъуами, «Шыхулъагъуэ» хасэм сыкIуэу зэрыщытам и мыхьэнэр кIуэдакъым. Абы куэдым зыщезгъэсащ, усэ тхыным и Iэмалхэм щыщIэдзауэ щыуагъэншэу тхэным щыщIэкIыжу. ЦIыху гуапэ куэд къыщысцIыхуащ зэгухьэныгъэм, тхэн щIадзагъащIэу абы екIуалIэу щытахэр ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ. Иджыпсту дэ «Шыхулъагъуэм» дыщызэхуэмысыжми, ар щIэдзапIэ тхуэхъуащ. Игурэ и псэрэ хилъхьэу къыддэлэжьащ Хьэх Сэфарбий. зэгухьэныгъэм ди тхыгъэхэм дыщыхэплъэрт, зыхуей хуэдгъэзэжырт. Сэфарбий гулъытэ хуищIырт ахэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытрадзэным. Ди ущиякIуэм литературэм епха Iуэхугъуэ дахэ куэд дыхигъэтащ.  ЕджапIэхэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм зэIущIэ дишэрт, литературэмрэ гъуазджэмрэ хэлэжьыхьхэр къригъэблагъэурэ даIуигъащIэрт. Iуэху гуэрым Сэфарбий щIыгъуу дыкIуарэ, сабийхэр ди тхыгъэхэм къеджэу щызэхэтхкIэ, дыгуфIэрт. Телевиденэм мызэ-мытIэу игъэхьэзыращ ди зэгухьэныгъэм теухуа нэтын. «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ тхылъитI диIэщ. Абы къыщынэмыщIа, Сэфарбий и нэIэм щIэту тхакIуэ зыбжанэм езым я тхылъ щхьэхуэ къыдэкIащ. ЖыпIэнурамэ, гъэсакIуи, чэнджэщэгъуи, ныбжьэгъуи къытхуэхъуащ Сэфарбий. «Шыхулъагъуэм» хэту щытахэр дызэрощIэ, дызэныбжьэгъущ, литературэ Iуэхухэм дызэдыхэтщ. Зыр зым дыдэIэпыкъуурэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр дяпэкIи зыфIэдгъэкIыфыну согугъэ.

Усыгъэр

- Усэр си гъащIэм щыщ хъуащ. Сабий усэхэмкIэ къыщIэздзат. Усэ тхыныр къохъулIэу гу зылъыптэжамэ, нэхъри утогушхуэ, узыIэпешэ. Уи щхьэм къихьа гупсысэ кIапэхэр тхылъымпIэм номыгъэсауэ гупсэхугъуэ бгъуэтыркъым. А гупсысэхэр зыкъомрэ къоныкъуэкъункIи хъунущ, ауэ икIэм-икIэжым, усэу бгъэпса нэужь уопсэху. Си дуней еплъыкIэм зыкъомкIэ зригъэхъуэжауэ жыпIэ хъунущ усыгъэм. Абы дахагъэм, щабагъэм ухуегъасэ, гу зылъомытэхэр уегъэлъагъу, уепсыхь. Псалъэм щхьэкIэ, усэ къеджэIауэ срихьэлIэмэ, Iэмал имыIэу сызэщIэувыIыкIынурэ седэIуэнущ.  ДэнэкIэ згъазэми, сыт хуэдэ Iуэху сыхэтми, усэр си гъусэщ. Си дэIэпыкъуэгъущ си щэхухэр щызэзгъэзахуэкIэ, сигу илъу зыми схужемыIэхэм щыгъуазэ си ныбжьэгъущ.

 Си тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэу сиIэкъым. Гугъущ иджыпсту тхылъ къыдэбгъэкIыну, лъапIэщ. Ауэ нэгъуэщI Iэмалхэри щыIэщ, ди тхыгъэхэр цIыхухэм едгъэлъэгъуным теухуауэ. Сэ дунейм и зыужьыкIэм зыдезгъэкIуну сфIэфIщ, зэрыжысIащи… АтIэ, щIалэгъуалэр иджыпсту къыщыбгъуэтынури езыхэм укъыщалъыхъуэнури интернетращ. Ауэ тхыгъэр «Мэ, феджэ!» - жытIэу къидмылъхьэу, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Псалъэм папщIэ, дэ дыкъеджэу, сабий къедгъаджэу е усэр зытеухуар къызыхэщ теплъэгъуэ хуэдэурэ видеохэр тетхыурэ къитлъхьэ хъунущ интернет напэкIуэцIхэм. Ар зэгъэкIуауэ, еплъыгъуафIэу, щIэщыгъуэу, утемызашэу щытыпхъэщ, дауи. ИужькIэ, хэт ищIэрэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зрагъащIэурэ школхэм щыжаIынкIи хъунщ ди усэхэм ящыщ.

Аращи, тхылъ къысхудэмыгъэкIми, зи гугъу сщIа Iэмалхэр къэзгъэсэбэпурэ си гугъэщ си усыгъэм щыщ цIыхум я пащхьэ къислъхьэну.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: