Хабзэмрэ дауэдапщэхэмрэ

 Адыгэхэм я пщIэ зэIэпыхыкIэр, хабзэ хъужыр, егъэлеяуэ къызыщыхъу щыIэу щытми, китайхэмрэ японхэмрэ яхуэдэу дауэдапщэхэр зи нэрыгъ лъэпкъ гъуэтыгъуейщ. Щапхъэ зимыIэ псори щоуэ. Хабзэ-бзыпхъэхэм я къалэнри гъащIэм дыщылъэпэрэпэным дыкърагъэлынырщ. 
Урысеймрэ Китаймрэ я зэхущытыкIэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу, чын щэнхабзэр нэхъ гунэсу зэдгъэцIыхуну Iэмал къыдэзыт фильмхэр, нэтынхэр, тхыгъэхэр нэхъыбэ мэхъу. Нобэ нэхъ убгъуауэ зи гугъу тщIыну ди мурад китай нысашэхэр тфIэгъэщIэгъуэн щIэхъуар ахэр ди лъэпкъым гуфIэгъуэр зэрыдихым етлъытын папщIэщ. 
 Ди лъэхъэнэм ипэжкIэ щыIа чын пащтыхь лIакъуэхэр щхьэж и чэзум теIэзэщIыхьыжурэ, китайхэм я нысашэм и теплъэм, дауи, зэхъуэкIыныгъэ куэд халъхьащ, итIани, а къэнахэри гъэщIэгъуэнщ уи лъэпкъ гупсысэкIэмрэ Iуэху зехьэкIэмрэ еплъытыну. 
 Пасэ зэманым китайхэм я хьэгъуэлIыгъуэр пщыхьэщхьэу фIэкIа ирагъэкIуэкIыртэкъым. Апхуэдэ щIыкIэу гъащIэ узыншэм и лъабжьэу къалъытэ инь-ян (бзылъхугъэ-хъулъхугъэ къару) зэпэшачэр яхъумэрт. Нобэрей китай нысашэхэм дэпмаскIэкIэ дызэджэ фэр щытепщэу долъагъу. Япэм абы и пIэ итар щIэбзэ плъыжь зиIэ щыгъын фIыцIэт, езы хьэгъуэлIыгъуэри зэрыдахыр нэхъ зэщIэкъуауэт.
 Адыгэхэм «цIыху пхэщIыну фIыкъым» жаIэ хабзэщ зипхъу яшэ лъэныкъуэм хуэгъэзауэ. Ауэ щыхъукIэ, щауэм и унагъуэм щехъуэхъукIэ, «цIыху къыпхэхъуэну фIыщ» жраIэ. Зипхъу дэкIуэ пасэрей китайхэм нысашэм и пэ къихуэ жэщищ-махуищым уэздыгъэр ягъаблэрт, хъыджэбзыр и унагъуэм зэрикIыр ягъейуэ. «Щыгъуэ махуищым» щауэм и унэми щыпащэрт. Мыр дыхьэшхэну къытфIэщI щхьэкIэ, адэ-анэм хуащI пщIэм, хъыджэбзыр абыхэм япэIэщIэ зэрыхъум зэригъэнэщхъейм и дамыгъэ гукъинэжт. Адыгэхэми я нэпс къафIокIуэ хъыджэбзыр и дыщым щикIкIэ. Китай нысащIэр щыщIашкIэ, псори хабзэм тету гъын хуейщ, ауэ щауэм и унэ щихьэкIэ, нэпс къыкъуагъэплъ хъунукъым, пщащэр и лэгъунэм нэсыхукIэ, щIым теувэнкIэ Iэмал иIэкъым, «унагъуэм насыпыншагъэ иримыхьэн папщIэ». 
 ХабзэкIэ дах китай нысашэм дауэдапщэу 6 хэтщ: «щIэупщIэ», «цIэиIуэ», «хъыбарегъащIэ», «егъэблагъэ», «пIалъэет», «нысашэ пежьэ». 
 Лъыхъухэм я тыгъэр хъыджэбзыр зэрыс унагъуэм Iахмэ, я пхъур иратыну арэзыуэ аращи, Iуэхур ублауэ къалъытэ. «ЦIэиIуэ» жыхуаIэр гъэщIэгъуэн дыдэщ: щауэмрэ нысащIэмрэ къыщалъхуа махуэр, мазэр, илъэсыр ятхри, вагъуэхэм хэзыщIыкI астрологым хуагъэхь, а тIур хьэлкIэ зэтехуэн-зэтемыхуэныр зэхагъэкIыну. Абы ныбжьыщIитIым я псалъэ зэблэмыкIыну, я акъыл зэтемыхуэнкIэ хъуну къахуигъэлъагъуэмэ, Iуэхур къагъэувыIэж. Хъун хуэдэу жиIэмэ, адэкIэ «егъэблагъэ» Iыхьэм нос. 
 Абдеж щегъэжьауэ унагъуитIми хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзыр. Нысашэр щекIуэкIыну махуэмкIэ зэгурыIуа нэужь, нысащIэр и унэм къыщIахри, IэкIэ кърахьэкI гуимэм ирагъэтIысхьэ, иужькIэ унагъуэщIэм яхь е яшэ. Адыгэхэм я нысашэм темыхуэу мыбы хэтыр щауэр езыр и щхьэкIэ нысашэм зэрыхэтырщ, щхьэгъусэ хуэхъунур езым зэришэрщ. НысащIэм щхьэтепхъуэ плъыжь телъын хуейщ, «дыщым кIуэж гъуэгур къимыгъуэтыжын папщIэ». 
 Адыгэхэм «жэмхэгъасэ» жыхуаIэ, нысащIэм унэщIэм дэIэпыкъуэгъу щыхуэхъу гъусэм хуэдэ китайхэми яIэщ. Нысашэр щауэм и унэм нэсыху, ар жьауэ зэIуха иIыгъыу, нысащIэм бгъурытщ. 
 Унэм къихьэ нысащIэ цIыкIум пщIэ зэрыхуащIым и нэщэнэу, гуащэ-тхьэмадэр абы куэбжэм деж щыпежьэн хуейщ.
 Дахащэу китай нысашэм хэт дауэдапщэхэм язщ зэрышагъащIэхэм ящI щхьэщищыр. Япэ щхьэщэр Тхьэм хуэгъэзащ, етIуанэр – адэ-анэм, ещанэр – щхьэгъусэм. Зым адрейм зыхуегъазэри, езы тIум я зэхуаку пщIэрэ нэмысрэ зэрыдэлъынум и нэщэнэу, зызэхуагъэщхъ. ИтIанэ нысащIэм щхьэхуэу гуащэ-тхьэмадэм я пащхьэ зыщегъэщхъри, шей Iэнэ яхуещI. Мохэри къохъуэхъури, тыгъэ къыхуащI. НысащIэм тыгъэр занщIэу зыкIэрелъхьэ е щетIагъэри, унагъуэм ис адрей нэхъыжьхэм шей яхузэхещIэ. «Шейри сытым щыщ?» - жызыIэн щыIэщ. Мыбдежым, фи фIэщ фщIы, псы къэкъуэлъа зэрыт кумбыгъэм кIапсэм кIэрыщIа тхылъымпIэ сэмб хащIэу арагъэнкъым. Гъуэтыгъуэ дихуэмэ, китайхэм я шей дауэдапщэми и гугъу тщIынщ. 
 Махуэ ещанэм нысащIэр и лIым и гъусэу, и адэ-анэм якIэлъокIуэ. 
 Нысашэм епха нэщэнэхэм уахэплъэмэ, пщIэ мыхъунухэр куэд мэхъу. Ахэр зэлъытар китаибзэр зэрызекIуэ иероглифхэрщ. Мыхьэнэ Iей къызэрыкI хьэрф зыхэт псалъэхэр ирагъэкIуалIэркъым хьэгъуэлIыгъуэм. Псалъэм папщIэ, нысащIэм щыгъ бостейм жып иIэ хъунукъым, «и дыщым насыпыр иримыхын папщIэ». Вакъэжь плъыгъыу удэкIуэ хъунукъым, Iэмал имыIэу вакъэщIэ лърагъэтIагъэ. НысащIэр щIалэм и вакъэм теувэнри нэщэнэфIкъым. ХьэгъуэлIыгъуэм иужь мазиплIкIэ нысащIэр зэрыхьа унагъуэм фIэкIа, нэгъуэщIыпIэ нэху къыщекI хъунукъым, нэгъуэщIхэм я нысаши я нэщхъеягъуи хагъэхьэркъым. Нысашэр щыдах махуэр егъэлеяуэ хуабэу щытми, жьыхукIэ жьы зыщIрагъэхумэ, «я насыпыр ирахужьэу къалъытэ». 
 Нобэ а псори къызыфIэIуэхуж щыIэгъэнкъым, итIани, апхуэдэ тхыдэ сурэтхэр щхьэпэ мэхъу уи лъэпкъым нобэм къихьэса хабзэр гъащIэм щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъур къыбгурыIуэн папщIэ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: