Уахэ жыжьэм псэ зыIут къыщалъыхъуэу

Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген сигналхэр къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ Парус зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм (галактикэм, вагъуэ лэкъумым) лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр а къэралым щызэпкъралъхьа MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ къаплъыхьащ. 
Дызытепсэлъыхь Iэхэлъахэм «нэрыплъэ» телъыджэмкIэ мелуан бжыгъэу къыщыпхузэщIэубыдэну «цIуугъэнэ цIыкIухэм» я гугъу дымыщIми, абджынэ лъэпкъ хэмытрэ дэIэпыкъуэгъуншэу уи нэхэмкIэ плъагъуну вагъуэхэри мащIэкъым - ахэр, псори зэхэту, 195-рэ мэхъу. 
МWA (Murchison Widefield Array) Iэмэпсымэр, вагъуэ мелуанхэм къадз нурыр зэ зэIухыгъуэу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ телескоп гъуэзэджэр, мызыгъуэгум къэзыгъэсэбэпахэм мурад нэхъыщхьэу яIар хьэршым а и къуапэу зыкIэлъыплъам псэ зыIут гуэрхэм (нэгъуэщI планетэхэм щыIэ цивилизацэхэм) къраутIыпщыкIагъэнкIэ хъуну сигналхэм гу лъатэнырщ.
«Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм дыхэту зэ плъэгъуэкIэ къытхузэщIэубыдар хуэдищэкIэ нэхъыбэщ нэхъапэхэм, апхуэдэ щIыкIэм дытету, тхузэфIэкIам нэхърэ. ИтIани, жыдмыIэнкIэ Iэмал зимыIэщ, Парус вагъуэ лэкъум абрагъуэм сыхьэт 17-м и кIуэцIкIэ дыкIэлъыплъати, хьэршым а и къуапэм псэ зыIутхэм къраутIыпщыкIауэ техносигнатурэ гуэри къызэрытхуэмыубыдар, - къыщыхагъэщащ Publicationsof the Astronomical Societ of Austсralia журналым щIэныгъэлIхэм къыщытрадза я тхыгъэм.
АрщхьэкIэ, еджагъэшхуэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зыпэплъа сигналхэм хуэдэ мызыгъуэгум къазэрыIэрымыхьар щыхьэт хъуфынкIэ мащIэIуэщ уафэ жыжьэу зыкIэлъыплъам и Iэгъуэблагъэм псэ зыIут гуэри щымыIэу къибгъэкIынымкIэ. Сыту жыпIэмэ, япэ дыдэрауэ, хьэршым а и Iэхэлъахэм цIыхухэм ещхьу гупсысэ лъагэ зиIэу щыпсэункIэ хъунухэм къамыгъэсэбэпынкIэри хэлъщ дэ дызэсэжа FM-диапазоным хыхьэ радиосыджхэм хуэдэхэр.
«КъищынэмыщIауэ, мызэкIэ дызыкIэлъыплъа уахэм а и къуапэр нэхъапэхэм зызыхуэдгъазэу щытахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инми, абырэ ар зыхиубыдэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэмрэ, вагъуэ меларди I00-м къыщыщIэдзауэ 400-м нэблагъэ зыхэтымрэ, зэрызэбгъапщэ хъунур псыгуэн къызэрыгуэкIыр здэщыт щIыпIэмрэ ди планетэм и хыпс псоми, зэхэлъхьэжауэ, къызэщIаубыдэ щIыгумрэ я инагъ-цIыкIуагъкIэ зэрызэтемыхуэм хуэдэущ, - щыжеIэр зи гугъу тщIа тхыгъэм ар зи къалэмыпэ къыщIэкIахэм ящыщ астрофизик Тингрей Стивен. - Абы щыгъуэми дэщIыгъужыпхъэщ, нэгъуэщI планетэхэм щыIэу зыхуэдгъэфащэ цивилизацэхэм, зыкъытпащIэн папщIэ, дызыщымыгъуазэ Iэмалхэр къагъэсэбэпынкIэ зэрыхъунури».
АтIэми, вагъуэхэм якIэлъыплъ астрономхэм алъандэрэ къахуэмылъагъуу щыта сигнал цIыкIухэми дяпэкIэ гу лъатэнымкIэ хэкIыпIэфIу къыщIэкIынкIи хэтщ, зи гугъу тщIы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэм къызэралъытэмкIэ, SKA (Square Kilometer Array) зи фIэщыгъэу иджыблагъэ зэпкъралъхьа радиотелескопыщIэри. 
«SKA Iэмэпсымэм дэ Iэмал къыдитыну дыщогугъ вагъуэ зэрыбын абрагъуэхэу иджыри къыздэсым дыздэмыплъысыфахэм къикIынкIэ хъуну техносигнатурэхэм гу ялъыттэн и лъэныкъуэкIэ», - дыщIигъужащ Тингрей Стивен.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: